Налшык, Театреплъ ныбжьыщIэм и унэм, щекIуэкIащ «Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и 39-нэ зэхуэсыр. Ар къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэмкIэ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, депутатхэр, министрхэр, щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Абы жиIащ политсоветымрэ президиумымрэ хэтынухэр щIэрыщIэу хахыжын зэрыхуейр. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым республикэм щиIэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ секретарь, партым и 39-нэ зэхуэсым и къэзыбж комиссэм и унафэщIу хаха Адыгэунэ Анжелэ игъэбелджылащ зэхуэсыр зэрекIуэкIыну щIыкIэр.
«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м щегъэжьауэ 2026 гъэм щэкIуэгъуэм и 20 пщIондэ илэжьахэр игъэбелджылащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Парафилов Дмитрий. Ар къытеувыIащ зытепсэлъыхь пIалъэм къриубыдэу партым иригъэкIуэкIа Iуэхухэм, къыхилъхьа жэрдэмкIэ къащта хабзэхэм, партыр хэхыныгъэхэм зэрыхэтам, лъэпкъ программэхэр зэригъэзэщIам. Абыхэм ящыщу къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуным теухуахэр. Парафиловым жиIам дыщIагъуу, зэхуэсым щагъэлъэгъуащ лъэпкъ программэм теухуауэ «Урысей зэкъуэтым» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр къэзыгъэнаIуэ видеотеплъэгъуэ.
Зэхуэсым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек:
- «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр зэхуэсым къыщагъэнэIуащ къанэ щымыIэу. Ди лэжьыгъэм и Iэужьщ республикэм иужьрей илъэсхэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэфIхэм ди цIыхухэм я дзыхь къызэрыдэкIуэр. Мыгъэрей хэхыныгъэхэр къызыхуэтыншэу КъБР-м зэрыщекIуэкIари и фIыгъэщ партым. Къапщтэмэ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и жэрдэмкIэ республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэ абы и лэжьыгъэм зэрыкIэрымыхур. Апхуэдэ Iуэхухэм къэралми республикэми фIы къахудокIуэ. Ди ехъулIэныгъэфIщ республикэм и экономикэр тэмэму зэрызэтеублар, хэхъуэ зэрыдиIэр. ТхьэмыщкIагъэр нэхъ мащIэ щыхъуащ республикэм, - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
ЕхъулIэныгъэхэм ящыщу къыхигъэщащ иужьрей илъэсиблым къриубыдэу ди цIыхухэм я хэхъуэр зыкъомкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Къэрал IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэм зэрыхэхъуар, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проектхэр абыхэм ящыщщ. Абы жиIащ республикэм и бюджетыр гъэбелджылыным мы махуэхэм зэрытепсэлъыхьар.
- Шэч къытедмыхьэу жытIэфынущ ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ 2027 гъэм худиIэ мурадхэр зэрытхуэгъэзэщIэнур. Ар ехьэлIащ улахуэхэм хэгъэхъуэным, индексацэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Псом япэ идгъэщынущ цIыхухэм дазэрыдэIэпыкъу ахъшэр тыныр, – жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Ди Iэтащхьэм къыхигъэщащ «Урысей зэкъуэт» партым щыщу щIыпIэ самоуправленэхэм хэт депутатхэм я процент 40-р зэрызэрахъуэкIар, щIэуэ хахахэм Украинэм къикIыжа куэд зэрахэтыр.
Зэхуэсым «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и советым, президиумым, къэпщытакIуэ комиссэм хэтынухэр щагъэбелджылащ. Урысейпсо партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и секретару хахыжащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Партым и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэу зи чэзу зэхуэсышхуэу Москва щекIуэкIынум ягъэкIуэнухэри къыхахащ.