ЛэжьакIуэбэр гукIи псэкIи пэгъунэгъутДэтхэнэ цIыхум и дежкIи унафэ IэщIэплъхьэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ, и зэпIэзэрытыгъэр къэпщыта зэрыхъу Iуэхущ, сыту жыпIэмэ апхуэдэ щытыкIэм къыпIэщIилъхьэ хуитыныгъэхэмрэ къыпхузыкъуих Iэмалхэмрэ куэд мэхъури. УнафэщIу ущыткIэрэ, зэуэ зыкъом пхуигъэкIуэтынущ, ебудыхыфынущ, апхуэдэ дыдэуи уи фIыгъэкIэ дэтхэнэ цIыхури пхуэIэтынущ. Унафэр зыIэщIалъхьэхэм ящыщу зэпIэзэрыту къэнэжыфыр цIыхугъэ лъагэ, псэ къабзэ зиIэ цIыху пэжхэрщ. КIуэкIуэ Валерэ ящыщт зигукIэ, зи псэкIэ, зи дуней еплъыкIэкIэ, хьэл-щэнкIэ цIыху лъагэхэм. Абы и зэфIэкI псори зыхуэунэтIари и унафэм щIэт щIыналъэм и пщIэр нэхъри къызэриIэтынырт, ар социальнэ, экономикэ унэтIыныгъэхэмкIэ нэхъ лъэщ щIынырт. КъБР-м и Президенту, УФ-м и Къэрал Думэм ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэу щыту, иIыгъ къулыкъум и мыхьэнэм елъытауэ хэкум щыетхуанэ цIыхуу, итIани, КIуэкIуэр къэнэжырт цIыхубэм псэкIэ япэгъунэгъу, абы и гурылъ-гурыщIэхэри гурыгъузхэри зыхэзыщIэ икIи къызыгурыIуэ цIыхуу. ГЕККИЕВ Заур,
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




