Ди щIыналъэм мы махуэхэм щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту, политик Iущу, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр (1941-2005) къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъур. Къэрал лэжьакIуэшхуэу, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIа КIуэкIуэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ ди газетеджэхэм ядогуашэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м гъуэгу хозяйствэмкIэ, транспортымрэ связымкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа Сунш Ануарбий Абубэ и къуэр.
«Иджыри «Нальчикдорстройматериалы» заводым и унафэщIу сылажьэу, 2000 гъэм и дыгъэгъазэм КъБР-м икI гупым сахэту сэри сыкIуат гъуэгуухуэхэм я урысейпсо зэхуэсу Саратов щекIуэкIам. Мис абы щыгъуэм япэу слъагъуну къысхуихуащ КъБР-м и Президентыр зэрылэжьэн хуей хъу щIыкIэр.
Зы махуэм къриубыдэу ар зэхуэсым хэтащ, Волгэ тралъхьа лъэмыжыр къыщызэIуахым ирагъэблэгъащ, Саратов зэрыщыIэр къигъэсэбэпри, троллейбусхэр щащI заводым кIуащ, абдежи зэпсэлъэныгъэ щригъэкIуэкIащ а машинэхэм хуэдэ республикэм къищэхуным теухуауэ. Апхуэдэуи а лъэхъэнэм УФ-м и Правительствэм и унафэщIу щыта Касьянов Михаил я гъусэу Саратов областым и губернатор Аяцков Дмитрийрэ КIуэкIуэ Валерэрэ зэныбжьэгъугъэмрэ экономикэ зэдэлэжьэныгъэмрэ теухуауэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Апхуэдиз Iуэху щызэфIигъэкIа махуэу Президентым и гъащIэм хэтыр закъуэтIакъуэу къысщыхъуат а махуэм. Ауэ иужькIэ къызгурыIуащ, ар республикэм и Iэтащхьэм къызэрыгуэкI и махуэхэм ящыщу зэрыщытар. Зы дакъикъэм и уасэр къыгурыIуэрт абы, ар купщIафIэ ищIырт, зыгъэпсэхуным зы сыхьэти хухихыртэкъым.
Республикэм и районхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэрти, набдзэгубдзаплъэу къызэхиплъыхьырт, къуажэ амбулаторэ ирехъу, лъэпкъ музей ирехъу, спорт школу щрет – абыхэм я щытыкIэм и закъуэтэкъым зызыщигъэгъуазэр, атIэ цIыхухэм я гукъыдэжыр зыхуэдэр зригъащIэрт. ГъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми хуэнабдзэгубдзаплъэт Валерэ, экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ унэтIыныгъэхэр къипщытэрти, цIыхухэми гупсэхуу епсэлъэфырт.
Абы и къэпсэлъэныгъэхэр зэи игъэхьэзырыртэкъым, ауэ сытым дежи Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ псалъэмакъ хъурт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы фIыуэ хищIыкIырт республикэм щыIэ IэнатIэ псоми. Абы къищынэмыщIауэ ар хуабжьу жыжьаплъэт, адрейхэм къахуэмылъагъу куэдым гу лъитэрт, икIи IэщIагъэлI ахъырзэманым хуэдэу Iуэхур зэпкърихырт.
Апхуэдэуи гъуэгу хозяйствэм фIы дыдэу хищIыкIырт, дэнэ къыщыпсалъэми, хэкIыпIэфIхэр утыку къыщрихьэрт. XXI лIэщIыгъуэм декIу гъуэгухэр ухуэн зэрыхуейри, цIыхухэр къезышэкI транспортыр зэманым декIуу зэрыщытыпхъэри, хьэлъэ къезышэкIхэми я Iуэхур тэрэзу къызэрызэгъэпэщыпхъэри япэ иригъэщхэм ящыщт.
КIуэкIуэ Валерэ и дэтхэнэ зы Iуплъэгъуэми мыхьэнэ гуэр иIэт, ар политкэ, къэрал лэжьакIуэшхуэм и зэчийм и нэщэнэт. А цIыхум узыIэпызышэ гуэр хэлъу зэрыщытар жысIэмэ, куэд арэзы къыздэхъуну къыщIэкIынщ. Псалъэм и купщIэмрэ мыхьэнэмрэ уемыгупсысауэ ублэкIыфынутэкъым, ар Валерэ и макъымкIэ къэIуамэ.
Гъуэгу хозяйствэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ КIуэкIуэм. Абы дежкIэ гъуэгухэр экономикэм зэрызиIэтым, псэукIэр зэрефIакIуэм и нэщэнэт. Ахэр иджырей мардэм тету ухуэным гулъытэшхуэ хуищIырт абы.
«СызэригугъэмкIэ, - жиIэрт Валерэ, - ди магистралхэр дунейпсо жыпхъэм изагъэу щыхъуну зэманыр къэсыху сыпсэунущ». Апхуэдэ псалъэхэр ди дежкIэ уэсят пэлъытэщ, иджыри къыздэсым зэрыдгъэзэщIэным дыхущIэкъуу. Рынок экономикэм къигъэув мардэхэм изагъэу, цIыхухэр арэзы ищIу транспорт IэнатIэм лъагэу зиужьауэ илъагъуну хуеящ ар. Иджыпсту дызыпэрыт лэжьыгъэр аращ.
Республикэм и транспортым зиужьынымкIэ гупсысэщIэхэр гум къыщызыгъэуш цIыхуущ КIуэкIуэ Валерэ дигу къызэринар. «2002-2006 гъэхэм транспорт ухуэкIэр къэгъэщIэрэщIэн» программэм и фIыгъэкIэ илъэс зыбжанэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъ зызызужьа щIыналъэхэм ялъэщIыхьащ. А IэнатIэм ехьэлIауэ зэфIэгъэкIын хуейр иджыри мащIэкъым, ауэ зыужьыныгъэм и лъагъуэр зыгъэнэху фундаментыр гъэтIылъа хъуащ.
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, дяпэкIэ къыдгурыIуэжын IуэхугъуэфI куэд къытхуигъэнащ КIуэкIуэм. Гъуазджэм ехьэлIамэ, дауэ ар зэрыщытыр? ЦIыху цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэм къытедгъэзэжурэ додаIуэ, доплъ, доджэ. Дапщэщи щIэ гуэр къыхэдгъуатэу, и мыхьэнэр нэхъ къыдгурыIуэу.
Зи гъащIэ псори зи лъахэм и зыужьыныгъэм хуэзыгъэпса КIуэкIуэ Валерэ гъуэгу-транспорт ухуэкIэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэр зэи тщыгъупщэнукъым икIи абы и лъапIагъыр кIуэ пэтми нэхъ къыдгурыIуэ хъуну аращ».