И уасэр къы­щыпщIэр

ЦIыхур къыщыпхэмыты-жым дежщ абы и уасэр нэсу къы­щыпщIэр. Зэман нэхъыбэ дэ­кIыхукIэ, нэхъ IупщI мэхъу КIуэ­кIуэ Валерэ ди респуб­ликэм, Урысей Федерацэ псом я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъ­хьэныгъэ иныр. Сэ си насып кърихьэкIащ а цIыху гъуэ­зэ­джэм и гъусэу илъэс 20-м щIигъукIэ сылэжьэну. 

Дызэрыстудентрэ ды­зэ­ры­­цIы­хурт дэ тIур. ИлъэситIкIэ сяужь иту КъБКъУ-м и мэкъу­мэш факультетым ныщIэтIыс-хьа КIуэкIуэ Валерэ адрей и ныбжьэгъухэм куэдкIэ къахэ­щыртэкъым - щIалэ Iэдэбт, щэ­хут, акъылыфIэт, ауэ и ныбжьым хуумыгъэфэщэну гъа-щIэм хищIыкIыу къыпщыхъурт. КъызэгъэпэщакIуэ зэфIэкIхэр      а лъэхъэнэм къызыкъуиха-къым абы. КъызэрысфIэщIымкIэ, а зэчиишхуэр абы къы­щы­хуэкIуар Москва аспирантурэр къыщиухыу, кандидат диссер­тацэри ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIыу лэжьэн щIидза нэужьщ. Ар зи унафэщI ящIауэ щыта ­хозяйствэр езым хуэдэхэм къахэщыртэкъым, арщхьэкIэ зэ­-ман кIэщIым къриубыдэу абы и цIэр фIыкIэ къраIуэу хуежьащ, республикэ бюджетми хэлъ­хьэ­ныгъэфIхэр зэрыхуищIын къаруи иIэ хъуащ. А лъэхъэнэм абы дэлэжьахэм жаIэжырт, хуей ­хъумэ, Валерэ езыр и Iэщхьэ­лъащхьэр дэхьеяуэ гуащIэдэкI лэжьыгъэм хэувэу, тракторым, комбайным тетIысхьэрэ адрейхэм къакIэрымыхуу къалэн игъэ­защIэу зэрыщытар. 
КIуэкIуэм и пщIэр зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ ­лъагэ хъурт. Абы и Iуэху зехьэкIэр къахэщырт армырами уна­фэщI IэкIуэлъакIуэхэмкIэ цIэ­­рыIуэ Аруан куейм и пашэхэм. Партым и щIыпIэ комитетым и унафэщIу щыта Ахъ-мэт Мусэбий и къулыкъукIэ щыд­рагъэкIуэтейм щыгъуэ, абы и пIэм КIуэкIуэ Валерэ зэриу­вэмкIэ мыарэзы абыхэм яхэт-тэкъым. Куэд дэмыкIыу куейр республикэм щыпэрытхэм халъытащ. Шэч хэлътэкъым, абы­кIэ фIыщIэ куэд бгъэдэлът партым и Аруан комитетым и япэ секретарым. 
Iуэху зехьэкIэ пэрыт, цIыху хэ­тыкIэ дахэ зиIэ, жэуаплыныгъэ лъагэ хэлъу Iуэхум бгъэдэт щIалэщIэм къалэн щащI сыт хуэдэ лэжьыгъэри щытхъу пылъу зэригъэзэщIэным ху­щIэкъурт икIи къехъулIэрт. Абы пщIэ къыхуащIырт адрей куейхэм я унафэщIхэми республикэм и пашэхэми. Хуабагъ гуэр хэлъут абы Мэлбахъуэ Тимборэ зэрыхущытри. Зэзэмызэ къемы­хъулIаIами, адэ ущие хуэдэут зэрешхыдэр е зыгуэрым имыгъэзэщIаIамэ, ар КIуэкIуэм пщэ­рылъ хуищIырти, псоми ­къагуригъаIуэрт а Iуэхум къытегъазэ имыIэу зэфIэха зэрыхъунур. Апхуэдэуи хъурт. Языны­къуэхэм жаIэрт Мэлбахъуэм и ныбжьэгъум и къуэм гулъытэ лей хуищIу, ауэ, сэ сызэригугъэмкIэ, а цIыху акъылыфIэм икIи жыжьэрыплъэм КIуэкIуэм бгъэдэлъ зэфIэкIышхуэхэм па­сэу гу лъитауэ къыщIэкIынут. Хи­лъагъукIат абы щIалэщIэм республикэ тхыдэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдынур. 
Зэманыр кIуэрт. 90 гъэхэм ирихьэлIэу гъащIэм зэхъуэ­кIы­ныгъэ инхэр къыхыхьэу хуе­жьащ: политикэмкIи, жыла­гъуэмкIи, къэрал ухуэныгъэмкIи. Елисеевыр Москва ираджэжа нэужь, КIуэкIуэм и пщэ къыдэхуащ партым и обкомым и япэ секретарым и къалэнхэ- ри езыр зыпэрыт КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Тхьэмадэ лэжьыгъэри зэдихьын хуейуэ. СССР-м и Конституцэм и 6-нэ статьяр Iуахыжа нэужь, къэралым зэрыхьзэрийхэм щыщIи­дзащ. Абыхэм яубыдауэ щытащ ди республикэри. КIуэкIуэм псэ­кIэ зыхищIэрт а къэхъукъащIэ псори, ауэ и акъылыфIагъым и хьэтыркIэ дапщэщи хэкIы­пIэфI­хэр къигъуэтыфырт. Апхуэдэу ищIащ а лъэхъэнэми.
Сыт хуэдэ Iуэхушхуэ кърихьэ­жьэми, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым ди Президентым бгъэ­дэлъ зэфIэкI лъагэм. А политик IэкIуэлъакIуэм хулъэкIыну псори наIуэ къыщыхъуащ ар ФедерацэмкIэ Советым и уна­фэ­щIым и къуэдзэу щыхаха лъэ­хъэнэм. ЖыпIэнурамэ, Урысей Ипщэм хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщIхэм ящыщу зи ныбжь­кIэ нэхъ щIалэ дыдэ КIуэ­кIуэм (Ингуш Республикэм и президент Аушев Руслан нэ­мыщI) пщIэшхуэ къыхуащIат. А къулыкъу лъагэм ар щагъэлъэгъуам щыгъуэ, абыкIэ мыарэ- зы яхэмытми ярейт сенаторхэм. 
Лэжьыгъэшхуэ Москва щы­зэ­фIихащ а лъэхъэнэм КIуэкIуэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуэгъэпсат къэрал псом, Урысей Ипщэм, езыр зи унафэщI Къэ­бэрдей-Балъкъэрым я зыузэ­щIы­ныгъэм, ехъулIэныгъэм. 

СЭХЪУ Владимир, 
УФ-м и Къэрал Думэм и Федеральнэ Зэхуэсым и депутату щыта.
2011 гъэ

Поделиться:

Читать также: