КъатитIу зэтет сабий поликлиникэ«ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ проектым хыхьэу Шэджэм къалэм щаухуэ метр зэбгъузэнатIэу 1000-м щIигъу щIыналъэ зыубыд, иджырей мардэхэм хуэкIуэу къатитIу зэтет сабий поликлиникэ. Шэджэм районым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и зыужьыныгъэмкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Мы зэманым сабий IуэхущIапIэр балигъхэм щеIэзэ поликлиникэм хэту мэлажьэ, щIыпIэкIэ къылъысри метр зэбгъузэнатIэу 270-рэщ. Ухуэныгъэхэр абы хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъ ину щытынущ, сабий мин 20-м нэблагъэм дэIэпыкъуныгъэр щыхуащIэфынущ. Поликлиникэм хэтынущ Сабийхэм я узыншагъэмкIэ центр, пIалъэ къыхамыгъэкIыу зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, медико-социальнэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт, чэнджэщ-диагностикэ къудамэ, медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлIхэм я пэшхэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




