СыкъыдэгъуэгурыкIуащ илъэс плIыщIкIэ

Университетыр къэдуха нэужь, КIуэкIуэ Валерэрэ сэрэ зэманкIэ дыщы­зэдэ­лэ­жьащ зы унэм, ар республикэм МэкъумэшымкIэ и министерствэм щыIэу, сэ комсомолым и об­комым сыщIэсу. ИужькIэ илъэс куэдкIэ зэдетхьэкIащ парт лэжьыгъи къэрал къулыкъуи. ФIыуэ сощIэж ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щы­щытам игъэлъэгъуа Iуэху зэ­фIэхыкIэри Iущагъри. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, КIуэ­кIуэм ар ирихьэкIырт жэ­уап­лыныгъэ ин зыхищIэу, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу. 

Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и аспирантурэр къиу­хыу щалъхуа щIыналъэм къэзыгъэзэжа щIалэщIэр Аруан райо­ным хыхьэ жылэхэм ящыщ зым щызэхэт хозяйствэм и пашэу ягъуват. Зэман кIэщIым къриубыдэу КIуэкIуэм а IэнатIэр ищIащ езым хуэдэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ ефIэкI. КъыкIэлъыкIуэу Валерэ хахауэ щытащ партым и Аруан райкомым и япэ секретару. Сэ абы щыгъуэ КПСС-м и обкомым секретару сыщыIэти, фIыуэ сы­щы­гъуазэт КIуэкIуэр зи пашэ парт зэгухьэныгъэм лэжьыгъэр зэ­ры­ще­кIуэкIым. Iуэхугъуэ хьэлэ­мэт­хэм, купщIафIэхэм я жэр­дэмщIакIуэу икIи къызэгъэпэщакIуэу щыту, а лъэхъэнэми абы зыкъигъэлъэ­гъуащ лэжьыгъэм хуэIэкIуэ­лъакIуэ унафэщIу, мурадыщIэмрэ Iуэ­ху зехьэкIэщIэ мардэхэмрэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу. Апхуэдэ дыдэу КIуэкIуэр щы­лэжьащ «Мэкъумэштехникэ» зэ­гухьэныгъэми. Республикэм и хозяйствэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр гъэбы­дэным Валерэ зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ абы щыгъуэ. 
А лъэхъэнэм дэ зэгъунэгъууи дыпсэуащ. Зы унагъуэшхуэм хуэ­дэу дызэхэсащ, шыгъу-пIас­тэ­кIэ ды­зэпэIэбэу, гуапагъэрэ лъагъу­ныгъэрэ ди зэхуаку дэлъу. Апхуэдэ зэхущытыкIэ дахэ ди зэхуаку дэ­лъащ, КIуэкIуэ Валерэ КПСС-м и обкомым и секретарь, иужькIэ япэ секретарь щыхъуам щыгъуи. Сэ Афганистаным сы­кIуэн хуей щыхъуам щыгъуэ, Валерэрэ Виолет­тэрэ я нэIэм щIэтащ си унагъуэр. 
КПСС-м и обкомым и япэ секретару КIуэкIуэ Валерэ щыхаха лъэхъэнэри хуабжьу гугъут икIи хьэлъэт ди щIыналъэм и дежкIэ. Зэман дэкIри, ар и пашэ хъуащ республикэм и Совет Нэхъыщхьэми. Конституцэм и 6-нэ статьяр (КПСС-м совет къэралым щиIа мыхьэнэр езыгъэкIуэтэкIт ар) Iуа­хын хуей щыхъум, а зырат хэ­кIыпIэу щыIэр: партым иIыгъа унафэмрэ Советхэм яIэ къарумрэ зы щIыныр. Зэман хьэлъэт ар, итIани, дэ тхулъэкIащ ди щIыналъэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэ-ныгъэмрэ щытхъумэн, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Уна­фэщI щыпкъэ КIуэкIуэ Валерэ и жыIэм дытету. 
КIуэкIуэ Валерэ къэрал къулыкъущIэу, политик лъэрызехьэу зэрыщытам и гугъу щыпщIкIэ, уте­мыпсэлъыхьу къыпхуэгъэнэнукъым абы цIыхугъэу хэлъам. Зы­хуэбгъадэ хъун щымыIэу абы къехъулIэрт Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ къэзылъагъухэм, и ныбжьэгъухэм я бжыгъэр хэгъэхъуэныр. Ди къэралым и сыт хуэдэ щIыналъэми щыбгъуэтынущ КIуэкIуэ Валерэ зыцIыхуу щыта, абы ноби пщIэ къыхуэзыщI. и цIэ къудейм «къызэIуихырт» кабинетыш­хуэ куэ­­дым я бжэхэр, абы и хьэтыркIэ зэ­фIахырт республикэм къы­хуэщхьэ­пэн Iуэхухэр.
Сэ сыт щыгъуи згъэщIагъуэр лэ­жьыгъэм хуиIэ жыджэрагъым­рэ Iуэхум щыпэрытым езэши еши зэ­римыщIэмрэт. Абы и Iущагъыр­, и акъыл гъэпсыкIэр, и гупсысэ гъэ­хуар, уеблэмэ ар къызэриIуатэ щIы­кIэр ягъэщIагъуэрт псэлъакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэми.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ кIуэ­кIуэм хэлъа хьэлхэм ящыщу мыри. Валерэ ныбжьэгъухэмкIэ гумащIэт, къыдэлажьэхэр и гулъытэ щигъащIэртэкъым, абы­хэм я гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри ядигуэ­шыфырт. Абы и щапхъэу къэсхьыну сыхуейщ мы Iуэху­гъуэр. ­КПСС-м и 28-нэ съездыр екIуэкIыу,  обко­мым и япэ секретару абы щыгъуэ щыта Елисеев Александр къытехуэри сымаджэ­щым яшат. КъыкIэ­лъыкIуэ махуэм ар хэтын хуейт партым и Къэп­щы­такIуэ комиссэм и пленумым. Елисеевыр ягъэлъэгъуат абы и Уна­фэщIым и къуэдзэу хахыну. КIуэ­кIуэм и фIыгъэкIэ ап­хуэдэуи ­хъуащ: езы Елисеевыр зэ­хуэсым къы­зэры­мыкIуэфам щхьэ­кIэ къэ­мынэу, а къулыкъум трагъэувауэ щытащ. 
СощIэж Астрахань областым и губернатор Гужвин Анатолэ и хьэ­дэщIэлъхьэм дызэрыкIуауэ щы­тар. Гъуэгум дытетыху жиIэ щIа­гъуэ щымыIэу, и гупсысэхэм зэры­хэтыр нэрылъагъуу дыкIуащ. Ауэ дынэсу дунейм ехыжар зыщIэлъ залышхуэм дыщы­щIы­хьам, КIуэ­кIуэм и нэпсхэр къы­фIежэхащ. И лъакъуэхэр къызэреузым щхьэкIи къимыгъанэу, хуабэр градус 30-м зэрыщIигъу­ми емыплъу, ар Астрахань и уэ­рамхэм ирикIуащ, иужь­рей гъуэгуанэ техьа и ныбжьэгъум кIэ­лъыкIуатэу.
Сэ жысIэфынущ КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр хэкулI нэсу, цIыху Iущу зэрыщытар, республикэр зыхэхуа гугъуехьым къыхи­шыным теухуауэ ­ху­зэфIэкI къы­зэ­римыгъэнар, цIы­ху­бэм я къэ­кIуэ­нумкIэ жэуаплыныгъэ ин и пщэ ­зэ­ры­дэлъыр и псэр пытыху зэ­ры­­щымыгъупщар.
Шэч хэлъкъым Къэбэрдей-­Балъкъэрым и иджырей тхыдэм КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Ва­лерэ Мухьэмэд и цIэри и Iуэ­хущIа­фэхэри зэрыхатхам. Ар мамырщIэкъут, лъэпкъ зэгуры­Iуэм­рэ зыужьыныгъэмрэ я телъхьэт, ди лъахэр ефIэкIуэным зэфIэ­кIыуи акъылуи иIэр ирихьэлIэрт. Аращ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир щIыжиIар: «КIуэ­кIуэ Валерэ и гъащIэ псор тыхь хуищIащ и лъэпкъым къу­лыкъу пэж хуищIэным, урысей къэралыгъуэр гъэбыдэным». Абы и псалъэхэм пищэу, Осетие Ищхъэрэм и Президенту щыта Дзасохов Александр къыхигъэщат: «КIуэкIуэ Валерэ зи пса­лъэм­рэ Iуэхумрэ зэтехуэ, ахэр Урысейм и зэ­къуэтыныгъэм хуэ­зы­гъэлэжьа, ди къэралым хуэ­фэщэн увыпIэ дуней псом щи­Iэ­ным хуэзыгъэпса политик Iущт». 
Илъэс Iэджэ иджыри блэкIынущ, нэгъуэщI щIэблэхэр къы­дэ­кIуэтеинущ, ауэ сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу ди республикэм зе­гъэу­жьыным, абы и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ КIуэкIуэ Валерэ хузэфIэкIар абы­хэм я гъуазэу къызэрыгъуэгуры­кIуэнур. Нобэ ар къытхэ­мытыжми, шэч хэлъкъым, хуабжьу щыгуфIыкIынут фIыуэ илъагъу республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур дгъэлъэ­пIэну зэ­ры­зыхуэдгъэхьэзырым, ирипэ­гэ­нут и къуэ закъуэ Казбек ди щIыналъэр зыужьыныгъэм зэрыхуишэми, зыузэщIыныгъэм, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм и гъуэгум тету.
ЗУМАКУЛОВ Борис,
КъБР-м ЦIыхум 
и хуитыныгъэхэмкIэ 
уполномоченнэ,
тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор

Поделиться:

Читать также: