Шэрджэсхэм я «дунеишхуэр»Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр яхъумэжын щхьэкIэ блэкIа лIэщIыгъуэм яхузэфIэкIар иджыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абазэ Маритэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы тегъэщIапIэ ищIащ БищIо Борис, Къумахуэ Мурадин, Къущхьэбий Анзор, Тау Хьэзешэ, Темыр Раисэ, нэгъуэщIхэми я къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр. Ди лъэпкъым ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхури тфIэгъэщIэгъуэнщи, абы фыщыдогъэгъуазэ. - Адыгэхэр Тыркум щыIэпхъуам, абы и щIыпIищым ирагъэтIысхьат: Къайсэр къедза Пынарбаши районым, Къайнар, Вираншехир жыхуаIэхэм. Хэхэс адыгэхэм я анэдэлъхубзэр яхъумэн щхьэкIэ, къызэIуахырт адыгэбзэм щыхурагъэджэн еджапIэхэр, къыдагъэкIырт газетхэр, журналхэр, тхылъхэр нэхъыбэу хьэрып графикэм тету. Хасэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэзэIуахащ, щIэныгъэм, адыгагъэм, зэлъэпкъэгъухэри зэкъуэгъэувэным хуэлажьэу. Хьэрып тхыпкъылъэр и лъабжьэу, адыгэбзэм тхыбзэ хузэхалъхьэу, ар тхылъымпIэ напэм тету къыдагъэкIыу щIадзащ. А гъэ дыдэм Истамбыл къыщызэрагъэпэщащ «Шэрджэс жылагъуэ хасэр». Абы адыгэбзэкIэ «Гъуазэ» газетыр къыдигъэкIыу щытащ (1911–1914). 1909 гъэм Тыркум къыщызэрагъэпэщащ «Адыгэ зэшыгъэ хасэ» е «Шэрджэс клубкIэ» еджэу, Цагъуэ Нурий зи секретару щыта зэгухьэныгъэр. А гъэ дыдэм Цагъуэ Нурийрэ НэгъущI СуIэдрэ зэгъусэу тхыпкъылъэр (алыфбей) хьэрып хьэрфкIэ тедзауэ «Кавказология» журналым къыщыдагъэкIащ. 1910 гъэм адыгэ щIалэхэм тхыбзэр етIуанэу традзащ, «Гъуазэ» газетри къыдагъэкIыу яублащ. Хьэрып графикэм тету адыгэбзэ тхыпкъылъэр Египетым щызэхилъхьэгъащ Хуажэ Мухьэмэд. Тыркум щыпсэу, дохутыру лажьэ адыгэ щIалэ Пчэгъэтлыкъуэ Мухьэмэд а гъэ дыдэм хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ адыгэ тхыпкъылъэ зэхилъхьащ. 1910 гъэм латин графикэм тету нэгъуэщI зы тхыпкъылъи зэхилъхьэгъащ Мухьэмэд. 1918 гъэм Бланэкъуэ Бэтокъуэ латин графикэр и лъабжьэу зэхилъхьа адыгей алыфбейр Истамбыл щытрадзащ. Ар къигъэсэбэпри, абы 1931 гъэм Сирием къыщыдигъэкIащ «Адыгэ бзэхабзэ» тхылъыр. 1927 гъэм Сирием щызэхалъхьауэ щытащ адыгэ тхыпкъылъэ, латин тхыпкъхэр къагъэсэбэпурэ. ИщхьэкIэ къызэрыдгъэлъэгъуащи, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм тхыпкъылъэ зэхалъхьами, абыхэмкIэ тхылъ цIыкIу закъуэтIакъуэ къыдагъэкIами, ахэр къызэрагъэсэбэпа щыIэкъым. Хэхэсу псэу адыгэхэм я бзэмрэ я хабзэмрэ щыпсэу къэралым зэрыхэшэпсыхьыжым игъэпIейтейуэ, нэмыцэ бзэщIэныгъэлI Хёлиг Моникэ латин тхыпкъхэр лъабжьэ ищIри, Тыркум щыпсэу адыгэхэм папщIэ тхыпкъылъэм и проект игъэхьэзырауэ щытащ. Мы Iуэхум елэжьащ нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэри. Адыгэ тхыдэтх цIэрыIуэ НэмытIокъуэ Айтэч и щхьэгъусэ Хъунч Хьэрий Мелэч а зэманым иублащ «Ди анэ» журналыр къыдэгъэкIыныр. Ар латин хьэрфхэмкIэ тхауэ адыгэбзэкIэ къыдэкIырт. Сирием щыпсэу адыгэхэм «Маржэ» журналыр къыдагъэкIыу щIадзэ. Зи цIэ къитIуахэм нэмыщI, пщIы бжыгъэкIэ тхылъхэр, брошюрэхэр, хъыбарегъащIэ тхылъ цIыкIухэмрэ журналхэмрэ адыгэбзэкIэ, тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ къыдагъэкIыу щытащ. А лъэхъэнэм адыгэбзэкIэ щрагъаджэ курыт еджапIэ Истамбыл къыщызэIуахат. Тыркум къыщызэрагъэпэщат 2500-м нэс къызэщIэзыубыдэ зэгухьэныгъэхэр. Ахэр телажьэрт адыгэр къызэщIэкъуа, гъэгушхуа хъуным, я бзэмрэ я хэкумрэ ягу имыхуным. Абыхэм ящыщщ 1950 гъэм къызэрагъэпэща «Кавказ щэнхабзэ Хасэр». Ар зи жэрдэмхэм яхэтт Тыркум цIэрыIуэ щыхъуа юрист, профессор Думэныщ Хъейри. 1952 гъэм «Кавказ» зыфIаща Хасэр яухуащ. 1955 гъэм Истамбыл къыщызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэшхуэ - «Кавказ фонд» зыфIащар. Ар адрей зэгухьэныгъэхэм йофIэкI хэт цIыху бжыгъэм и куэдагъкIэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр Кавказ Ищхъэрэм икIауэ Тыркум щыхэхэсхэр зэшэлIэнырщ лъэпкъ Iуэху зэдащIэн хуэдэу. Мы зэгухьэныгъэм сабийхэр адыгэбзэм щыхурагъаджэ. Хэхэс хъуахэм я тхыдэм теухуауэ 1960-1970 гъэхэм «ЩIопщ», «ЩIакIуэ» зи фIэщыгъэцIэ журналхэр къызэрагъэпэщ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр къыдагъэкI. Узун-Яйлэ районым и шэрджэс къуажэхэм къиIэпхъукIахэм 1990 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ «Кавказ щэнхабзэ Хасэр». 1993 гъэм мэлыжьыхьым IуэхущIапIэ 12 зэгухьэри, «Кавказ жылагъуэ Хасэр» къызэрагъэпэщащ. 2003 гъэм и дыгъэгъазэм къызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэ 45 зыхыхьэ «Кавказ жылагъуэхэм я федерацэ» зыфIаща хасэр. Хасэхэм я федерацэм «Нарт» журналыр мазэ къэс къыдагъэкIырт. Ищхъэрэ-Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэр хэхэсхэр зэлъэгъэIэсынырт, зэкъуэгъэувэжынырт. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм щIалэгъуалэри зи ныбжь хэкIуэтахэри щызэхохьэ. Тыркум 2004 гъэм щегъэжьауэ къэралым щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я бзэр еджапIэхэм щаджыну, радиомкIэ, телевиденэмкIэ я бзэмкIэ щыпсэлъэну хуитыныгъэ щаIэщ. Тыркум и къэрал каналхэм ящыщ зым тхьэмахуэ къэс махуэку махуэм адыгэбзэкIэ хъыбарыщIэхэр, къафэхэр, уэрэдхэр, дунейм и къэхъукъащIэхэм ухэзыгъэгъуазэ нэгъуэщI гуэрхэр къагъэлъэгъуэну дакъикъэ 30 къарет тыркубзэкIэ субтитр и гъусэщи, зи анэдэлъхубзэр зыIэщIэхуахэри нэтынхэм йоплъ. Сирием (Щам) щопсэу абазэхэ, бжьэдыгъу, къэбэрдей адыгэхэр. 1927 гъэм Самгугу и гупым Къунейтрэ щаухуащ «Адыгэ гъэсэныгъэ хасэ»; 1948 гъэм Дамаск щаухуащ «Адыгэ фIыщIэ хасэр». Ахэми я лэжьыгъэр зытегъэщIауэ щытыр бзэр, хабзэр хъумэнырти, абы и фIыгъэкIэ Сирием щыпсэу адыгэхэм яхузэфIэкIащ я бзэр яхъумэжыну. Иорданием щыпсэу шэрджэсхэр яхэшыпсыхьыжакъым нэгъуэщI лъэпкъхэм, нобэ абы щопсэу къэбэрдей адыгэхэр, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, шапсыгъхэр. 1932 гъэм Амман къыщызэрагъэпэщащ «Адыгэ фIыщIэ хасэ», 1971 гъэм - «ЦIыхубз хасэр» (цIыхубзхэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъурт). 1988 гъэм Амман адыгэбзэкIэ тхылъ зытIущ къыщыдагъэкIауэ щытащ, « Адыгэбзэ-хьэрыпыбзэ зэрызэбгъэщIэн псалъалъэр» я гъусэу. Хамэ къэрал щыIэ адыгэхэм, псом хуэмыдэу Израилым и Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ щыпсэухэм, я бзэр, я хабзэр, щэнхабзэр яхъумащ. 1976 гъэм щегъэжьауэ Израилым и еджапIэхэм я программэм хагъэхьащ адыгеибзэр яджыну. Хамэ къэралыбзэу инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ хэту. 1991 гъэм Кфар-Камэ къыщызэрагъэпэщащ «Нэхунэ» («Нафна») зэгухьэныгъэр, абы къалэн нэхъыщхьэу иIар шэрджэсхэм я тхыдэр, щэнхабзэр хъумэнырщ, адэжь лъахэм хуаIэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнырщ. 1993 гъэм Израилым и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, Рихьэние щаухуащ Шэрджэс институт, адыгеибзэмрэ абы и тхыдэмрэ щыхурагъаджэу. Сирием щыпсэуа адыгэхэм языныкъуэр Иорданием, адрейхэри Америкэм Iэпхъуащ (мини 8 хуэдиз). Ахэр щопсэу: Нью-Джерси, Калифорние, Техас, Вашингтон, Сиэтл, Флоридэ, н. Америкэм щыпсэу адыгэхэр абазэхэ, бжьэдыгъу, къэбэрдей шапсыгъ жиIэу зэхэтщ. «Шэрджэс псапащIэ зэгухьэныгъэм» сабийхэр илъэситхум щегъэжьауэ илъэс пщыкIуплI хъуху адыгэбзэм, хабзэм, диным щыхурагъаджэ. Европэ къэралхэм Iэпхъуа адыгэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэуа нэгъуэщI лъэпкъхэмрэ пщIы бжыгъэкIэ къызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэхэр. ХХ лIэщIыгъуэм и 20-30 гъэхэм щыIа зэгухьэныгъэхэм ящыщщ «Кавказ бгырысхэм я зэкъуэтыныгъэр» (Чехословакие), «Кавказ бгырысхэм я лъэпкъ партыр» (Париж). Европэм и КъухьэпIэ, КъуэкIыпIэ къэралхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыдагъэкIыу щытащ журналхэр, газетхэр. Париж щыпсэу хэхэсхэм 1908 гъэм щегъэжьауэ 1911 гъэ пщIондэ «Мусульманин» зи фIэщыгъэцIэ журналыр урысыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ, Прагэ щыIэхэм 1924-1925 гъэхэм «Кавказский горец» журналыр урысыбзэкIэ къыдагъэкIыу щытащ. «Кавказ Ищхъэрэ» журналыр урысыбзэкIи тыркубзэкIи Варшави Парижи 1934 гъэм щегъэжьауэ 1939 гъэм нэсыху къыщыдэкIащ. ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа къэралхэм къищынэмыщIауэ (я бжыгъэкIэ нэхъ мащIэу), адыгэ хэхэсхэр Голландиеми, Англиеми, Франджыми, Испаниеми, нэгъуэщI къэралхэми щопсэу. 1980 гъэм Амстердам къыщызэрагъэпэщащ псапащIэ зэгухьэныгъэ. Абдеж шэрджэсыбзэм щыхурагъаджэ дерсхэри щрагъэкIуэкIырт, адыгэ къафэмкIэ ансамбль яIэт. Къапщтэмэ, адыгэ хэхэсхэм яхузэфIэкIащ я щэнхабзэр яхъумэжын. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




