Ди мэзгъэфIэнхэрЩIыуэпсым псори щызэпхащ: зы лIэужьыгъуэ кIуэдмэ – адрейхэр йокIакIуэ. Псалъэм папщIэ, бжьэхэр бзэхмэ, мэракIуэри, пхъэщхьэмыщхьэри, уеблэмэ щIакхъуэри нэхъ мащIэ хъунущ. МэзгъэфIэнхэр а Iуэхухэм пэщIэтщ. Дауи, гурыIуэгъуэщ апхуэдэ щIыпIэхэм жыг щыпыбупщI, ущыщакIуэ е унэ щыпщI зэрымыхъунур. МэзгъэфIэнхэм хьэуа къабзэ къат: жыгхэм гъуэзыр зэщIашэ, лъышэр (кислород) къапкърокI. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, шэдхэмрэ гуэлхэмрэ псыр ягъэкъабзэ, псыдзэшхуэ къэмыхъуным ахэри пэщIэтщ. ЩIы лъабжьэр апхуэдэхэм деж щызэхэкъутэркъым, ихъуреягъкIи щIыгулъ пшэр мэхъу. НэгъуэщI лъэныкъуэкIи мэзгъэфIэнхэр сэбэп яхуохъу щIэныгъэлIхэм. Абы щыкIэлъоплъ хьэкIэкхъуэкIэхэр зэрыпсэум, дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым, къэкIыгъэхэм. А щIэныгъэхэр сэбэп мэхъуж щIыуэпсыр яхъумэнымкIэ. Хьэуа, псы къабзэхэр, дунейм и даущыншагъэр - а псоми ущыдахьэх мэзгъэфIэнхэм. Языныкъуэхэм деж цIыхухэм къагурыIуэркъым мэзхэмрэ шэдхэмрэ щIахъумэн хуейр. Абыхэм я фIыгъуэр инщ, дэ зи гугъу тщIахэр мащIэми. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгы лъагэ мэзгъэфIэныр хэхауэ яхъумэ (федеральнэ мыхьэнэ иIэщ) щIыпIэщ. Ар 1976 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ икIи Урысейм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэтщ. Ар яхъумэн папщIэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр къызэрагъэпэщ, щIыуэпс къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным епхауэ щIэныгъэ лэжьакIуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ ягъэхьэзырынымкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу. Мы мэзгъэфIэным къеубыд Шэрэдж, Шэджэм районхэм я щIыпIэхэр - Шэрэдж-Балъкъэр, Шэрэдж-Безенгий, Шэджэм псыежэххэм я къежьапIэхэр къызэщIиубыдэу. Абы и инагъыр гектар мин 82,6-рэ мэхъу икIи Кавказ къурш тхыцIэ Курытым и ищхъэрэ лъэныкъуэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэр къеубыд. Зи гугъу тщIы мэзгъэфIэныр тхууэ гуэшащ: Хазнидон, Сукан, Балъкъэр Ипщэ, Безенгий, Шэджэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIыуэпс щхьэхуэныгъэ телъыджэхэр иIэжщ. Илъэс къэс мэзгъэфIэным зыплъыхьакIуэ мини 8-м нэблагъэ макIуэ. Турист гъуэгухэм я кIыхьагъыр псори зэхэту километр 50-м щIегъу. Хамэ къэрал хьэщIэхэм яфIэфIщ махуэ зыбжанэкIэ абы итыну, КИФЩI-м щыпсэухэм нэхъыбэу къыхахыр зы махуэкIэ заплъыхьынырщ. МэзгъэфIэным зыщызыплъыхьхэр ятхьэкъу уэздыгъей мэзхэм, Титенген бгым, мылылъэхэм, псыкъелъэхэм, Боран-Кель гуэлым, псыхущхъуэ къыщIэжыпIэхэм. Мыбдеж щрагъэкIуэкI Iуэхухэм ящыщу щIэупщIэ зиIэщ киноэкспедицэхэмрэ бердвотчингымрэ (къуалэбзухэм якIэлъыплъыныр). Нэхъ зэкIуалIэ щIыпIэхэм я гугъу пщIымэ, апхуэдэу къагъэлъагъуэ Мижирги, Безенги, Шаурт мылылъэ цIэрыIуэхэр, нартсанэхэр. Иужьрей зэманым Кавказым псом хуэмыдэу цIэрыIуэ щохъу щIыуэпс лъагъуэхэм ирикIуэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгы лъагэ мэзгъэфIэным иджыпсту зыплъыхьакIуэхэм папщIэ гъуэгуаниплI яубзыхуауэ щыIэщ: зи цIэ къитIуа Мижирги, Безенги, Шаурт мылылъэхэмрэ Башиль-Шэджэм щIыпIэм щыIэ псынэмрэ. Абыхэм я кIыхьагъыр псори зэхэту километр 50-м щIегъу. ЩIыпIэм щопсэу къурш бжэнхэр, кавказ мыщэ гъуабжэхэр, елэнхэр, кавказ мэз джэдухэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи къуалэбзу лIэужьыгъуэ куэд щыIэщ: къарэжьу (канюк), бгъащхъуэ (беркут), мэзджэд, ныбгъуэ, къуршыбгъэ (гриф), къаргъэуэгу (пустельга). ХьэщIэхэм я шынагъуэншагъэми мэзгъэфIэным и лэжьакIуэхэр зэпымыууэ йолэжь: зыплъыхьыпIэхэр къызэрагъэпэщ, къуршхэм зэрыщызекIуэ хабзэхэр зытет хъыбарегъащIэ мэIухухэр ягъэув, гъуэгугъэлъагъуэхэр тхылъ цIыкIуу къыдагъэкI, лъагъуэхэм зрагъэубгъу. МэзгъэфIэным уихьэн щхьэкIэ, хуит узыщI тхылъымпIэ уиIэн хуейщ. Ар онлайн жыпхъэм иту къыщыIах мэзгъэфIэным и сайтым, IуэхущIапIэм и унэм, Башиль-Шэджэм, Безенги щIыпIэхэм я плъырыпIэ къэувыIэпIэхэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




