ЦIыху гъуэзэджэщ дэ тфIэкIуэдар. А гуауэм и хьэлъагъри, КIуэкIуэ Валерэ ищIа Iуэхухэм я инагъри, абы тхыдэм щигъэзащIэ ролри нэсу щызыхэтщIэнур зэман дэкIа нэужькIэщ. Дигу къэдвэгъэгъэкIыж иужьрей илъэсхэм ди нэгу щIэкIа къомыр, апхуэдэ политик Iущ, лэжьыгъэм и пIалъэ зыщIэ республикэм и Iэтащхьэу щымытамэ, къэхъунур нэгум къыщIэгъэхьэгъуейт.
УФ-м и субъектхэм я Iэтащхьэхэм я зы зэхуэси екIуэкIыртэкъым КIуэкIуэ Валерэ и лэжьыгъэ купщIафIэ хэмылъу. Зэзэмызэххэ иримыхьэлIамэ, абы щыжамыIа, щызэфIамыгъэкIа гуэр къэнауэ къыпщыхъурт.
Сэ ар щызэзгъэцIыхуар республикэм и «Сельхозтехника»-м и унафэщIу, сэ «Нальчикский» совхозым и парт зэгухьэныгъэм сриIэтащхьэу щыщыта лъэхъэнэрщ. Мис абы щыгъуэм къежьащ ди зэдэлэжьэныгъэр. КIуэкIуэр унафэщI гъуэзэджэу зэрыщытым къыщымынэу, зэрыцIыху щыпкъэр къэсщIэну къыщысхуихуар иужькIэщ, партым и Бахъсэн райкомым и япэ секретару сыщыхахарщ. Валерэ абы щыгъуэм партым и обкомым и секретарт, мэкъумэш хозяйствэр и нэIэ щIэтт. Абы и чэнджэщхэр уасэншэт: лэжьыгъэм и пIалъэр зыщIэ IэщIагъэлIым сыт хуэдэ Iуэху гугъуми и хэкIыпIэр къигъуэтыфырт, ар зэфIэха зэрыхъуну Iэмалыр къыбжиIэрт.
Къыхэгъэщыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэхэм газыр щIэшэн зэрыщIадзари, ар хъарзынэу зэрызэфIагъэкIари КIуэкIуэм зэрифIыгъэр, абы и нэIэ щIэту зэрелэжьар.
Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм дежкIэ КIуэкIуэ Валерэ иIэ мыхьэнэр и кIэм нэсу къыщызгурыIуар КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу сыщагъэува лъэхъэнэрщ. Экономикэ и лъэныкъуэкIэ гугъуехь гуэрхэм дыхэтами, адрей щIыналъэхэм цIыхухэр зэрыщыпсэум нэхърэ мынэхъ Iейуэ дыдейхэри зэригъэпсэуным Iэмал къыхуигъуэтыфырт. А зэманым Iуэху мыщхьэпэхэр щекIуэкI Шэшэным, Ингушым, Осетием къаухъуреихь Къэбэрдей-Балъкъэрым хэтыт ахъшэ къыхэзылъхьэнур? Ауэ щыхъукIи, щIыналъэхэм псэукIэр зэтес щыщIыжыныр Iэпэдэгъэлэл ищIат къэралым. ЦIыхухэр нэхъ къулейуэ зэригъэпсэуным иужь итт Президентыр. Абы щыхьэт тохъуэ республикэм къыщалъху ныбжьыщIэхэм я цIэкIэ Сбер-банкым счет къыщызэIухыныр къызэрыхилъхьар.
ЛэжьыгъэкIэ сызэрыпыщIам нэмыщIи, унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэрт. Валерэ и щхьэгъусэ Виолеттэ унэгуащэ къызэрымыкIуэщ: губзыгъэщ, хьэлэлщ, гуапэщ. ИкIи сытым дежи я нэхъ пщафIэ Iэзэри къыхигъэщIэным хуэдэу IэфIу пщафIэрт. Я адэ-анэм щхьэкIэ я щхьэр Iэтауэ псэу сабийт а унагъуэм къыщыхъухэр. Я адэр республикэм и пашэт, и къулыкъумкIэ и закъуэкъым, атIэ и цIыху щIыкIэмкIи апхуэдэт, я анэр унагъуэ жьэгур зэтезыIыгъэ бзылъхугъэ гуапэт.
НэгъуэщIым зэи лей ирихынутэкъым Валерэ. Езым и теп-лъэ уардэм щхьэкIэ гу быдэу къыпщыхъуми, гу пцIанэт, цIыхум игу хэщIу, псом хуэмыдэу сабийхэр зыхуей хуэныкъуэу телевизоркIэ илъэгъуамэ, и нэп-сыр къыфIекIуэрт. Апхуэдэ дыдэуи уи гуауэр къыбдигъэпсынщIэнут, ущыхуэныкъуэхэм деж къыпкIэлъысынут. ЗыгуэркIэ уелъэIуауэ: «зэфIэзгъэкIынщ» жиIамэ, абы шэч къыщIытепхьэжын щыIэтэкъым, Iуэхур и кIэм нигъэсынут. Валерэ щIыуэпсыр фIыуэ илъагъурт, абы и псэр щытыншын щхьэкIэ щакIуэ кIуэрт, ауэ зы псэущхьи еуэфынутэкъым игу щIэмыузу.
ЛэжьыгъэкIэ мыхъуу куэдрэ дызэхуэзэрт Валерэ сэрэ. Ауэ, итIани, ар сигу къызэринэжар Политик Iэзэущ, УнафэщI гумызагъэущ. Дахэу псалъэрт ар. Къэралым щыцIэрыIуэ политикхэр куэдрэ щытхъуу зэхэсхащ КIуэкIуэм: и гупсысэхэм я куууагъымрэ и псалъэм иIэ пщIэм-рэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым. Ар зэи къеджэртэкъым хуагъэхьэзыра къудей къэпсэлъэныгъэм. ЛэжьапIэм щыхунэмысмэ, жэщ псом щысынут ар зригъэзэхуэжу. Къэзыухъуреихь псоми и дзыхь яригъэзырт абы. Ауэ Iуэхур и кIэм нумыгъэсу идэнутэкъым. Къуаншагъэ зылэжьами хуэфащэр лъысырт, ауэ игу Iей къыхуинэтэкъым. Щыуагъэр гъэзэкIуэжынымкIи дэIэпыкъурт.
КIуэкIуэм и тетыгъуэращ КъБР-м и Парламентыр ухуэныр зрихьэлIар. Депутатхэм пщIэшхуэ яхуищIырт, абыхэм щIэх-щIэхыурэ яхуэзэныр пщэрылъ зыщищIыжат. Сыт хуэдэ унафэ къащтэми, езым и еплъыкIэр къигъэлъагъуэрт, икIи куууэ зыщигъэгъуазэрт. Езым жиIэм къытемыхуэIами, едэIуэнут, едауэнут, захуэмэ, арэзы дэхъунут.
Валерэ мыхьэнэшхуэ зритхэм ящыщт егъэджэныгъэ ухуэкIэр икIи республикэм япэ щигъэ-щын хуей унэтIыныгъэхэм яхибжэрт. Ди еджакIуэхэр дуней псом щыцIэрыIуэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэфын хуейуэ къилъытэрт. Егъэджэныгъэм щIэуэ къыхыхьэ технологиехэм я уасэр къыгурыIуэрт абы, икIи ахэр ди республикэ егъэджэныгъэм хэпща зэрыхъуным хущIэкъурт, щIэблэм Iэмал нэхъыбэ яIэн папщIэ.
Интернационалист жыхуаIэхэм хуэдэт КIуэкIуэр. Мыхьэнэшхуэ иритырт гъунэгъу хэгъуэгухэми, Урысейм и щIыналъэ нэхъ жыжьэхэми ядэлэжьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэхэр ещIылIэным. Экономикэ и лъэныкъуэкIэ фейдэшхуэ къыпэмыкIуэми, щIыналъэхэм зэхущытыкIэфIхэр я зэхуаку къызэрыдэхъуэм мыхьэнэ иритырт.
Валерэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я парламент ассоциа-цэ къызэгъэпэщыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар. Абы и зэIущIэхэм республикэхэм я Президентхэр, Правительствэхэм я унафэщIхэр щызэхуэсырти, зэкъуэш щIыналъищым я зэхуэдэ гугъуехьхэм я хэкIыпIэ хъунум щытепсэлъыхьырт.
Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIыр лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэрт. А Iуэхум гулъытэшхуэ хуищIырт абы, икIи зым и лъэпкъ зэхэщIыкIми зэрыжьэхэмыуэным иужь итт. 1991 - 1993 гъэхэм абы къигъэлъэгъуа Iущагъымрэ шыIэныгъэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. А Iуэхур зи нэгу щIэкIахэр иджыпсту щегупсысыжкIэ, мыхьэнэшхуэ имыIэу къащохъу. Ауэ абы щыгъуэм хуабжьу узыгъэгузавэт. Мис абы щыгъуэм КIуэкIуэм къызыкъуи- ха шыIэныгъэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ, тегушхуэныгъэмрэ ткIиягъымрэ фIы куэд къихьащ.
А лъэхъэнэм зэрызыкъигъэлъэгъуам и Iулыджыр иIэтауэ къысщохъу КIуэкIуэ Валерэ. Ар политик Iэзэу щымытамэ, ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым и къуэдзэ къулыкъур къылъагъэсыну къыщIэкIынтэкъым.
НЭХУЩ Заурбий.
КъБР-м и Парламентым и унафэщIу щыта