Зыужьыныгъэм и къежьапIэр и фIыщIэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ­мэ­къу­мэш университетым дыгъуасэ щекIуэкIащ КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ къызэралъху­рэ илъэс 85-рэ зэрырикъум ирагъэ­хьэлIа дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференц ин. Ар теухуауэ щытащ 2026 гъэм мэкъумэш IэнатIэм и зыу­жьыныгъэр здынэсам, къэкIыгъэхэр ди республикэм зэрыщагъэкIым, гъавэм, пхъэщхьэмыщхьэм зэрыщелэ­жьымрэ зэрахъумэмрэ. 

Зэхуэсыр къызэIуихащ икIи иригъэ­кIуэкIащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, доцент, КъБКъМУ-м егъэджэ­ныгъэ лэжьыгъэмрэ цифровизацэмкIэ проректор Бер Джульеттэ. 
- Мы Iуэхур дэ тедухуащ зи цIэр ­къыгуэхыпIэ имыIэу ди республикэм и иджырей тхыдэм епха, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ. Ар республикэм и унафэщI къулыкъум щытеувам, къэралым и зэхэзэрыхьыгъуэт, Кав­каз Ищхъэрэр гугъуехьхэм хэтт. Ди уна­­фэщIым бгъэдэлъа акъылым, шы­Iэныгъэм, тегушхуэныгъэм, пщIэм, Iу­лыджым, гупсысэкIэм я фIыгъэкIэ ди щIыналъэм мамырыгъэр щыхъума ­хъуащ, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр щы­зэтраублащ, зыужьыныгъэм хуэкIуэ ­лъагъуэр щыпхашащ. КIуэкIуэ Валерэ     и цIэм быдэу епхащ мэкъумэш Iэна­тIэм и зыужьыныгъэр, республикэм и жылэхэм газыр лъэгъэIэсыныр, туриз­мэм нэхъри зегъэубгъуныр. Нэхъ хэкъузауэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ КIуэкIуэ Валерэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и нэIэ зэ­рытригъэтар. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт икIи цIыхубэм я деж нихьэсырт республикэм и зыужьыныгъэр зэлъытар абы и щIым телэжьыхьхэр зэрыарар. Дэ дрогушхуэ ди университетым КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зэрызэрихьэм, - жиIащ Бер Джульеттэ. 
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Езауэ Ан-зор къыщыпсалъэм къыхигъэщащ екIуэкI Iуэхур щIэныгъэ конференц ­къудейуэ зэрыщымытыр, апхуэдэ щIы­кIэкIэ ди республикэм дежкIэ зи цIэм мыхьэнэшхуэ иIэ КIуэкIуэ Валерэ и фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIыр, абы ­кърихьэжьа Iуэхухэм ноби зэрыпащэр. Министрыр тепсэлъыхьащ КIуэкIуэм и лъэхъэнэм, къэралым щекIуэкI зэхъуэ­кIыныгъэхэм я зэранкIэ, еджапIэ нэхъыщхьэ куэдыр щызэхуащIыжым, ­мэкъумэш университетым и бжэхэр зэIу­хауэ къэнэным а лIы щэджащэм къа­руушхуэ зэрыхилъхьар, адэкIэ лэжьэн папщIэ лъэкI къызэримыгъэнар. «Мыбдеж щIэс куэдым ящIэж а лъэхъэнэр. Сыхуейщ а зэманым еджапIэм хабзэ хуэхъуахэм темыкIыу, хагъахъуэ зэпыту нобэ лажьэ егъэджакIуэ-профессор гупым фIыщIэ яхуэсщIыну, егъэджэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмрэ нэхъри ипэкIэ гъэкIуэтэным я къару щы­мыс­хьу зэ­релэжьым папщIэ. Си фIэщ мэхъу нобэ екIуэкI конференцми, дяпэкIэ фи лэ­жьыгъэм лъабжьэ хуэхъун куэд утыку къызэрыщрахьэнур», - жиIащ Езауэм. 
Абхъазым, Къэзахъстаным, Беларусым, Азербайджаным, Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIэ­ныгъэлIхэр видеозэпыщIэныгъэкIэ хэтащ конференцыр къыщызэIуахым. Апхуэдэу Абхъаз къэрал университе­-тым и ректор Гварамие Алеко зэхуэсым хэтхэм зэрызахуигъазэм къеджащ АКъУ-м и проректор, философие щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор Гвинджинин Максим. Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ лъэпкъ академием и академик, Къэзахъста­ным Iэщ гъэхъунымрэ жыг гъэкIынымкIэ и Ипщэ-КъухьэпIэ щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым щIэныгъэмкIэ и уна­фэщI Аширбеков Мухътар, Урысейм ЩIэ­ныгъэхэмкIэ и академием и академик Сычев Виктор, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Iэщым я шхынымрэ щIы зытелэжьыхьыр хъу­мэнымкIэ федеральнэ щIэныгъэ цент­рым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Сорокопудов Владимир, мэкъумэш щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат, Мейкъуапэ          дэт Къэрал технологие университетым ­Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и щIэныгъэ къэ­хутакIуэ институтым и унафэщI Хьэт­къуэ Казбек, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Дагъыстэн Респуб­ликэм и федеральнэ мэкъумэш щIэ­ныгъэ центрым и унафэщIым и къуэ-дзэ Магомедовэ Дианэ сымэ, нэ­гъуэщIхэми къызэхуэсахэм зыщы­хуа­гъа­зэм жаIащ КIуэкIуэ Валерэ Къэ­­бэрдей-Балъкъэр Республикэм зэ­рыщыту, абы и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, мэкъумэш IэнатIэм заужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIар, ап­хуэдэуи хамэ къэралхэм, хэгъэгухэм дэ­лэжьэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэгу­рыIуэныгъэхэр къызэрехъулIар. 
Пэублэ нэужьым къэпсэлъахэм къыхагъэщащ КъБР-м и япэ Президентыр политик лъэрызехьэу, цIыхушхуэу зэры­щытар, нобэ республикэр здынэса зыу­жьыныгъэм, мэкъумэш IэнатIэм и Iуэху зэрыдэкIым, жыг хадэ гъэкIыным, нэ­гъуэщI лъэныкъуэ куэдми КIуэкIуэм и псалъэмрэ IуэхущIафэхэмрэ лъабжьэ зэрыхуэхъуар. 
Шэджагъуэ нэужьым конференцым къыпищащ. Агрономием, жыг гъэ­кIы­кIынымрэ мэракIуэхэмрэ къехьэ­лIэ­жыным, мэкъумэш IэнатIэм къыщыщIагъэкIхэмрэ щагъэкIхэмрэ зэрелэжь щIы­кIэм, мы IэнатIэр зыIууэ гугъуехь­хэм ятеухуауэ гупу загуэшри, щIэныгъэлIхэр лэжьащ. 
НэщIэпыджэ Замирэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться:

Читать также: