Фэтэрхэр къагъэщIэрэщIэж

2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт унэу 92-рэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэр иджыри псэупIэу 5-м щрагъэкIуэкIынущ, 3-м - лифту 8 щызэрахъуэкIащ.

КъБР-м фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и фондым и унафэщI Кулиев Мустафир зэрыжиIамкIэ, а Iуэхугъуэхэм сом мелард 1,3-рэ хухахащ икIи псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIауэ зэхагъэува программэмрэ зэхуагъэувыжа пIалъэхэмрэ тету мэлажьэ.
 

ЩЭУЕЙ Мылэ.
Поделиться:

Читать также: