IэщIагъэм къыхуигъэщIащ

«ЦIыхум и къулеигъэ нэхъыщхьэр и узыншагъэрщ. Дохутырхэм ди къалэн нэхъыщхьэр ар тхъумэнырщ. Ди лэжьыгъэр зыхуэгъэпсар аращ. Ди санаторэм къытхуеблагъэ псоми фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэнымкIэ шэсыпIэ сихьэфынущ», - щитхащ «Голубые ели» санаторэм и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ  кандидат Князев Шаман IуэхущIапIэм къакIуэхэм ар къазэрыщыхъуар къыщагъэлъагъуэ тхылъым. А псалъэхэм темыкIыу, Гиппократ и тхьэрыIуэм хуэпэжу илъэс куэд щIауэ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу  мэлажьэ ар.

 Князев Шаман 1944 гъэм мазаем и 21-м Гундэлэн къуажэм къыщалъхуащ икIи лъэпкъым и щхьэм кърикIуар игъэващ. Абы и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ щигъэкIуащ Узбекистаным. Хэкум къагъэзэжа нэужь Гундэлэн жылэм дэт курыт школыр къиухыжащ, иужькIэ Дон Iус Ростов къалэм дэт медицинэ институтым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ. ЕджапIэ нэужьым ар ягъэуващ къыщалъхуа къуажэм дэт сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу. Шаман и фIыгъэкIэ къызэIуахауэ щытащ уз зэрыцIалэхэм щеIэзэ, хирургие къудамэхэр. Абы зэрыщылэжьа илъэсипщIым куэдым сэбэп яхуэхъуащ, хузэфIэкIыххэу цIыхур щигъэщIэхъуа къэхъуакъым. Зыхуэныкъуэ хущхъуэ гъуэтыгъуейхэр къахуилъыхъуэрт икIи и уаси къаIихыжыртэкъым, къемыхьэлъэкIыу икIи си къулыкъукIэ къыстехуэркъым жимыIэу  сымаджэхэм я унэми щыкIэлъыплъырт.

«Голобые ели» санаторэр иджыри ухуэн ямыухыу абы и дохутыр нэхъыщхьэу ирагъэблэгъащ Князевыр. Абдежым и пщэм зэуэ къалэнышхуэ къыдэхуат: ухуэныгъэр и кIэм нэгъэсыныр, IуэхущIапIэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, IэщIагъэлIхэр къэгъуэтыныр. Дохутыр Iэзэу зэрыщытым къыдэкIуэуи къызэгъэпэщакIуэ нэсу къыщIэкIащ ар. Зэман кIэщIым къриубыдэу санаторэр къызэIуахащ икIи и цIэр фIыкIэ Iуащ.  IуэхущIапIэм зи узыншагъэр щезыгъэфIэкIуэжыр ди республикэм и цIыхухэм я закъуэкъым, атIэ къэралым и щIыпIэ куэдми къокI. «Илъэс 20 хъуауэ мы санаторэм си узыншагъэм щыкIэлъызогъэплъ, - жеIэ Подмосковье щыщ цIыхубзым. – АдэкIи, си къару къихьыхукIэ, сыкъэкIуэну си мурадщ. Сыт и лъэныкъуэкIи арэзы сыкъащI,  си щытыкIэр куэдкIэ нэхъыфI зэрыхъуар зыхэсщIэу согъэзэж». «Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI гупщ IуэхущIапIэм щылажьэр. Я Iуэхутхьэбзэхэр икъукIэ сэбэп схуохъу. ШхапIэм и ерыскъыр щIэщыгъуэщ, къэуат зыщIэлъщ, дэнэкIи къабзагъэр япэ щрагъэщ. Иджы ещанэу сыкъокIуэ, иджыри къытезгъэзэну си гугъэщ», - къыпещэ псалъэмакъым Тэтэрстаным къикIа бзылъхугъэм.

Санаторэм и лэжьакIуэхэри къыхуэарэзыщ Шаман. И макъым зригъэIэтауэ абыхэм щепсэлъа къэхъуакъым, я улахуэр сытым дежи и чэзум яIэрохьэ, лъэIукIэ къыбгъэдыхьэхэми дэIэпыкъуэгъу яхуохъу.

Тхьэхущынэ Ланэ.

        

 

Поделиться:

Читать также: