IэнатIэм зеужьЩIыналъэм и цIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэным теухуауэ япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI. Мы илъэсым и япэ мазибгъум къриубыдэу республикэм щыпсэухэм ящыщу балигъ мин 230-м я узыншагъэм кIэлъагъэплъащ. Iуэхум цIыху нэхъыбэ къызэщIегъэубыдэнымкIэ икъукIэ щхьэпэ мэхъу ягъэIэпхъуэ медицинэ комплексхэр. «Япэ медико-санитар дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ апхуэдэ къудамэ щхьэхуэу 21-рэ республикэм щолажьэ: ягъэIэпхъуэ флюорографу 8, ФАП-у 9, маммографу 3, флюмамму 1. Абыхэм я фIыгъэкIэ IэщIагъэлIхэм яхузэфIокI къуажэ пхыдзахэм, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэн. ЦIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэнымкIэ лэжьыгъэ нэхъыбэ зи пщэ къыдэхуэр район, къалэ поликлиникэхэрщ. Иджырей Iэмэпсымэхэр зэраIэм, лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэрызэтраублам къыхэкIыу а Iуэхур хъарзынэу къызэгъэпэща мэхъу. Абы и фIыгъэкIэ узыфэ куэд хэмытIасэу къащIэ хъуащ. Къапщтэмэ, нэгъабэ елъытауэ, гу-лъынтхуэ, лышх узыфэу и чэзум къахутэфахэр фIыуэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм сымаджэ куэд узыфэ шынагъуэхэм щехъумэ. Лэжьыгъэр хуэунэтIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм узыншэу гъащIэ кIыхь къагъэщIэным. * * * КъБР-м и хирургие центрым и дохутырхэм ирагъэкIуэкIащ жьэжьей лъынтхуэхэм епха операцэ гугъу дыдэ. Апхуэдэ операцэ КИФЩI-м япэу щащIауэ аращ. Илъэс 29-рэ зи ныбжь цӏыхухъум и бгыр узу дохутырхэм захуигъэзащ. Къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ сантиметри 3-м нэс зи инагъ аневризмэр, зэпычынкӏэ шынагъуэ щыӏэу. Iэмал зэхуэмыдэхэр къагъэсэбэпурэ операцэр ирагъэкIуэкIащ. Дохутырхэр зыпэрыува Iуэху гугъум фIы дыдэу пэлъэщащ: лъыр тэмэму зэрагъэкIуэжащ, нэхъыщхьэращи, жьэжьейр яхъумащ. Операцэ ящIар тыншу икIи псынщIэу зэфIэувэжащ, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыуи, сымаджэщым щIатхыкIыжащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зыужьыныгъэфIхэр зэриIэм и фIыгъэкIэ щIыналъэм операцэ гугъу дыдэхэр щрагъэкIуэкI хъуащ – иджы сымаджэхэм къэралым и медицинэ центр инхэм зыхуагъэзэн хуейкъым. * * * Жьэн узыфэхэм щеIэзэ республикэ диспансерыр «Медицинэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ унэтIыныгъэм и IуэхущIапIэ нэхъыфI» урысейпсо лъэпкъ зэпеуэм и лауреат хъуащ. Апхуэдэ пщIэр IэнатIэм къыхуихьащ гупыр зэкъуэту зэрылажьэм, сымаджэр гъэхъужынымкIэ, узыфэхэр цIыхухэм къапкърымыгъэхьэн папщIэ иджырей Iэмалхэр жыджэру къызэрагъэсэбэпым. Жылагъуэ гулъытэмкIэ дунейпсо академием къызэригъэпэща къэпщытакIуэ гупым къыхагъэщащ диспансерым медицинэ дэIэпыкъуныгъэр зыхуей хуэзэу зэрыщызэтеублар, узыр къэхутэнымкIэ иджырей Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр и лъабжьэу я лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, Iэмэпсымэ лъэщхэр зэраIэр. Абы и фIыгъэкIэ сымаджэхэм IуэхущIапIэм щагъуэт фIагъышхуэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр. Нобэ диспансерыр цIыхухэр зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр щагъуэт сымаджэщ къудейкъым, атIэ ар и щапхъэщ щIыналъэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр жыпхъэ лъагэхэм тету къызэрызэрагъэпэщыфынум. * * * «Гъащӏэ кӏыхь икӏи жыджэр» лъэпкъ проектым хыхьэ «Фошыгъу узым пэщӏэтын» къэрал программэм ипкъ иткӏэ республикэм щолажьэ а узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм папщӏэ еджапIэ I7, абыхэм ящыщу тIур сабийхэм яхуэгъэпсащ. 2026 гъэр къызэрихьэрэ узыфэм узэрыпэщIэтыну Iэмалхэм хурагъэджащ балигъ 3897-рэ, сабийуэ 654-рэ. Фошыгъу узыр зыпкърыт сымаджэм щIэх-щIэхыурэ эндокринологыр зригъэплъкIэ, лъым хэлъ фошыгъур къригъэпщкIэ зэфIэкIакъым. Абы Iэмал имыIэу ищIэн хуейщ фошыгъу узыр зищIысыр, ар зэрызэщхьэщидз лIэужьыгъуэхэр. Дерсхэм сымаджэхэр щыхуагъасэ шхэкӏэ тэмэмым и хабзэхэм, лъым хэлъ фошыгъур мащIэмэ е куэдмэ къызэрыпщIэну Iэмал щхьэхуэхэм, абы зихъуэжа иужь щIэн хуейхэм, апхуэдэуи къыгурагъаIуэ физическэ жыджэрагъым и мыхьэнэр, медицинэ кӏэлъыплъыныгъэхэр щӏэх-щӏэхыурэ зэрырагъэкIуэкIыпхъэр. Сабий школхэм гулъытэ нэхъ щыхуащӏ сабийхэм психологие дэӏэпыкъуныгъэ зэрыратыным, а узыфэр зыпкърыт я ныбжьэгъухэм зэрыдекIуэкIыну щIыкIэм. Мы зэманым республикэм щыщу диспансер кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ фошыгъу узыр зыпкърыт сымаджэ мин 23-м щIигъу. Мыбыхэм я узыфэр щагъэпсынщIэным, я псэукIэр нэхъ тынш ящыщIыным хуэунэтIауэ IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирагъэкIуэкI. Фошыгъу узым и еджапIэхэм зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы къыщрат чэнджэщхэр икъукIэ щхьэпэщ узыр зыпкърыт сымаджэхэр зэрыхуэ щытыкIэ зэхуэмыдэхэм мыгужьейуэ къикIынымкIэ, я щытыкIэр хамыгъэтIэсэнымкIэ, IэзэгъуэщIэ къежьэхэм и чэзум щыгъуэзэнымкIэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




