ГукъэкIыжхэм япэлъэщыгъуейщ

Куэдрэ яужь сихьащ КIуэ­кIуэ Валерэ теухуа гукъэ­кIыжхэр стхыну, ауэ иджыри къэс зыри къикIыртэкъым... Иджы ар къызэрытхэмы­ты­жым кърикIуэ гурыщIэ­хэм­рэ гупсысэхэмрэ куэд мэхъури, къалэмыр къэзмыщтэу схуэ­шэчынукъым. А цIыху гъуэ­зэджэр зэрыщы­мыIэ­жым гум­ тридза уIэгъэр куэд­рэ хъужынукъым, абы къыхэкIыуи гукъэкIыжхэри зэхуэхьэсыгъуейщ. 

Си гъащIэм и Iыхьэ ща­нэм – илъэс тIощIым нэблагъэм – сыдэлэжьащ сэ КIуэ­кIуэ Валерэ. Абы и фэеплъым си пащхьэм къригъэувэ къалэныр нэхъ куущ а гукъэ­кIыжхэм нэхърэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а илъэсхэм ар си дежкIэ ауэ лэжьэгъу къудейуэ мыхъуу, гъа­щIэм къы­щыс­щ­хьэпэжын дерс куэд къызэзыт егъэджа­кIуэфIу къысхущытащ. 
КIуэкIуэмрэ сэрэ 1987 гъэм дызэрыцIыхуащ. Сэ а зэма­ным партым и Налшык къалэ комитетым и япэ секретару сыхахат. Езыр КПСС-м и обкомым мэкъумэш IэнатIэмкIэ и секретару лажьэрт. А зэманым куэдрэ дызэрихьэлIэртэкъым, дызэ­рызэхуэзэри лэ­жьыгъэ IуэхукIэт. Зэгуры­Iуэ­ны­гъэ ди зэхуаку дэлът, ды­щIалэт, ди къару илъыгъуэт. 
 Куэд дэмыкIыу КIуэкIуэр хахащ партым и етIуанэ секретару, иужьыIуэкIэ япэ секретару, итIанэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу. Абдежым къыщыщIэдзауэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ды-зэ­хуэзэт, зэгъусэу дызэлэжь Iуэ­ху­гъуэхэри кIуэ пэтми нэхъыбэ хъурт. 80 гъэхэм лэжьахэм нэхъыфIу къагурыIуэнущ зи ­гу­гъу сщIы лъэхъэнэр: плъа­гъуу­рэ зэхэкъутэ къэрал мэ­къу­мэш ­IэнатIэр къызэ­редгъэ­лыным яужь дитт.
 Дыкъызыщыхута щытыкIэр уи нэгу къыщIэбгъэхьэн къудей­ри хьэлъэт: ерыскъыр, хьэпшыпхэр талонкIэ гуэшын хабзэр ди гъащIэм хэпщIа ­хъуат, тыкуэн нэщIхэм цIы­хухэр щызэблэурт, политикэми мыгурыIуэгъуэ куэд хэлът.
 А зэман мытыншым зэхэтащ партым и обкомым и бюром и зимычэзу зэхуэсыгъуэр. КIуэ­кIуэм абы къыщыхигъэщащ екIуэкI Iуэхугъуэхэм къагъэув къалэн нэхъыщхьэу щытыр – е партыр, е Советхэр къыхэхын. Езым къыхихар рес­публикэм и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщI къулыкъурщ. Дэри, горкомхэм, райкомхэм я секретархэр абы дыкъыхуриджащ. Ауэ сэ парт лэжьыгъэр къызэрызмыгъэ­нэнур къезгъэщIащ. 
Тэлай дэкIауэ, 1991 гъэм республикэм и Президент хэ­хыныгъэхэм хэтыну мурад щищIам, Валерэ зыкъысхуигъэзауэ щытащ мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «Уэ купщIэ уиIэщ! Сэ сыбдэ­лэжьэну сыхуейщ», - жиIэри.
Псори дызэрыщыгъуазэщи, екIуэкIа хэхыныгъэхэм КIуэ­кIуэ Валерэ Президенту, сэ вице-президенту дыхахат. Абы щыгъуэм дэ ди пщIы­хьэпIи къы­хэхуэртэкъым ди къэралыр зэхъуэкIыныгъэ хьэ­лъэхэм я пащхьэм къиху­тэну. А лъэхъэнэр зэрыхьэ­лъам тхыдэджхэр нэхъ IупщIу тетхыхьыжынщ. Дэ жэщи махуи жыхуаIэу дылэжьащ, республикэщIэ дыухуэу. 
1992 гъэм и фокIадэ мазэм щIидзэри, цIыхухэм я зэпэ­щIэувэныгъэшхуэ Советхэм я Унэм деж махуипщIкIэ ще­кIуэкIащ. Япэу хаха Президентыр и IэнатIэм пэрыувэным зэран хуэ­хъун мурадкIэ зэхаублауэ арат ар. КIуэкIуэм абы щыгъуэ хузэфIэкIынут езым лъэны­къуэ зригъэзу, цIыху губжьахэр гъэсабырыныр нэгъуэщIхэм я пщэ ирилъхьэну. Ауэ, абдежым къыщигъэлъэгъуэщ ар зэрыполитик IэкIуэ­лъакIуэр. 
Зи гугъу сщIыж махуэ пIейтейхэм Правительствэм и Унэр хъуат республикэм и унафэщI­хэмрэ Мэзкуу къикIа дзэпщ­хэмрэ я штаб. Махуэ ебланэм штабым унафэ къищтащ зэпэ­щIэтыныгъэр къарукIэ ягъэу­жьыхыну. Унафэм КIуэ­кIуэ Валерэ Iэ щIидзын ­хуейт. А дакъикъэм абы и гущIэм щекIуэкIа псор и нэгум иплъагъуэрт, икIи абы гу лъы­зытахэм зэи ящыгъупщэжынкъым а теплъэгъуэр. НапIэ­зыпIэм и нэгур мывэм хуэдэу жат, псэлъэн щIидзэри, и псалъэхэм я къарур псоми зы­хащIат: «Абдежым щызэ­хэтыр си цIыхубэщ, зыми хуэздэнкъым абыхэм фочыпэ ятригъэпсэну». 
ЗэпэщIэтыныгъэр зауэ-банэ къыхэмыхуэу зэфIэкIащ. КIуэ­кIуэм къигъэлъэгъуащ и псалъэр зэрыкIуэцIригъэкIыфыр, шыIэныгъэрэ гъэгъуныгъэрэ зэрыхэлъыр. 
КIуэкIуэм хэлъа нэгъуэщI хьэл-щэныфIхэми я гугъу сщIы­ну сыхуейт. Ар зэхуэдэу яхущытт лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэм. Абы зэи щыгъупщэртэкъым рес­публикэм лъэпкъ куэд зэрыщызэдэпсэур. Ар цIыху­хэм фIыуэ къагурыIуэрт, ­ялъагъурт, абы къыхэкIыуи цIыху­бэм и пашэм хуэфащэ пщIэ къыхуащIырт.
 КъБР-м и Президент IэнатIэм КIуэкIуэм къыщигъэлъэгъуащ политикэ зэчий ин зэ­рыбгъэдэлъыр. ЦIыху щхьэ­хуэхэр зыгъэпIейтейхэр абы къэралпсо Iуэхум хуигъадэрт, дэтхэнэми хэкIыпIэ пэж къа­хуигъуэту. Абы къыхэкIыуи Кавказ псом КIуэкIуэр щалъытэрт цIыхубэм я пашэу. 
КIуэкIуэ Валерэ гъунэгъу ды­дэу сыдэлэжьащ илъэс пщы­кIутхум щIигъукIэ. ГъащIэм сы­хуэарэзыщ апхуэдэ цIыху ­гъуэзэджэм сызэрыхуишамкIэ. Дяку дэлъащ нэгъэсауэ цIыхухъу зэныбжьэгъугъэр, ди хъуэпсапIэхэр зэтехуэрт, ахэр зэрызыIэрыдгъэ­хьэн Iэмалхэр зэгъусэу къэ­тхутэрт. 
КIуэкIуэр зыпэрыта IэнатIэм псэухукIэ хуэпэжу лэжьащ. Зихъумэжакъым, ар хузэфIэкIын пэтрэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар иджы къытхэтыжкъым, ауэ и псалъэхэр, и IуэхущIафэ дахэхэр ди тхыдэм лъэужьыншэ щыхъуакъым. 

ГУБИН Геннадий,
КъБР-м и вице-президенту, Правительствэм и УнафэщIу щыта.

Поделиться:

Читать также: