ПщIэрэ щIыхьрэ зэрылъ лъахэ

Урысей Федерацэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм, «Россотрудничест­во» агентствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэгъусэу къы­зэрагъэпэщри, «Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» прог­рам­мэм ипкъ иткIэ, ди хэкум кърагъэблэгъащ хамэ къэ­ралхэм щыхэхэс адыгэ­хэр. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ мы Iуэхур къыдахащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым техуэу икIи ди республикэр езым фIэ­фIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 470-рэ щрикъум ипэ къихуэу. 

Москва, Налшык, Черкесск ирагъэлъагъуну, ира­гъэ­цIыхуну, адэжь щIыналъэм щекIуэкI псэукIэмрэ Iэмалхэмрэ зыщагъэгъуэзэну кърагъэблэгъащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, Абхъазым щыщ ди лъэпкъэгъуу цIыху 20-м щIигъу. 
Къалащхьэм щекIуэкIа зэIу­щIэхэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий зи пашэ лIыкIуэ гупри. Абыхэм яхэтт Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. 
Къэрал зытхухым щыщ адыгэ цIыху 40-м щIигъум Москва щагъэкIуа махуищым къриубыдэу Iуэху гъэщIэгъуэн куэдым хэтащ. Хэхэс адыгэ­хэмрэ хэкурысхэмрэ щыхьэ­рым и дахагъымрэ инагъым­рэ ирагъэлъагъуу, и тхыдэм щагъэгъуазэу къалащхьэм къыщрашэкIа нэужь, адыгэ­хэмрэ урысхэмрэ я зэпы­щIэныгъэм, зэкъуэтыныгъэм, щэнхабзэ зэдэлэжьэныгъэ­хэм щыхьэт техъуэ тхыдэ щIы­пIэхэм яшащ. Москва Кремлым и Музейхэм ящыщу къыщыщIадзар Оружейнэ палатэрщ. Ар хъугъуэфIы­гъуэ, лъапIэныгъэ куэд зы­щIэлъ, Кремль Уардэунэм и зы Iыхьэщ. Абы щахъумэ па­сэрей къэрал регалиехэр, пащтыхьым и фэилъхьэгъуэ ехьэ­жьахэр, дыщэ, дыжьын, налкъутналмэс зыхэс тажхэр, урыс чыристан члисэм и иерарххэм я щыгъынхэр, ды­щэ, дыжьын хьэпшыпхэмрэ унэ­лъащIэхэмрэ, Iэщэ лIэужьыгъуэхэр, уеблэмэ лIэщIыгъуэ, илъэс зэхуэмыдэхэм пащтыхьхэр къызэрырашэкIыу щыта гу гъэщIэрэщIахэр, нэгъуэщIхэри.
Хамэ къэралхэмрэ Урысейм и щIыналъэхэмрэ икIа гупышхуэр щыIащ Кремлым и Архангельскэ члисэм, Гроз­ный Иван и щхьэгъусэу щыта, Къэбэрдейм и пщышхуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Марие и хьэдэр зыщIэлъым. Пащтыхь гуащэхэмрэ пащтыхьыпхъу­хэмрэ я хьэдэхэр Архан­гельскэ члисэм и щIыунэм 1929 гъэм къахьыжауэ щытащ, ахэр зыщIэлъа къулъшы­ры­фыр къагъэуа нэужь. 
Грозный Иван и етIуанэ щхьэгъусэ Марие 1561 гъэм Москва къашэу, урыс пащтыхь гуащэ хъуауэ зэры­щытар къыджиIащ музейм и лэжьакIуэм. Абыхэм я къуэ цIыкIур щыщIалъхьа щIыпIэр зыми ищIэжыркъым, хуэгъэфэщауэ фIэкIа, мазэ зыбжанэщ ар зэрыпсэуар. XXI лIэ­щIыгъуэм и пэщIэдзэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ­хэм япкъ иткIэ, щIэныгъэлI­хэм ягъэбелджылащ Марие и лъагагъыр зы метррэ сантиметр 60-м нэблагъэу зэры­щытар. Ар а лъэхъэнэм бзылъ­хугъэ лъагэу жыпIэ хъунут, цIыхухэр абы щыгъуэм нэхъ лъахъшэу зэрыщытам тепщIыхьмэ. Абы ипкъ иткIэ, Марие и бэныр нэхъ инщ, адрей пащтыхь щхьэгъусэу щы­тахэм яйм нэхърэ. Марие и къупщхьэ къагъуэтыжахэм мы­шьяк куэд зэрыхэлъар ­къахутащ, ауэ абы щхьэкIэ щыхьэт утехъуэфынукъым ар ягъэлIауэ жыхуаIэ Iуэху еп­лъы­кIэм, мышьякыр хущхъуэ папщIэу зэманыжьым къа­гъэсэбэпу зэрыщытам къы­хэкIыу, ар сымаджэ хъууэ ягъэ­хъужагъэнкIи хъунущ. Ма­рие и щхьэ къупщхьэр ­хъума зэрымыхъуар, Грозный Иван и щхьэгъусэу щыта бзылъхугъиплIым я хьэдэхэр пластик кейсхэм далъхьэу, мывэ бэнхэм иралъхьэжауэ зэрыщытым дыщигъэ­гъуэ­защ­ дыкъезышэкIа бзылъ­хугъэм. 
Щыхьэрым щыхьэщIэхэр адэкIэ щы­Iащ Москва къалэм и Новоспасскэ ставропигиальнэ къулъшырыфым. Знаменскэ члисэм урыс лъэпкъ щэджащэхэм (Романовхэ, Шереметьевхэ, н.) къахэ­кIахэм нэмыщI, Черкасскэ пщыхэм я хьэдэхэр щыщIалъхьащ. Къэбэрдей-­Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ щрикъум ирихьэлIэу, Черкасскэ лъэпкъым щыщхэм я фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахауэ щытащ абы.
Ди къэралым и тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыдащ Черкасскэхэм, ахэр щытащ урыс къэрал унафэщIхэм я дзыхь зрагъэз, я дарэгъу цIыхухэу. Члисэм фIэлъ фэеплъ пхъэбгъум тетхащ: «Мыбдеж, Новоспасскэ къулъшырыфым и Знаменскэ члисэм, щIэлъщ Черкасскэ пщыхэм я лIакъуэм щыщхэр. Черкасскэ пщыхэр (Темрыкъуэ, Къамболэт, Сэнджэлей, Бекович сымэ я щIэблэхэр) къызыхэкIар Къэбэрдейм щыщ шэрджэсхэрщ. 1561 гъэм къыщыщIэдзауэ абыхэм Къэрал Уна­фэщIым Москва къалащхьэм къу­лыкъу щыхуащIащ, пащтыхь Иван IV Темрыкъуэ ипхъу Марие щхьэгъусэ ­хуэхъуа нэужь. Хэкум и къуэ пэжхэм яхэтащ генералиссимусрэ канцлерышхуэ­рэ, губернаторхэмрэ дзэхэм я уна­фэщI­хэмрэ, боярхэм я думэм пщIэ зыхуащIу хэта цIыху 12. Къулыкъу зэмылIэужьы­гъуэхэм пэрытурэ, Черкасскэхэм хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуащIащ Урысей къэра­лыгъуэр зэфIэувэным. А нэхъыжь щэджащэхэм я фэеплъу икIи Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 460-рэ щрикъу илъэсым и щIыхькIэ мы пхъэбгъур ­ягъэуващ абыхэм фIыщIэ яхуэзыщI я щIэблэм къабгъэдэкIыу. Я псэр здэкIуам Тхьэм щигъэтынщ». 

КъБР-м и хэщIапIэу Москва щыIэм

Хамэ къэралхэм, Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм хиубыдэ хэгъэгухэм икIа адыгэхэр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыкIуэм и хэщIапIэу Москва щыIэм. Абы хьэщIэхэм къащыIущIащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м я лIыкIуэу зэ­пы­мычу Москва щыIэхэу Быкъыш Ратмир, Дер Эдуард, Мыгу Беслъэн сымэ. Бысымхэм къызэрыджаIамкIэ, ди хэщIапIэр УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 1992 гъэм къызэрагъэпэщащ. Морозов Сергей и уардэунэр КъБР-м хухахри, и уней мылъкуу къратащ. Илъэс 30-м щIигъуауэ мэлажьэ. Унэ зыбжанэ дэтщи, зым хьэщIэхэр щрагъэблагъэ, сэмэгурабгъумкIэ щытыр КъБР-м и Iэтащхьэм и резиденцэщ, Москва кIуа нэужь, зэIущIэхэр щригъэкIуэкIыу. 
Представительствэм щызэхэта зэхуэ­сыр къыщызэIуихым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ ди лъэп­къым къыхэкIа лIы щэджащэ куэдым Москва ижь-ижьыж лъандэрэ лэжьыгъэ купщIафIэ щрагъэкIуэкIыу, лIыгъэ яхэ­лъу, пащтыхьхэм я дзыхь кърагъэзу зэ­ры­щытар, иджыпстуи IэнатIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэ куэдым щыпашэу Москва адыгэхэр зэрыдэсыр. 
- Иджырей лъэхъэнэм и гугъу пщIымэ, зэман тыншкъым дыщыпсэур. Илъэс 500-м щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, Москва къэкIуа ди лъэпкъэгъухэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, Iущагъымрэ зэфIэкIымрэ нобэ ди деж къэсащ. Абыхэм я фэеп­лъым Кремлым щаIэ пщIэр флъэгъуащ, а щIалэхэм я цIэхэр зэрахьэ Москва и уэрам зыбжанэм. Дэ фIыщIэ яхуэтщIыну дыхуейщ мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм. Ди лъэпкъэгъухэм дрипагэ къудейкъым, атIэ а зэман жыжьэм хэкум, лъэп­къым я Iуэхур нэхъыфI зэрыхъуным иужь иту Урысеишхуэм и жьауэм щIэува уна­фэщIхэм я лъэбакъуэмкIэ дэ нобэ жэ­уаплыныгъэшхуэ зэрытхьыр зыхыдощIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ къызэрыхигъэщу щытам хуэдэу жысIэнщи, гу къабзэрэ псэ къабзэкIэ Урысейм ухуэлэ­жьэ­ным къикIыр укъызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнур фIы хъуным ухущIэкъунырщ, - къыхигъэщащ ДАХ-м и тхьэмадэм.
Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ зэкъуэш республикищыр сыт и лъэныкъуэкIи зэ­пыщIауэ зэрыщытыр, абыхэм я Iэтащхьэхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрызэ­дэлажьэр. Апхуэдэ дыдэу хэгъэгухэм я хэщIапIэу Москва щыIэхэми я лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрырахьэкIыр игъэбелджылащ. Дер Эдуардрэ Мыгу Беслъэн­-рэ жаIащ я хэкуэгъуу, лъэпкъэгъуу Москва IуэхукIэ къакIуэхэми, зи узыншагъэм кIэлъызыгъэплъхэми, щеджэхэми, щы­лажьэхэми яхуэзэну, ядэIэпыкъуну, къэувыIэпIэ къыхуагъуэтыну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр. 
Апхуэдэ дыдэу Быкъыш Ратмир жиIащ мы хэщIапIэр Москва адыгэу къекIуа­лIэм я унэу, я зэхуэзапIэу зэрыщытыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэхэр зэры­щригъэкIуэкIыр. 
Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъымрэ ­хуигъэфэщащ Быкъыш Ратмир, ап­хуэ­дэуи саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ Дер Эдуардрэ Мыгу Беслъэнрэ.

МИД-м и Уардэунэм 

ЕтIуанэ махуэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и Уардэунэм ще­кIуэ­кIащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ пщIэрэ щIыхьрэ пылъу къикIуа гъуэгуанэм теухуа стIол хъурей. Зэ­IущIэр иригъэкIуэкIащ Пасэрей актхэмкIэ Урысей къэрал архивым и унафэщI Аракчеев Владимир. Абы хэтащ УФ-м и Президентым Хамэ къэрал щэнхабзэ зэдэлэжьэныгъэхэмкIэ и лIыкIуэ хэха - Урысейм и МИД-м къалэн щхьэхуэхэмкIэ и посол Швыдкой Михаил, «Рос­со­труд­ничество»-м и унафэщI Чайкэ Игорь, ­КъБР-м къыбгъэдэкIыу УФ-м и Феде­ральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ, ЩIДАА-м и тхьэма­дэ Къанокъуэ Арсен, сенатор, ФедерацэмкIэ Советым ХъыбарегъащIэ политикэм­рэ СМИ-м дэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Пушков Алексей, Къэрал Ду­мэм и депутат Ковалев Сергей, УФ-м и Жылагъуэ палатэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, дин зэхущытыкIэхэмкIэ, Iэпхъуэшэпхъуэ­нымкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Зорин Владимир, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Бедкин Станислав, Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу центру Москва щыIэм и лIыкIуэ нэхъыщхьэ, Дунейпсо ислъам миссием и унафэщI ПщыхьэщIэ Шафихь, Москва дэс адыгэхэм я нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агъырбэ Юрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къас­болэт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и щIэныгъэ секретарь, ­КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, хамэ къэралхэмрэ Урысейм и щIыналъэхэмрэ щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр, нэгъуэщIхэри. 
ЗэIущIэр къыщызэIуахым УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей стIол хъурейм хэтхэм зэрызахуигъазэм къеджащ Швыдкой Михаил. Абы щыжеIэ: «Урысейр лъэпкъ куэду зэхэт, дин зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрахьэ къэ­ралщ, цивилизацэ здэщыIэ, мамы­ры­гъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ игъащIэ ­лъандэрэ зэрылъ лъахэщ. А лъапIэныгъэхэр адэкIи тхъумэнущ, ди зэфIэкI уасэншэмкIэи хамэ къэрал лэжьэгъухэм дадэгуэшэну дыхьэзырщ.
Адыгэхэм я тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ди къэралыгъуэм и лъэхъэнэ зэ­хуэмыдэхэм. Адыгэ лъэпкъым щыщ лIы щыпкъэ куэдым къэрал къулыкъущIапIэхэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, дзэм епха IэнатIэхэм екIуу зыкъыщагъэлъэ­гъуащ. Урысейм зегъэужьыным, егъэ­фIэ­кIуэным я гуащIэ ин халъхьащ, иджы­ри къыздэсым хуэлажьэ зэпытщ. Абыхэм я зэфIэкIхэм дрогушхуэ.
Псом хуэмыдэу нэщэнэфIщ мы зэIущIэр Урысейм и Президент Путин Вла­димир и УнафэкIэ ягъэува, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым зэрекIуэкIыр. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу нобэрей зэпсэлъэныгъэр купщIафIэу зэрыщытынур, дзыхьымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным, жылагъуэ, цIыхубэ дипломатием и къарур адэкIи къызы­къуэхыным зэрыхуэлэжьэнур». 
«Россотрудничество» агентствэм и уна­фэщI Чайкэ Игорь, адрей къулыкъущIэхэм стIол хъурейм хэтхэм фIэхъус пса­лъэкIэ зыхуагъэзащ. Къанокъуэ Арсен фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсыр къызэ­зыгъэпэщахэу УФ-м и МИД-мрэ «Россотрудничество» агентствэмрэ. «Нобэрей Iуэхур ди нэхъыжьхэм я фэеплъыр зэ­рытхъумэм, я гуащIэрэ зэфIэкIрэ къэ­ралышхуэм и зэфIэувэныгъэм зэры­халъхьар зэрытщымыгъупщам, лъэпкъ къэс и къарур къэралышхуэм щызэ­дэп­сэухэм я зэгурыIуэныгъэм зэрыхэлъыр къызэрыдгурыIуэм и щыхьэтщ. НобэкIэ ди къалэныр блэкIам къэткIуа гъуэгуа­нэм дриплъэжыным и закъуэкъым, атIэ дэнэ щыпсэу адыгэри зэпыщIэныр къы­зэгъэпэщынырщ. Дэ хамэ къэралхэм щып­сэу адыгэхэм я деж нэтхьэсын  хуейщ ди лъэпкъыр Урысейм зыхуей щыхуэзэу зэрыщыпсэур. Дэ къэкIуэнум дытолажьэ, къытщIэхъуэ щIэблэр до­гъасэ, щIэныгъэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ зэрабгъэдэтлъхьэным иужь дитщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр хэхэс адыгэхэм щыхуейм деж Урысейм къагъэзэжыну Iэмал зэраIэр къагурыгъэIуэнырщ», - жи­Iащ Къанокъуэм.
Сэхъурокъуэ Хьэутий и къэпсэлъэныгъэр триухуащ адыгэ лъэпкъымрэ Урысеймрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэпхауэ къы­зэ­рыгъуэгурыкIуэм, пщIэрэ щIыхьрэ я зэ­хуаку дэлъу ноби зэрызэгъусэм. Идар Темрыкъуэ ипхъу Марие Грозный Иван щхьэгъусэу ишэу, абы и дэлъхухэм къу­лыкъушхуэхэр яIэу къэралыгъуэм зэры­хуэ­лэжьам деж къыщыщIэдзауэ Совет властым лъэпкъ цIыкIухэм папщIэ ищIахэр къыхэщу къэпсэлъащ тхьэмадэр. 
- Адыгэхэр нобэ лъэпкъыбэу зэхэс Урысейм и зы Iыхьэщ, абы и зыужьыныгъэм я къару емыблэжу хуэлажьэу, - жиIащ Сэхъурокъуэм. - Зэманым нэхъ быдэ дэхъуу къэгъуэгурыкIуэ а зэпыщIэныгъэр куэдым я щапхъэщ. Ар ноби IэщIыб тщIы хъунукъым. Псом хуэмыдэу иджыпсту, тхыдэм и напэкIуэцIхэр зэрыхуейуэ зэ­радзэкIыу утыку къыщрахьэ, ди лъэпкъ тхыдэм хэта Iуэхугъуэ гуузхэр Iэщэу къагъэсэбэпу, ди лъэпкъэгъухэр щагъэщ­хьэрыуэ лъэхъэнэм. БлэкIам и дерсымрэ ди лъапIэныгъэхэр зэрытхъумэмрэщ сэбэп къытхуэхъунур. Абы къыхэкIыу, тхы­дэм епха щIыпIэхэр къызэхэп­кIу­хьы­ным, блэкIа пэжым щыхьэт техъуэ Iуэху­хэр зэбгъэщIэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди къэралым и Президентыр нобэ хэ­-хауэ IуэхугъуитIым я телъхьэщ: дзэ Iуэху хэхар ди текIуэныгъэкIэ иухынымрэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымрэ. А зэкъуэтыныгъэр щыдолъагъу зауэ губгъуэм. Ди къарур зыхэлъыр дызэры­зэ­мыщхьырщ, дызэмыщхьми, дызэрызэкъуэтырщ. Къэрал политикэм лъабжьэ хуэхъур щхьэж езым и хабзэр, щэнхабзэр, тхыдэр ихъумэжынырщ. Абы щы­хьэт тохъуэ ди республикэхэм - КъБР, КъШР-м, АР-м - адыгэбзэм къэрал статус зэрыщаIэр. 
Сэхъурокъуэм и гугъу ищIащ къэралым и лъабжьэр быдэ хъуным зэман жыжьэм хуэлэжьахэм къакIэлъыкIуэу, иджырей лъэхъэнэми лIы щэджащэ куэд щыхьэрым зэрыщылажьэм, сенаторхэр, депутатхэр зэрыдиIэм, политик лъэрызехьэу, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ лъэпкъым, хэкум хуи­щIахэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблеемрэ зэры­зэдалэжьэм, нэгъуэщIхэми. 
Дзэмыхь Къасболэт зэпкърыхауэ къы­теувыIащ адыгэхэм къакIуа тхыдэ гъуэ­гуанэм нэхъыщхьэу хэта Iуэхугъуэхэм. Щхьэгъэпсо Сэфарбий и къэпсэлъэ­ныгъэм къыхигъэщащ къэрал 50-м щIигъум щикъухьа адыгэ лъэпкъым и Iуэху зэрихуэу ДАХ-мрэ ЩIДАА-мрэ фIэкIа ­нэгъуэщI зэгухьэныгъэ дунейпсо геополитикэ картэм зэримытыр. Щхьэгъэпсор къытеувыIащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и тхыдэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм, жылагъуэ академиехэр къызэрыу­нэхуам, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и къалэнхэм, 2040 гъэ пщIондэ ялэжьынухэм теухуа программэм, къыдагъэкI тхылъхэм, нэгъуэщIхэми. 
Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерст­вэм гупыж ищIу къыдиха Iуэхум нэгъуэщI хэкухэм щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэхэм я лъабжьэр къыщежьэ Урысейм ягукIи я псэкIи къыхуэгъэзауэ зэрыщытыр, зэгурыIуэ­ныгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ нэхъри ирагъэфIэкIуэнымкIэ хэхэс адыгэхэм ­ялъэкI къызэрамыгъэнэнур къыхэщу къэпсэлъащ Кавказ Хасэхэм я федерацэу Тыркум щыIэм и тхьэмадэ Хьэлауэ Юнал, Иорданиемрэ Сириемрэ щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Къат Хьишамрэ Хьэлащтэ Ибрэхьимрэ, Европэ къэралхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм и унафэщI Вэрокъуэ Затий, Израилым, Кфар-Камэ дэт, Адыгэ щIэинхэмкIэ центрым и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьер, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэ­щэгъу МэшхуэфI Нэждэт сымэ, нэгъуэщI­хэри. Москва щыщ къулыкъущIэхэр уб­гъуауэ тепсэлъыхьащ адыгэхэмрэ урыс­хэмрэ я зэпыщIэнымрэ ар дяпэкIи гъэ­быдэн зэрыхуеймрэ. 
ЗэIущIэм и кIэухым, Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъхэмрэ яритащ Москва пщIэрэ щIыхьрэ яIэу, IэнатIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм пэрыту щыIэ цIыху зыбжа­нэм. Апхуэдэу ягъэлъэпIащ Москва дэс адыгэхэм я нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агъырбэ Юрэ, «Нефтиса» ­НК-м и унафэщIхэм я советым и тхьэма­дэ Семэн Юрэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, IэщIагъэм зэпымыууэ щы­хурагъаджэ Урысей медицинэ акаде­мием (РМАНПО) сабий нейрохирургиемкIэ и кафедрэм и профессор, Сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэ­ныгъэ-къэхутакIуэ институтым нейро­хирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI, ­«Дохутырхэм я хасэ» жылагъуэ зэгу­хьэ­ныгъэм и унафэщI Семэн Жаннэ, онколог-уролог, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Граждан авиацэмкIэ центральнэ клиникэ сымаджэщым и ­дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Пщы­хьэщIэ Ахьмэд сымэ. 
А махуэм хьэщIэхэм зыщрагъэп­лъы­хьащ Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и Уардэунэм. Морозовэ Зинаидэ и уардэунэр XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым яухуа, Москва дэт фэеплъ унэхэм ящыщщ. Пасэ зэманым меценат цIэ­рыIуэ Морозов Саввэ и щхьэгъусэм хуригъэщIа унэ гъэщIэрэщIар псоми къахощ. Ар 1929 гъэм щегъэжьауэ МИД-м ейщ, Зинаидэ и унэлъащIэхэр къагъэщIэ­рэ­щIэжри, унэр зэрагъэпэщыжауэ, иджы Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм хьэщIэ къегъэблэгъапIэу къегъэсэбэп, Лавров Сергей и лэжьэгъухэм щахуозэ. 

Хэкум и щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъагъу

Апхуэдэ щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн куэд щалъэгъуа Москва къилъэтыкIыжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжа гу­пы­ш­хуэм Налшыки куэд къащыпэп­лъэрт. ДАХ-мрэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министертвэмрэ я нэIэ щIэту, «Россотруд­ни­чество»-м къригъэблэгъа гупышхуэм щIыпIэ телъыджэхэр къызэхакIухьащ, хэкурысхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэ­лъэгъуащ. Псом япэу удз гъэгъахэр тралъ­хьащ МафIэ мыужьыхымрэ Идар Темырыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и фэеп­лъымрэ. ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ егъэ­джэныгъэ Iуэхур республикэм зэры­щызэтеухуам. Къалэн куэд щагъэзащIэ гимназиеу илъэситI ипэкIэ Налшык къы­щызэIуахам курыт щIэныгъэ щрат еджапIэм нэмыщI, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтри хэтщ. Абы и пэIущIэ пэшым цIыкIухэм я лъэгу щыщIагъэплъри, еджапIэ классхэр, шхапIэхэр, библиотекэр, гупжьей зэмылIэу­жьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI пэшхэр ирагъэлъэгъуащ. КъБР-м лъэпкъыбзэхэм зегъэужьынымкIэ и лабораторэм и уна­фэщI Щоджэн Iэминатрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель Табыщ Муратрэ адыгэбзэмкIэ егъэджа­кIуэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм къахутепсэлъыхьащ, егъэджакIуэхэм хуа­гъэ­защ. ХьэщIэхэр щIэупщIащ хэкурыс щIалэгъуалэм адыгэбзэм хуаIэ щыты­кIэм, къыдэкIуэтей щIэблэм анэдэлъху­бзэр яIурылърэ-яIэщIэхурэ, нэгъуэщIхэми, езыхэри щыпсэу къэралхэм щыщыIэ щытыкIэхэмкIэ егъэджакIуэхэм ядэгуэшащ. Гупым зрагъэлъэгъуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ кол­леджыр.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, сыт щыгъуи хуэдэу, Iэтауэ щрагъэблэгъащ хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэр. Абыхэм къапежьащ ЩIа­лэгъуалэ политикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ управленэм и унафэщI Къу­мыкъу Резуан. Адыгэ, балъкъэр, урыс фа­щэхэмкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ махъсымэбжьэр кърахьэ­жьащ, нэхъыжьхэр ерыскъы IэфIхэм ­хагъэIэбащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэр зэрисым, университетми ап­хуэдэ куэд зэрыщеджэм и щыхьэту пэIущIэ пэшым щегъэувэкIат лъэпкъ зэ­мылIэужьыгъуэхэм я шхыныгъуэхэмкIэ узэда Iэнэхэр. Ахэр къызэрагъэпэщат адыгэ, балъкъэр, урыс щэнхабзэ центрхэм. ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым цIыхухъу, цIы­хубз фащэхэмкIэ, адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэмкIэ зы плIанэпэр иухуат. ХьэщIэхуэфIу зэрыщытыр нэры­лъагъуу, лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIхэр, пхъэ­щхьэмыщхьэр матэкIэ, IэфIыкIэр куэду къыпрахьэжьащ. Абдеж щызэхаша джэгум щIалэгъуалэм я лъэгу щы­щIагъэплъащ тхьэмадэхэр, езыхэри яфIэфIу утыку къихьащ. 
Сирие Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къат Хьишам къиухар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетырщ. Абы и фIыгъэкIэ, хэкум къэкIуэж лъагъуэм пасэу къытеувахэм ящыщщ, адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу егъэшэрыуэ. «Сэ 1985 гъэм ухуакIуэ IэщIагъэр сиIэу къэзухауэ щытащ мы еджапIэр. Си хэкум сы­зэрыщеджам мыхьэнэшхуэ щиIащ си ­гъащIэм. Си бзэр, си лъэпкъ хабзэхэр, си тхыдэр, сыкъызыхэкIар сщIэжу сыкъэп­сэуащ, си щIэблэми ябгъэдэслъхьащ а хъугъуэфIыгъуэхэр. Мыбдеж адыгэ ­джэгукIэхэмкIэ сабийхэр щытоу, адыгэ ерыскъы IэфIхэр щашх, анэдэлъхубзэм щропсалъэ. Ахэр хъуэпсэгъуэщ, хъуэпсэгъуэшхуэщ. Дэри дыщыпсэу къэралхэм а лъапIэныгъэхэр щытхъумэну дыхэтщ, итIани и кIэм нэсу къыдэхъулIэркъым. Беягъри IэфIагъри здэщыIэр хэку­жьырщ», - жеIэ Хьишам. 
А махуэм тхьэмадэхэм Лъэпкъ музейми зыщрагъэплъыхьащ, абы и тхьэмадэ Накуэ Феликс адыгэ Iэщэхэр зэрагъабзэ щIыкIэхэр яригъэлъэ­гъуащ, пщы­хьэ­щхьэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым спектакль щеплъащ. 
Программэ хэхам тету хэкум къэкIуауэ щыхьэщIэхэм етIуанэ махуэм ЩIалэ­гъуалэм я унэм щахуэзащ КъБР-м и Парламентым и вице-спикер Къардэн Мурат, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Къуэшрокъуэ Залым, ­КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Джамбулат сымэ. Абыхэм жаIащ МИД-м, «Россотруд­ни­чест­во»-м, ДАХ-м къызэрагъэпэща Iуэ­хум зылъ зыщIэт, щIыпIэ зэпэщхьэхуэ­хэм щыпсэу зэкъуэшхэр зэрызэхуишэ­жыр, я лэжьыгъэр дэкIынымкIэ гъуэгугъэлъагъуэ зэрыхъур, хэкужьым и бжэхэр сыт щыгъуи зэрахузэIухар, къэкIуэну, къэкIуэжыну хуейхэм Урысейр пэрыуэгъу зэрахуэмыхъур. 
«Черкесский Ренессанс» жылагъуэ ­зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим утыку кърихьащ «Яндекс. Зэ­дзэ­кIакIуэ»-м адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэрыхагъэхьар. Абы сыт хуэдэ бзэ­кIи адыгэбзэр зэрыпхузэридзэкIым, ещ­хьыркъабзэу, нэгъуэщIыбзэхэр адыгэбзэ зэрыпхуищIым щигъэгъуэзащ къызэхуэсахэр Хьэчим.
А махуэм Гуэл щхъуантIэхэм я дахагъри зрагъэлъэгъуащ ди лъэпкъэгъухэм, Аушыджэр дэт «Идарей» зыгъэпсэхупIэм щагъэхьэщIащ. Абдеж хьэщIэхэр къа­фэрэ уэрэдкIэ щрагъэблэгъэри, Аушы­джэр адыгэ къуажэм и тхыдэм щыщагъэгъуэзащ, егъэджакIуэхэми еджакIуэ­хэми фIыщIэ ин хуащIащ ди лъэпкъэгъу­хэм. Шэрэдж районым и администра­цэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ефэнды Терезэ мыпхуэдэ Iуэхухэм хэхэсхэмрэ хэку­рыс­хэмрэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуищIыр, хамэ къэралхэм щикъухьа адыгэхэр адэжь щIыналъэмкIэ къызэригъэхъуапсэр жи­Iащ, икIи а къомыр къалъытэу ди къэрал унафэщIхэм кърахьэжьа мы проектым фIы куэд къыпэкIуэну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ. 
«Бахъсэн жыг хадэхэр» ООО-р но­бэ IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Абыхэм я мыIэрысэхэми хэп­лъэну Iэмал яIащ республикэм щыхьэ­щIэхэм. Гектар 530-м къыщыкI жыгхэм мыIэрысэ лIэужьыгъуэ нэхъ цIэрыIуэхэр къыпачыж. Ахэр щахъумэ щIыIалъэхэр ирагъэлъэгъуащ еблэгъахэм. ЩIыIалъэ 96-м мыIэрысэ тонн мин 25-рэ зэуэ щIохуэ.
АдэкIэ программэм тету, ди хэкуэгъу­хэр мы махуэхэм щохьэщIэ Къэрэшей-Шэрджэсым. Япэ махуэм и пщэдджыжьым Черкесск къалэм дэт Кавказ Ищхъэрэ къэрал академием щекIуэ­кIащ «Къэрэшей-Шэрджэсым ис лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр зэрахъумэ Iэмалхэр» стIол хъурейр. Абы доклад нэхъыщхьэ щызыщIа, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ тепсэлъыхьащ бзэр хъума хъунымкIэ икъукIэ сэбэп газет, журнал, тхылъ къыдэгъэкIыным и Iуэхур республикэм зэрыщыщытым. 
«Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр лъэпкъ куэд щыпсэу хэгъэгущ. Мыбы илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ зэгурыIуэу, мамырыгъэ яку дэлъу къыщызэдогъуэгу­рыкIуэ лъэпкъитху - адыгэхэр, абазэ­хэр, къэрэшейхэр, нэгъуейхэр, урысхэр. Абы­хэм ящыщ дэтхэнэми я бзэр къэралыбзэщ. 
Къэралым и нэIэ щIэту республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу хъуам лъэп­къыбзэхэр щадж. Лъэпкъыу хъуам я бзэхэмкIэ радиомрэ телевиденэмрэ лъэпкъ редакцэхэр щолажьэ, къыщы­докI къэрал газетитху: «Абазашта», «День­ Республики», «Къарачай», «Ногай давысы», «Черкес хэку». А псори зи нэIэ щIэтыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэмрэ Парламентым­рэщ», - жиIащ Люсанэ. Абы къыхигъэщащ КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIы­хубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм и къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм, тхылъ къыдэгъэкIынымкIэ лэжьыгъэм зегъэу­жьыныр, лъэпкъхэр зэрырагъаджэ тхылъ­хэр дунейм къытегъэхьэныр зэрыарар. ХьэщIэхэми бысымхэми къыхагъэщащ анэдэлъхубзэр щIэблэм зэращымыгъупщэн сыт хуэдэ Iэмалри къэгъэсэбэпын зэрыхуейр, бзэр кIуэдыжмэ, лъэпкъри зэрыщымыIэжынур. 
КъШР-м еблэгъахэр «Хьэбэз гипс» IуэхущIапIэм хьэрычэтыщIэхэм щахуэзащ, «Биберд» лъэпкъ комплексым абы и тхьэмадэ, политик, хьэрычэтыщIэ цIэ­рыIуэ Дер Вячеслав къащыIущIащ, Архъыз зыщагъэпсэхуащ.
Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ мы зэхыхьэхэр зыхуэгъэпсар иджырей Урысейм исхэм я псэукIэр гъэлъэгъуэным и закъуэкъым, атIэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри зэпыщIэнырщ, проектыщIэхэм лъабжьэ яхуэхъун гупсысэхэр къэгъэщIынырщ, щIалэгъуалэр адэжь хэкум къыдегъэ­хьэхыжынырщ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр мамырыгъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ я джэлэс щIынырщ. 
НЭЩIЭПЫДЖЭ  Замирэ,
КъБР-мрэ АР-мрэ щIыхь зиIэ я журналист. 
Москва - Налшык - Черкесск.

Поделиться:

Читать также: