Налшык къалэ и уэрам IэхуитлъэхуитхэрКъэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ жылэхэмрэ я автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ ди республикэм щрагъэкIуэкI. КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкаIэ и министерствэм къызэритамкIэ, абы адэкIи пащэнущ. ЖыпIэнурамэ, мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэж Налшык къалэм и «Стрелка» хьэблэм и гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ, псори зэхэту километри 5,4-рэ я кIыхьагъыу. НобэкIэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIащ икIи асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ щытралъхьащ Черкасскэм, Гикалэ, Лазо, Лихачевым, Мэсейм, Тельман, Шевцовэм я цIэхэр зезыхьэ щыIэ, Чегемскэ, Тырныаузскэ уэрамхэм. Иджыпсту лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Крыловым и цIэр зезыхьэ уэрамым. Мыбдежми гъуэгущхьэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ щытралъхьэ, ар зэрызэфIэкIыуи, гъуэгум щызекIуэхэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща, хьэблэм щызэтрихьэ машинэ бжыгъэр гъэмэщIа хъунущ, къыщыхагъэщащ министерствэм. «Стрелка»-м нэмыщI, 2026 гъэм щыIэ мардэм хуагъэкIуэнущ Налшык къалэм и «Горнэ», «Александровкэ» хьэблэхэмрэ Кэнжэ, Хьэсэней къуажэхэмрэ я гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ. Школ зэпэщхэр Налшык къалэм и курыт еджапIэ №5-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Ар зэраухуэрэ илъэси 100-м нэблэгъащи, мыпхуэдэ лэжьыгъэ инхэр япэу щызэхаублэу аращ. Школыр сабийуэ 1800-м хуэщIащ икIи ар къагъэщIэрэщIэж «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм школым пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыж, унащхьэр зэрахъуэкI. Апхуэдуи абыхэм къапэщылъщ, пэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэну, инженер коммуникацэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIыну, классхэмрэ нэгъуэщI пэшхэмрэ Iэхуитлъэхуит ящIыну, керамикэ плиткэхэр блынджабэхэм кIэралъхьэну. А программэ дыдэм ипкъ иткIэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр нобэ щрагъэкIуэкI ди къалащхьэм и курыт еджапIэ №27-м. ИджыпстукIэ абы щызэрахъуэкIащ псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэмрэ ток кIапсэхэмрэ, уэздыгъэщIэхэри щыпадзащ. Апхуэдэуи къагъэщIэрэщIэжащ бжэ-щхьэгъубжэхэр, мафIэс къызэрыхъуар къозыгъащIэ Iэмэпсымэхэри щIагъэуващ. ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ирагъэгъуэтынущ школ пщэфIапIэм. Ар нэхъ Iэхуитлъэхуит ящIа нэужь, ерыскъыр щхьэхуэу щагъэхьэзыр, ар щахъумэ, щIыIалъэхэр зыщIэт пэшхэр яIэ хъунущ. ЕджапIэм и спорт залри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ, шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ щыIэ мардэми къотIасэ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм пэшхэр къращIыкI, плиткэхэр иральхьэ, абыхэм къадэкIуэу, унэ IуплъапIэри зыхуей хуагъазэ, ягъэдахэ. Мыбдежми лэжьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ. Нэхъыжьхэми ныбжьыщIэхэми яхуэщIауэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм щIыналъэм и Звезднэ жылэм Iуэхугъуэ куэдым хуэщIа иджырей утыкущIэ къыщызэIуахащ. Ар зэхуэдэу къагъэсэбэп хъунущ нэхъыщIэхэми нэхъыжьхэми. ЗэIузэпэщ ящIа щIыпIэм хэтщ футбол «цIыкIум», стритболым, волейболым хуэщIа спорт утыкухэр, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэпэщу. Апхуэдэуи абы щагъэуващ тренажерхэр, турникхэр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэри. Сабийхэм папщIэ «къалэ цIыкIу» джэгупIэ щащIащ, хьэфэм къыхэщIыкIа «алэрыбгъу» идзыжауэ. Абы щагъэуващ хъыринэхэр, къежэхыпIэхэр, цIыкIунитIэхэм я зэчийм зезыгъэужь джэгукIэ щхьэхуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэрагъэпэщу утыкум ихъуреягъкIэ уэздыгъэхэр щыпадзащ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэуващ. Къуажэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ Iэмал яIэщ, я ныбжь емылъытауэ, абы зыщагъэпсэхуну, я нэгу зыщрагъэужьыну, я узыншагъэр щагъэбыдэну, спортым зыхуагъэсэну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




