ЩIэин лъапIэ

КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэр, шэч хэмылъу, республикэм и тхыдэм и лъэхъэнэ псо ­мэхъу. УнафэщI щыпкъэм, по­литик жыжьэрыплъэм, цIы­ху акъы­лыфIэм Iуэху зе­хьэ­кIэу, дуней еплъыкIэу иIар къытщIэхъуэ щIэблэм я щIэин лъапIэщ. 
Дигу къэдвгъэгъэкIыж 1992 гъэм и бжьыхьэр, Советхэм я Унэм и гупэм къит утыш­хуэм цIыхубэм щрагъэкIуэкIа пэ­кIур. Абы щыгъуэм КIуэ­кIуэм къыжраIэрт, ар арэ­зымэ, дакъикIэ 20-м къриубыдэу утыр зыгъэкъэбзэфын къару зэ­рыщыIэр. ­КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Уна­фэщIу а зэманым щыт КIуэ­кIуэ Валерэ идакъым лъыгъа­жэр зэхиуб­лэн. Абы зэрыжиIамкIэ, япэ­рауэ, и цIыхубэм IэщэкIэ япэувынукъым, етIуанэрауэ, цIы­хухэм епсэлъэн хуейуэ аращ, армыхъумэ езэ­уэн хуейкъым. 
Апхуэдэ акъылышхуэ къы­лъыкъуэкIащ а зэманым республикэм и унафэщIым. Нэ­гъуэщI унафэ щыIатэмэ, хэт ищIэрэт абы къикIыну бэ­лыхьхэр сыт хуэдэми. А махуэм абы ича лъэбакъуэмкIэ цIы­хубэм я дзыхьыр аргуэру къилэжьащ. А лъэбакъуэращ абы и политикэ гъащIэр кIыхь, куп­щIафIэ зыщIар, жыла­гъуэм­ я пщIэрэ щIыхьрэ къы­хуэзыхьар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу Урысей Федерацэм хы­хьэ адрей щIыналъэхэм IуэхукIэ кIуэ лIыкIуэ гупхэм мызэ-мытIэу сахэтащ. А щIыпIэхэм сэ си нэгу щIэкIырт ди уна­фэщIым адрейхэм къыхуаIэ щытыкIэр, къыхуащI пщIэ ­лъагэр. Апхуэдэхэм деж ди щхьэр нэхъ лъагэу тлъа­гъужырт, ди республикэмкIэ, абы и ПрезидентымкIэ дыгуш­хуэрт. Дауи, ди щIыналъэм и зыужьыкIэми ныкъусаныгъэ, щыщIэныгъэ гуэрхэри иIэт - апхуэмыдэу ­хъуркъым. ИтIани, зыми хужы­Iэнукъым а лъэхъэнэм ди щIыналъэм зэпIэ­зэрытыныгъэр, мамырыгъэр  щытепщэу зэры­щытам КIуэ­кIуэ Валерэ и фIыгъэшхуэ хэ­мылъауэ. 

ФЕДЧЕНКЭ Людмилэ,
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм
и къуэдзэ.

Поделиться:

Читать также: