Дамыгъэ лъапIэхэр иратыжащ

1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ ГъукIэхэ Батэрэ Дисэрэ я щIалитI - Мусарэ Нахъуэрэ. Тэрч областым и Наурзокъуэ къуажэм (Бахъсэн районым хиубыдэ Ислъэмей къуажэрщ) къыщалъхуащ Муса 1902 гъэм, Нахъуэ – 1915-м. Хэку зауэшхуэр къэхъейри, Бахъсэн районым и РВК-м зэкъуэшитIри Дзэ Плъыжьым хигъэхьащ.

1942 гъэм гъатхэпэм и 19-м Мэздэгу щыIэ 26-нэ фочауэ батальоным хагъэхьащ ГъукIэ Муса. Бадзэуэгъуэм щегъэжьауэ ар яхэтащ Кавказыр зыхъумахэм. ГъукIэр зэхэуэ гуащIэм уIэгъэ щыхъури, гъэру яубыдауэ щытащ, дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ. Германием и къалэ Вайден пэмыжыжьэу щащIа Шталаг XIII гъэрыпIэм исащ. Армэ Плъыжьым хэтхэм хуит къащIыжа нэужь, къэкIуэжат, «Красная Кабарда» колхозым бжьахъуэу щылэжьащ хузэфIэкIыху. 1975 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м дунейм ехыжащ, ар щыщIалъхьэжащ Ислъэмей къуажэм. ГъукIэ Мусарэ ТыIэщ Таужанрэ къащIэхъуащ щIалэхэу Мухьэмэд, Ахьмэд, МуIэед, Къэралбий сымэ, япхъу ФатIимэт.

2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу екIуэкIащ.  «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам папщIэ», «Кавказыр зэрихъумам папщIэ» медалхэр лIыхъужьым и къуэрылъху ГъукIэ Валерэ къыщратыжар нэгъабэщ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм апхуэдэ лъэIукIэ зыхуигъэза нэужь.

ГъукIэ Нахъуэ 1942 гъэм мазаем и 19-м Прохладнэм щыIэ 24-нэ фочауэ батальоным хагъэхьащ. 1942 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м 304-нэ фочауэ дивизэм къигъэлъэгъуат фочгъауэ ГъукIэр 1942 гъэм фокIадэм и 1-м Сталинград пэгъунэгъу Клетскэ районым хыхьэ Избушенскэ къуажэ цIыкIум хъыбарыншэу щыкIуэдауэ. Ауэ нэгъуэщIу къекIуэкIат абы и Iуэхур. Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, гъэру яубыдат щIалэр. 1943 гъэм гъатхэпэм и 2-м е 13-нэ фочауэ бригадэм и 92-нэ полкым и дзэ пунктым и рапортыр щыхьэт зэрытехъуамкIэ, а махуэм сэлэтыр Чкаловскэ областым и Бузулукскэ район дзэ комиссариатым кIуат. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Нахъуэ Сталинград областым гъэрыпIэ щисащ 1942 гъэм фокIадэм и 28-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 28 пщIондэ.

1943 гъэм гъатхэпэм и 2-м сэлэтыр 252-нэ гъэрыпIэм къикIыжри, мэлыжьыхьым и 12-м Миллеровэ станицэм къулыкъум щыпищащ. ГъукIэ Нахъуэ яхэтащ Кавказыр хуит къэзыщIыжахэм. 136-нэ фочауэ дивизэм хэту Украинэм щызэуащ. Днепропетровск деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм 814-нэ фочауэ полкым хэта ГъукIэр уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, дыгъэгъазэм и 6-м абы илIыкIащ, 392-нэ санитар батальоным щIэлъу. Санитар батальоным и командир, медицинэ къулыкъум и майор Чхеидзе Д. Г 1943 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м сэлэтым и къуэшым деж письмо хуригъэхьащ «Армэ Плъыжьым и сэлэт ГъукIэ Нахъуэ Социалистическэ Хэкум папщIэ зэхэуэм хахуагъэрэ лIыгъэрэ щызэрихьэу хэту уIэгъэ хьэлъэ хъури, а уIэгъэм илIыкIащ. Днепропетровскэ областым, Софиевскэ районым и Васильевкэ къуажэм и 2-нэ кхъэм щыщIалъхьащ», - жиIэу иту.

ГъукIэхэ Мусарэ Нахъуэрэ я хахуагъэм щыхьэт техъуэ дамыгъэ лъапIэхэр я лъэпкъым къыIэрыхьэжащ, Хэку зауэшхуэр иухри илъэс 80 дэкIыжауэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

Читать также: