IуэхугъуэшхуэкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ

Щэбэт кIуам, жэпуэгъуэм  и 24-м, Зэрэгъыж  къуажэм  Iэтауэ щагъэлъэпIащ я жылэр  къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси  100  зэрырикъуар. Дэрэжэгъуэр   я  нэгум  кърихыу, дахэу  зэщыхуэпыкIауэ щэнхабзэм  и  унэм и  Iэгъуэблагъэм,  абы  и  пщIантIэм  щызэхуэсат   еджакIуэ  ныбжьыщIэхэр,  егъэджакIуэхэр,  апхуэдэу  къуажэдэсхэр,   пщIэ  зиIэ  нэхъыжьхэр. Ахэр  екIурэ  ещхьу  яIущIащ къуажэм  я  гуфIэгъуэр дэзыIыгъыну  къахуеблэгъа  хьэщIэхэм -  Парламентым и  УнафэщI  Егоровэ  Татьянэ, абы  и  къуэдзэ  Къардэн  Мурат,  Правительствэм  и  Iэтащхьэм  и  къуэдзэ Хъубий  Марат,  щэнхабзэмкIэ  министрым  и  къуэдзэ Тау  Ритэ,  Шэрэдж  районым  и унафэщI Кульбаев  Алан  сымэ,  нэгъуэщIхэми.

ГуфIэгъуэ  зэхуэсыр ирагъэкIуэкIащ а  жылэм  къыщалъхуа  джэгуакIуэ  Iэзэхэу, ЩоджэнцIыкIу  Алий  и  цIэр  зезыхьэ драмтеатрым и  лэжьакIуэхэу,  Къэбэрдей-Балъкъэрым  щIыхь  зиIэ  и  артистхэу  Тхьэщыгъуей  Жаннэрэ  Мысост Вадимрэ.

Зэрэгъыж  къуажэм  и  дыгъуасэм, и  нобэм,  жылэр  зэрыгушхуэ  цIыху  щэджащэхэм  ятеухуауэ  къызэхуэсахэм  я  пащхьэ  къыщыпсэлъащ жылэм  щызэхэта  колхозым  и  председателу,  Къэбэрдей-Балъкъэрым и   Парламентым  и  депутату  щыта,  мы  зэманым  къуажэдэс   нэхъыжьхэм  я  советым и  тхьэмадэ  Къалмыкъ  Эдуард. КIэщIу,  гъэхуауэ  ар  ирикIуэжащ  я  къуажэм  и  тхыдэм.

1926  гъэм,  бжьыхьэпэ  мазэм, Псыгуэнсу  къуажэм  щыщу унагъуэ  зыкъом  ягъэIэпхъуащ  километр  зытхух  хуэдэкIэ  япэжыжьэ щIыпIэм. Абы  псэупIэ  унэхэр  щаухуащ. Колхозыр къэунэхун  ипэ, 1928  гъэм, къызэрагъэпэщауэ  щытащ  мэкъумэшыщIэ унагъуэ  зыбжанэ  къызэщIиубыдэу  ККОВ-кIэ  зэджэ  зэгухьэныгъэр. Абы  щыгъуэ губгъуэм  зэрилэжьыхьыну    ахэм  яIэр  мащIэт -  зы  пхъэIэщэ, зы  къитхъ,  шыуэ  плIы.  ИлъэситI  дэкIри,  ККОВ-р  колхоз  хъуащ,  Сталиным  и  цIэр зэрихьэу. Абы  и  япэ  унафэщIу  щытар  Темыркъан Мухьэмэдщ. Ар  и  IэнатIэм  пэрытащ 1942  гъэ  щIондэ, фронтым  дэкIыхукIэ. Къуажэ   исполкомым и япэ  тхьэмадэу  ягъэува Црым  Сэрэбий и  IэнатIэр  зэрихьащ   фашистхэр  ди  щIыпIэм  къэсыху.

Жылэр  щытIысагъащIэм   зыр  зым  дэIэпыкъуурэ,  щIыхьэху  ящIым, псэупIэ  унэхэр къыдращIейурэ  зэман  кIэщIым  зэфIэуващ  къуажэр.  Зэрэгъыж Iэпхъуа  унагъуэхэр  I930  гъэм I00-м  нэблагъэрт,   цIыху  бжыгъэр  490-рэ  хъуат.  

1928  гъэм  щыщIэдзауэ  1935  гъэ  пщIондэ къуажэм  щаухуащ  щэщу  тIу,  нэхъ  иным  метри  120-рэ  и кIыхьагъыу, мэл фермэу  3, хозяйствэм и жыг  хадэм  елэжьхэм  папщIэ  унитI, сабий  еджапIэ, къуажэ  советымрэ  колхоз  правленэмрэ  зыщIэсыну  унэшхуэр. АбыкIэ  сэбэпышхуэ  къахуэхъуащ  жылэм  дэта чырбыш  щагъажьэ  цех  цIыкIухэр. Абыхэм  я  нэхъыжьу  щытар  Сонэ Къурмэнщ.

Зэрэгъыжым  ухуэныгъэ  нэхъыбэ  щызэхаублар  30  гъэхэм  икухэрщ, колхозыр  нэхъ  лъэ  быдэкIэ  ува  нэужьщ. А  зэманым  къуажэм  щащIащ цIыху  250-рэ  щIэхуэу щэнхабзэм  и  унэ,  электростанц  цIыкIу,   пхъэзэгуэх  завод, сымаджэщ,  тыкуэн, хьэмэм, гъавэ  хъумапIэ,  Iэщ  егъэзыпIэ. УхуакIуэ  бригадэм  колхозхэт  нэхъ  хуэныкъуэхэм   унэ  яхуищIырт.

Колхозыр  цIэрыIуэ  щыхъуат   Совет (1994  гъэ  лъандэрэ Шэрэдж) районми   республикэми.  Псом хуэмыдэу  Iэщ,  шы  гъэхъунымкIэ. Абы  и зы  щыхьэтщ  шы  фермэм  и  унафэщI Джэду  Бэчмырзэ  Ленин  орден  къратауэ  зэрыщытар.

Дэтхэнэ  къалэми  къуажэми  хуэдэу,  Хэку  зауэшхуэр  Iэ  щIыIэкIэ къахэIэбащ  зэрэгъыждэсхэм. ЦIыху  225-рэ  фронтым  дэкIати,  108-м  къагъэзэжакъым.  Бийр  я  жылэм  къэсын  ипэ  партизан гуп  къыщызэрагъэпэщат  Зэрэгъыж. Абы  хэтт  дуней  псом  къыщацIыху Темыркъан  Юрэрэ абы  и  шынэхъыжь  Борисрэ я  адэ  Хьэту,  парт  организацэм  и  секретарь  Къул  Шэмсэдин,  къуажэ исполкомым и  тхьэмадэ

Црым  Сэрэбий  сымэ,  нэгъуэщIхэри. Ахэр нэмыцэм  яубыдри яIэщIэкIуэдащ …

 Бийр  я  жылэм  дахужа  нэужь, лэжьыгъэшхуэ  ягъэхъащ  зэрэгъыждэсхэм. Классибл школыр  курыт  щIэныгъэ  щIэблэм щагъуэт  еджапIэ хъуащ,  щэнхабзэм  и  унэ,  къатищу  зэтет  школыщIэ дащIыхьащ, къатитI хъу псэупIэ    унэ  егъэджакIуэхэм  къыхудращIеящ, лIэщIыгъуэ  кIуам  и кIэхэм  газ  я  жылэм  къыдашащ.  ЛIэщIыгъуэщIэм   дохутыр  IуэхущIапIэ, щэнхабзэм  и  унэщIэ,  сабий   сад дащIыхьащ. Куэд  мэхъу апхуэдэ  Iуэху  щхьэпэу,   цIыхухэм  я  псэукIэр  езыгъэфIакIуэу зэфIагъэкIахэр.

 Колхозхэтхэри  я  зэфIэкI  еблэжакъым  я  пщэ  къыдэхуэ  къалэнхэр  тэмэму  гъэзэщIэн  папщIэ. Абы   и щапхъэщ РСФСР-м  и  Министрхэм  я  Советым  и  Бэракъ  Плъыжь  зэIэпахыр хозяйствэм  къыхуагъэфэщауэ  зэрыщытар, колхозым  и  цIэр  Къэбэрдей-Балъкъэрым  и  ЩIыхь  пхъэбгъум  зэрыратхар.

ГуфIэгъуэ  зэхыхьэр  зэрекIуэкIамкIэ  къэдгъэзэжынщи, Къалмыкъ  Эдуард  иужькIэ  утыкум  къихьащ Правительствэм  и  Iэтащхьэм  и  къуэдзэ  Хъубий  Марат. Зэрэгъыждэсхэм ар  къахуеджащ  республикэм  и  унафэщI КIуэкIуэ  Казбек  къахуигъэхьа  хъуэхъум. ИкIи  Правительствэм  и  ЩIыхь тхылъхэр  яритащ   къуажэ  школым  и  директор ЕкIэщIауэ  Жаннэрэ къэрал  казначействэм Къэбэрдей-Балъкъэрым  щиIэ  къудамэм  и  нэхъыжь  IутIыж  Шумахуэрэ.  Апхуэдэу Хъубийм узыншагъэр  хъумэнымкIэ  министерствэм  и  ЩIыхь  тхылъхэр  яIэщIилъхьащ  а IэнатIэм  Iут  зыбжанэм.

Къуажэдэсхэм  хъуэхъу  псалъэкIэ  захуигъэзащ парламентым  и  унафэщI  Егоровэ  Татьянэ. Ар тепсэлъыхьащ  республикэр,   къэралыр  зэрыгушхуэ цIыху  цIэрыIуэхэр  а  жылэм  къызэрыдэкIам икIи  парламентым и  ЩIыхь  тхылъхэр  тыгъэ  яхуищIащ  егъэджакIуэ  Сэбан  Хьэсэнрэ «Къэббалъкъэнерго»-м  и  лэжьакIуэ Темыркъан  Аслъэнрэ.  Парламентым  и ФIыщIэ  тхылъхэр  хуагъэфэщащ еджагъэшхуэхэу  Къардэн  Майе, Журт  Арчил,  сабий  садым  и  гъэсакIуэ ШэрIужь  Риммэ  сымэ.

А  махуэм  ягъэпэжащ  Зэрэгъыж  щыщу IэнатIэ  зэхуэмыдэхэм пщIэрэ  щхьэрэ  зиIэу  щылажьэ  цIыху  зыкъом: щэнхабзэм,  хабзэхъумэ  IуэхущIапIэм, спортым,  щIалэгъуалэ  Iуэхум  жыджэру  зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр.

 ГуфIэгъуэ  зэхуэсым  кърихьэлIахэр  дихьэхыу  еплъащ  къэфакIуэ  ныбжьыщIэхэм -  Зэрэгъыж  школми  Псыгуэнсу  къуажэми  я ансамблхэм  ягъэлъэгъуахэм. ГуфIэгъуэ  зэхыхьэм уэрэд  щагъэзэщIащ  Хьэрэдурэ  Динэ,  Къулхэ  Амир,  Ланэ сымэ,  нэгъуэщIхэми.

Зэрэгъыждэсхэм я  махуэшхуэр  даIэтыну къахуеблэгъащ икIи  утыкум  псалъэ  гуапэ  щыжаIащ Шэрэдж  куейм  и  лIыщхьэ  Кульбаев  Алан,  Аруан  районым  и  тхьэмадэ  ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит, гупышхуэ  щIыгъуу  гуфIэгъуэм кърихьэлIа, Псыгуэнсу  жылэм и унафэщI  Балъкъыз  Мухьэмэдин, Дзэлыкъуэ  щIыналъэм  и нэхъыжьым и  къуэдзэ Вындыжь Резуан, Тэрч  районым  щыщ  егъэджакIуэхэм. Псыгуэнсу  щыщ  ШэрIужь  Аслъэн щэнхабзэм  и  унэм  щIэсахэм  къахуеджащ  Зэрэгъыжым  яхузэхилъхьа  усэм.

 Къуажэм  и  махуэ  лъапIэм  къеблэгъахэм,  утыкум  къыщыпсэлъахэм  мызэ-мытIэу  къыхагъэщащ а  жылэм  къыдэкIа  цIыху  щэджащэхэм  я  цIэхэр - дуней  псом  къыщацIыху  дирижер Темыркъан  Юрэ, Австралием  щекIуэкIа  дунейпсо  олимп  зэхьэзэхуэхэм  дыщэ  медаль  къыщызыхьа Къардэн  Мурат, драматург  Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и  цIыхубэ  тхакIуэ  IутIыж  Борис  сымэ  я  цIэхэр.

 Абыхэм  нэмыщI,  зэрэгъыждэсхэр  ирогушхуэ я  жылэм  щыщ  джэгуакIуэ  Iэзэхэу,   РСФСР-м и  цIыхубэ  артист  Сонэ  Мухьэрбий, адыгэ  театрым и  артист  пажэхэм  я  сатырым  хэта  Щхьэгъэпсэу  Мухьэмэд,  Къардэнхэ  ХьэкIуцэ,   Лъостэнбий, режиссер    Фырэ  Руслан, композиторхэу  Темыркъан  Лилэ,  Къул  Амир,  зэIущIэр  дахэу  езыгъэкIуэкIа  артистхэу Тхьэщыгъуей  Жаннэ,  Мысост  Вадим  сымэ,  къимыдэкIэ,  я  щIэныгъэлIхэм. 

 Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ я  лэжьыгъэ нэхъыщхьэм  нэмыщI, тхэн  Iуэхум  хуэижь  зыбжанэ Зэрэгъыж  къуажэ  цIыкIум  къызэрыдэкIар. Еджагъэшхуэ  Къардэн  Майерэ къуажэ  колхозым  и  председателу  щыта,мэкъумэш  щIэныгъэхэмкIэ  кандидат Къалмыкъ Эдуардрэ тхылъкупщIафIэ  зырыз  къыдагъэкIащ  я  жылэм  и  тхыдэм,   и  нобэм  теухуауэ. 

Дызэрыт  мазэм  къуажэм  и  унафэщIу  хахащ  Къардэн  Тимур. Абы  ипэкIэ  а  къалэныр  илъэс  IэджэкIэ  зэрихьащ  ШэрIужь Хъусен -  абы  Iуэху  щхьэпэ  куэд  зэфIигъэкIащ  жылэм  дэсхэр   зыхуей-зыхуэфIкIэ  къызэгъэпэщыным  теухуауэ.

Шэч  хэлъкъым - лIэщIыгъуэ  гъуэгуанэ къэзыкIуа   къуажэм  теухуауэ   ирагъэкIуэкIа  гуфIэгъуэ  зэхыхьэр  щIэх  ягу  ихужынкъым  ар  зи  нэгу  щIэкIахэм,  абы  хэтахэм. Ди  гуапэщ  лажьэ-шхэжу, жылэр  зыгъэукIытэн  мыхъумыщIагъэ щыземыкIуэу къэгъуэгурыкIуэ  къуажэ цIыкIум  нобэ щыпсэу  щIэблэм  я  нэхъыжьхэм   я  Iуэху  дахэм  пащэну,  ирагъэфIэкIуэну,  жылэм  и  пщIэр  нэхъри  яIэтыну.      

 

 САУТ   СулътIан.

Поделиться:

Читать также: