Гуапэу ягу къагъэкIыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Прези­денту щыта КIуэкIуэ Валерэ къызэралъху-рэ илъэс 85-рэ зэрыхъум теухуауэ ди республикэм и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ фэеплъ дауэдапщэхэр щокIуэкI. 

Ар къыщалъхуа махуэм, жэпуэгъуэм и 18-м, сыхьэтыр 11-м удз гъэгъахэр тралъхьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш ­уни­верситетым и пщIантIэм дэт фэеплъ сы­ным. А еджапIэр къызэрызэIуахрэ - илъэс ­45-рэ, КIуэкIуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ зэхашэну пшыхьыр жэпуэгъуэм и 27-м сыхьэтыр 15-м ЩIалэ­гъуалэм я унэм щекIуэкIынущ. Жэпуэгъуэм и 16 - 19 махуэхэм Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезы-хьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал универси­тетым  и  щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм фэеплъ ­сурэт гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэрагъэпэ­щы­нущ, 
Мы мазэр икIыху курыт школхэм, библиотекэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, музейхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщрахьэ­жьэнущ. Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я ­творчествэмкIэ республикэ унэм видеодерс зэIуха щекIуэкIынущ, страйкболымкIэ щIы­налъэ турнирыр къыщызэIуахынущ ­КъБКъМУ-м, «ЩIыхьымрэ пщIэмрэ къахуигъэщIа цIыху» гъэлъэгъуэныгъэр щыIэнущ Эколого-биологие центрым. 
Жэпуэгъуэм и 15-м КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым щызэхэтащ «КIуэ­кIуэ Валерэ и лъэхъэнэм: мамырыгъэмрэ ­зэгурыIуэныгъэмрэ хъума хъунымкIэ дерс­хэр» зыфIаща щIэныгъэ «стIол хъурейр». 
Шахмат зэпеуэ, дзюдомкIэ, хеккеимкIэ ­турнирхэр, щIэныгъэ-практикэ конференц­хэр, шыгъажэ, зэхьэзэхуэ, акъыл жана­гъкIэ щызэпеуэ джэгукIэхэр, пшыхьхэр, сурэт гъэ­лъэгъуэныгъэхэр, дерс зэIухахэр, концертхэр Налшык къалэми, районхэми щыIэ-          нущ.
Бахъсэн къалэ администрацэм къыдигъэ­кIынущ КIуэкIуэ Валерэ теухуа куэд зэрыт тхылъ щхьэхуэ, ап­хуэ­дэуи Президентым и илъэс 85-м теухуа документальнэ фильм егъэ­хьэзыр. 
Курыт еджапIэхэм линейкэхэр ирагъэ­кIуэкIынущ, къищынэмыщIауэ, а цIыху щэджащэм теухуа дерсхэм, лекцэхэм тхьэмахуэкIэ цIыкIухэр щIагъэдэIунущ. 
Республикэм къыщыдэкI газет нэхъыщ­хьэхэм - «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда»,  «Заман» - я къыдэкIыгъуэр зэрыщыту нобэ траухуащ КIуэкIуэм къикIуа гъащIэ гъуэгуанэмрэ къызэринэкIа лъэужь дахэмрэ, апхуэдэуи телевиденэмрэ радиомрэ абы теу­хуа нэтын гъэщIэгъуэнхэр къитынущ. 

НэщIэпыджэ  Замирэ. 

Поделиться:

Читать также: