КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ си гуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
Урысейм къикIуа тхыдэм мыхьэнэ нэхъ зиIэу хэт Iыхьэхэм епхащ мы махуэшхуэр, ди Хэкум и блэкIа щэджащэр, ди цIыхубэм зэрахьа лIыгъэмрэ абы гушхуэ зэрыкIуэцIылъымрэ дигу къигъэкIыжу. Хэкур фIыуэ зэралъагъур, быдэу зэрызэрыIыгъыр, я акъыл зэрызэтехуэр ди адэжьхэм мызэ-мытIэу сэбэп къахуэхъуащ, лъэхъэнэ хьэлъэхэр къызэранэкIын папщIэ.
Дэ дрогушхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм къахэкIауэ, Хэкур лъэхъэнэ гугъухэм зыхъумахэм икIи дахуэарэзыщ нобэ лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым и лIыкIуэ псоми ябгъурыту, Урысейм и къуэкIуэну махуэр шынагъуэншэ хъун папщIэ, Iэщэ яIыгъыу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм.
Ди къэралым и Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу игъэувауэ йокIуэкI. Нобэрей махуэшхуэм а унафэм мыхьэнэщIэ кърет икIи нэхъри нэхъ быдэу дызэкъуегъэувэ, ди Хэкум и пщIэр, и щхьэхуитыныгъэр, и щIыхьыр мамыр гъащIэм хуэгъэпса лэжьыгъэрэ хахуагъкIэ тхъумэн хуэдэу.
Шэч къытесхьэркъым апхуэдэу быдэу дызэрыIыгъмэ, дэтхэнэ гугъуехьми дызэрыпхыкIыфынум, ди Хэкур ефIэкIуэн папщIэ зыхуэдгъэувыжа къалэн псори зэрытхуэгъэзэщIэнум.
Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, фIыгъуэ фыщымыщIэу фыпсэуну гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу.