Адыгэхэр Урысейм и зы IыхьэщХамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и Уардэунэм щекIуэкIа «стIол хъурейм» Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ пщIэрэ щIыхьрэ пылъу къикIуа гъуэгуанэм щытепсэлъыхьащ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Пасэрей актхэмкIэ Урысей къэрал архивым и унафэщI Аракчеев Владимир. Абы хэтащ УФ-м и Президентым Хамэ къэрал щэнхабзэ зэдэлэжьэныгъэхэмкIэ и лIыкIуэ хэха – Урысейм и МИД-м къалэн щхьэхуэхэмкIэ и посол Швыдкой Михаил, «Россотрудничество»-м и унафэщI Чайкэ Игорь, КъБР-м къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ, ЩIДАА-м и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен, сенатор, ФедерацэмкIэ Советым ХъыбаегъащIэ политикэмрэ СМИ-м дэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Пушков Алексей, Къэрал Думэм и депутат Ковалев Сергей, УФ-м и Жылагъуэ палатэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, дин зэхущытыкIэхэмкIэ, IэпхъуэшэпхъуэнымкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Зорин Владимир, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Бедкин Станислав, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу центру Москва щыIэм и лIыкIуэ нэхъыщхьэ, Дунейпсо ислъам миссием и унафэщI ПщыхьэщIэ Шафихь, Москва дэс адыгэхэм я нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агъырбэ Юрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и щIэныгъэ секретарь, КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, хамэ къэралхэмрэ Урысейм и щIыналъэхэмрэ щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр къыщызэIуахым УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей стIол хъурейм хэтхэм зэрызахуигъазэм къеджащ Швыдкой Михаил. Абы щыжеIэ: «Урысейр лъэпкъ куэду зэхэт, дин зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрахьэ къэралщ, цивилизацэ здэщыIэ, мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ игъащIэ лъандэрэ зэрылъ лъахэщ. А лъапIэныгъэхэр адэкIи тхъумэнущ, ди зэфIэкI уасэншэмкIэи хамэ къэрал лэжьэгъухэм дадэгуэшэну дыхьэзырщ. Адыгэхэм я тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ди къэралыгъуэм и лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм. Адыгэ лъэпкъым щыщ лIы щыпкъэ куэдым къэрал къулыкъущIапIэхэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, дзэм епха IэнатIэхэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Урысейм зегъэужьыным, егъэфIэкIуэным я гуащIэ ин халъхьащ, иджыри къыздэсым хуэлажьэ зэпытщ. Абыхэм я зэфIэкIхэм дрогушхуэ. Псом хуэмыдэу нэщэнэфIщ мы зэIущIэр Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ ягъэува, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым зэрекIуэкIыр. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу нобэрей зэпсэлъэныгъэр купщIафIэу зэрыщытынур, дзыхьымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным, жылагъуэ, цIыхубэ дипломатием и къарур адэкIи къызыкъуэхыным зэрыхуэлэжьэнур». «Россотрудничество» агентствэм и унафэщI Чайкэ Игорь, адрей къулыкъущIэхэм стIол хъурейм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ зыхуагъэзащ. Къанокъуэ Арсен фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсыр къызэзыгъэпэщахэу УФ-м и МИД-мрэ «Россотрудничество» агентствэмрэ. «Нобэрей Iуэхур ди нэхъыжьхэм я фэеплъыр зэрытхъумэм, я гуащIэрэ зэфIэкIрэ къэралышхуэм и зэфIэувэныгъэм зэрыхалъхьар зэрытщымыгъупщам, лъэпкъ къэс и къарур къэралышхуэм щызэдэпсэухэм я зэгурыIуэныгъэм зэрыхэлъыр къызэрыдгурыIуэм и щыхьэтщ. НобэкIэ ди къалэныр блэкIам къэткIуа гъуэгуанэм дриплъэжыным и закъуэкъым, атIэ дэнэ щыпсэу адыгэри зэпыщIэныр къызэгъэпэщынырщ. Дэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я деж нэтхьэсын хуейщ ди лъэпкъыр Урысейм зыхуей щыхуэзэу зэрыщыпсэур. Дэ къэкIуэнум дытолажьэ, къытщIэхъуэ щIэблэр догъасэ, щIэныгъэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ зэрабгъэдэтлъхьэным иужь дитщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр хэхэс адыгэхэм щыхуейм деж Урысейм къагъэзэжыну Iэмал зэраIэр къагурыгъэIуэнырщ», – жиIащ Къанокъуэм. Сэхъурокъуэ Хьэутий и къэпсэлъэныгъэр триухуащ адыгэ лъэпкъымрэ Урысеймрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэпхауэ къызэрыгъуэгурыкIуэм, пщIэрэ щIыхьрэ я зэхуаку дэлъу ноби зэрызэгъусэм. Идар Темрыкъуэ ипхъу Марие Грозный Иван щхьэгъусэу ишэу, абы и дэлъхухэм къулыкъушхуэхэр яIэу къэралыгъуэм зэрыхуэлэжьам деж къыщыщIэдзауэ Совет властым лъэпкъ цIыкIухэм папщIэ ищIахэр къыхэщу къэпсэлъащ тхьэмадэр.
Сэхъурокъуэм и гугъу ищIащ къэралым и лъабжьэр быдэ хъуным зэман жыжьэм хуэлэжьахэм къакIэлъыкIуэу, иджырей лъэхъэнэми лIы щэджащэ куэд щыхьэрым зэрыщылажьэм, сенаторхэр, депутатхэр зэрыдиIэм, политик лъэрызехьэу, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий лъэпкъым, хэкум хуищIахэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблеемрэ зэрызэдалэжьэм, нэгъуэщIхэми. Дзэмыхь Къасболэт зэпкърыхауэ къытеувыIащ адыгэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм нэхъыщхьэу хэта Iуэхугъуэхэм. Щхьэгъэпсо Сэфарбий и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ къэрал 50-м щIигъум щикъухьа адыгэ лъэпкъым и Iуэху зэрихуэу ДАХ-мрэ ЩIДАА-мрэ фIэкIа нэгъуэщI зэгухьэныгъэ дунейпсо геополитикэ картэм зэримытыр. Щхьэгъэпсор къытеувыIащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и тхыдэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм, жылагъуэ академиехэр къызэрыунэхуам, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и къалэнхэм, 2040 гъэ пщIондэ ялэжьынухэм теухуа программэм, къыдагъэкI тхылъхэм, нэгъуэщIхэми. Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм гупыж ищIу къыдиха Iуэхум нэгъуэщI хэкухэм щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэхэм я лъабжьэр къыщежьэ Урысейм ягукIи я псэкIи къыхуэгъэзауэ зэрыщытыр, зэгурыIуэныгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ нэхъри ирагъэфIэкIуэнымкIэ хэхэс адыгэхэм ялъэкI къызэрамыгъэнэнур къыхэщу къэпсэлъащ Кавказ Хасэхэм я федерацэу Тыркум щыIэм и тхьэмадэ Хьэлауэ Юнал, Иорданиемрэ Сириемрэ щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Къат Хьишамрэ Хьэлащтэ Ибрэхьимрэ, Европэ къэралхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм и унафэщI Вэрокъуэ Затий, Израилым, Кфар-Камэ дэт, Адыгэ щIэинхэмкIэ центрым и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьер, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу МэшхуэфI Нэждэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Москва щыщ къулыкъущIэхэр убгъуауэ тепсэлъыхьащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэнымрэ ар дяпэкIи гъэбыдэн зэрыхуеймрэ. ЗэIущIэм и кIэухым, Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъхэмрэ яритащ Москва пщIэрэ щIыхьрэ яIэу, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыту щыIэ цIыху зыбжанэм. Апхуэдэу ягъэлъэпIащ Москва дэс адыгэхэм я нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агъырбэ Юрэ, «Нефтиса» НК-м и унафэщIхэм я советым и тхьэмадэ Семэн Юрэ, «Дохутырхэм я хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Семэн Жаннэ, онколог-уролог, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Граждан авиацэмкIэ центральнэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ ПщыхьэщIэ Ахьмэд сымэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




