ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу

1611 гъэм Новгород Ищхъэрэ и утым иту къалэдэсхэм захуегъазэ Минин Кузьма: «Дыщысхьынкъым мылъкуми ди щхьэми». А псалъэхэм я мыхьэнэр зыху­зэ­фIэкIхэмрэ уэркъхэмрэ я мызакъуэу, цIыху къызэры­гуэкI­хэми, мэкъумэ­шы­щIэхэми, дин лэ­жьакIуэхэми къагуры­Iуэрт. Апхуэдэурэ къэхъуат польшэ-литва дзэм пэщIэтыну етIуанэ ополченэр - ар унафэкIэ къызэрагъэпэща дзэтэкъым, а­тIэ цIыху напэм къызэрезэгъ зэкъуэувэныгъэт… 

Адыгэхэр мы махуэм нэгъуэщI нэкIи ­доплъ Урысейм къытеуам дзэзешэу пэ­щIэ­тар Черкасскэхэм ящыщ Дмитрийщи (Къанщауэ). Ар Идар Темрыкъуэ и къуэрылъхут. 
ЛIэщIыгъуэхэр дэкIа нэужьи, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм узригъэгупсысыр Iуэху еплъыкIэ зэмыщхьхэр зиIэхэри, мылъкурэ IэнатIэкIэ зэхуэмыдэхэри я къэкIуэнум и хьэтыркIэ абы зэрызэкъуигъэувэрщ.
1612 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм нэхъыщ­хьэу къыхэхыпхъэр зы гупыр адрейм зэрытекIуаракъым, атIэ къэрал кIуэцIым зэры­щызагуэшыр, зэрыщызэмызэгъыр къызэ­ры­зэранэкIыфар арауэ къыщIэкIынщ. ЕтIуа­нэ цIыхубэ дзэ пакIэми лIакъуэ зэхуэ­мы­дэхэм щыщхэр, Iуэху еплъыкIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр зиIэхэр щызэкъуэуват, ­псоми я зэхуэдэ мурадыр - къэралыр хъумэ­ныр - яIэу.
Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Минин Кузь­марэ Пожарский Дмитрийрэ зэкъуэувэну цIыхубэм унафэ хуащIатэкъым - абыхэм Iэмал иратащ зэгурыIуэу зы лъэныкъуэкIэ плъэ­ну. Аращ махуэшхуэм и дерс нэхъыщ­хьэр: зэкъуэтыныгъэр псоми я къару зэ­хэлъщ. 
Ди республикэр щапхъэу жыпIэ хъунущ абы теухуауэ. Мыбдеж лIэщIыгъуэкIэрэ щы­зэдопсэу адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр, нэгъуэщI лъэпкъ куэдми щыщхэр. Ахэр зэгъусэу зэдыхэтщ жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм. Псапэ щIащIэн Iуэху къыкъуэкIмэ, сыт хуэдэ лъэпкъым ущыщми щыщIэупщIэркъым, сыткIэ дывдэIэпыкъун, жаIэ мыхъумэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкъуэтыныгъэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха щиIэщ. Абы и щыхьэтщ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и фэеплъи («Урысейм игъащIэкIэ дыщIыгъунущ» аркэр 2007 гъэм яухуэри, фокIадэм къызэIуахауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ зэрызэгухьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу), лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я цIэхэр зэгъусэу зытет, Хэку зауэшхуэм и фэеплъ мывэхэри зэрыдиIэр. 
Зэрыхабзэу, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и ма­хуэм ирихьэлIэу, республикэм щэнхабзэ зэхыхьэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, пшыхьхэр щокIуэкI. 2026 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-р бэ­рэжьейм тохуэ. Махуэшхуэр зэгъусэу ягъэ­лъэпIэну ЩIалэгъуалэм я унэм цIыхухэр ирегъэблагъэ (щэкIуэгъуэм и 3-м) ди къэралым ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэзы­шэлIэну «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныгъэ» зыфIаща фестивалым. 
Махуэр ирагъэжьэнущ «ЕплIанэ махуэм и дэлэн» («Пирог на четвёртое») урысейпсо IуэхумкIэ. Къызэхуэсахэр ягъэхьэщIэнущ лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ. Апхуэдэуи ­цIы­хухэр щагъэгъуэзэнущ щыгъыным дамыгъэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр зэрытращIыхь щIы­кIэм. Зэхуэсым и Iыхьэ нэхъыщхьэ ­хъунущ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэм я лъэпкъ хабзэхэм я еджапIэ» Iуэхум кърикIуахэр къызэщIакъуэжыныр. Ар иджы­ри зы Iэмалщ ди республикэм ис лъэпкъ­хэм я хабзэхэм я къулеягъыр ягъэлъэгъуэнымкIэ.
Махуэшхуэм пащэнущ республикэм и уэ­рэ­джыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм. ХьэщIэхэм цIыхубэ джэгухэри къапоплъэ, фестивалыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и КВН лигэм и гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэкIэ иухынущ. Къыхэгъэщын хуейщ Зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ нэгъуэщI Iуэху куэд республикэм зэрыщекIуэкIынур.
Тхыдэтххэм къытхуагъэнаIуэ: зэманым и зэхэзэрыхьыгъуэр (Смутное время) къызэ­рызэранэкIар Iэщэкъым, атIэ зэгурыIуэныгъэм и къарурщ. Дзыхь щызэхуамыщIыж жы­лагъуэм зэпIэзэрытыныгъэр щокIуэд. Ауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щызэгурыIуэ жы­лагъуэм зэман гугъухэри къызэренэкIыф. Лъэпкъ куэду зэхэт ди республикэм дежкIэ а псалъэхэм я мыхьэнэр цIыкIукъым, зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэщ. 
ЩэкIуэгъуэм и 4-м зэкъуэтыныгъэм дытепсэлъыхь къудейуэ къэмынэу, ар IуэхукIэ щытхущIэгъэбыдэн тхурехъу. Уи гъунэ­гъум удэIэпыкъуфмэ, нэгъуэщIым и Iуэху дэ­пIыгъыфмэ, зым адрейм пщIэ хуищIыф­мэ - аращ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэ хъужыр. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: