Псапэщ икIи гуапэщ

Зауэм и бынхэр

Зи сабиигъуэр зауэ гуащIэм хиубыдахэм цIыкIугъуэр зищIысыр ямыщIэу къэхъуащ.

Ди щIыгум къизэрыхьа нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр езыхужьэжыну дэкIа нэхъыжьхэм къызэранэкIа ныбжьыщIэхэм я къару мащIэмкIэ лэжьыгъэ хьэлъэм пэрыуват.

Ныбэм илъу къэнауэ, и сурэткIэ фIэкIа и адэм темыплъахэри мащIэкъым. ЦIыху куэдым я щхьэр щагъэтIылъащ Хэку зауэшхуэм. Ди сэлэт хахуэхэм хагъэщIащ бий ерур. Абыхэм бэлыхьрэ хьэзабу ятелъар къыпхуэмыIуэтэщIыным хуэдизщ.

УФ-м и Компартым къызэригъэпэща «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр жыджэру ядолажьэ сабиигъуэ зымылъэгъуу къэхъуа ди нэхъыжьыфIхэм. Абыхэм папщIэ зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщ, зи лъэ къримыхьэкIыж нэхъыжьыфIхэм я унэхэм кIуэурэ щIоупщIэ, «Зауэм и бынхэр» медалыр ират.

Зи гуащIэр лэжьыгъэм хуэгъэпсауэ зи гъащIэр зыхьа цIыхухэм уадэуэршэрыныр къызэрымыкIуэщ. Я нэгу щIэкIахэр къыщыбжаIэжкIэ, гур ехуз, а зэман бзаджэм укъыщыхутауэ къыпщохъури, псэр мэуз, я нэпсыр къекIуауэ щыплъагъукIэ, пхуэмышэчу уегъэхыщIэ.

Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыда ди Хэкур хуит къэщIыжыным хуэпабгъэ нэхъыжьхэм зэрызыщIагъэкъуэн хуейр ныбжьыщIэхэм къагурыIуэрти, я псэ емыблэжу ТекIуэныгъэм хуеIэрт. Ахэр гущIэгъурэ гулъытэрэ хуэныкъуэ пэтми, къикIуэт жыхуэпIэр ямыщIэу гугъуехьым пэщIэтт.

«Зауэм и бынхэм» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Налшык къалэм щиIэ къудамэм и унэфэщIым и къуэдзэ Костенкэ Галинэрэ Нэзрэн Раисэрэ зи цIыкIугъуэр Хэку зауэшхуэм хиубыдахэм ящыщу цIыхуитIым я унэм кIуэри «Зауэм и бынхэр» зытет медалымрэ удз гъэгъа Iэрамэрэ иратащ. Зэрыхабзэщи, ди нэхъыжьыфIхэр зы мащIэми хуабжьу щогуфIыкI.

«Си узыр сщхьэщыфхащ фыкъэслъагъури», - къыджиIащ нанэ Iумахуэ Бакай Светланэ.

- Хэкур зыхъумэжыну тэджа ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна лэжьыгъэ мытыншым дыпэрытащ, сабиигъуэ тлъэгъуакъым. Пэжыр ди гъуазэу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Мыпхуэдэ гулъытэ къэралым къызэрытхуищIыр гуапэщ. Абыхэм я унафэр зыгъэзащIэ фэри Тхьэм фригъэфIакIуэ, - къыджиIащ гукъеуэмрэ гугъуехьымрэ зи нэгум къищ нанэ лъагъугъуафIэм.

- КIэлъыкIуэу дызылъыгъуэза Мамоновэ Таисэ и унагъуэм гуапэу драгъэблэгъащ. Нанэр зэрысымаджэм игъэхыщIэрт Таисэ и бынунагъуэр. ЩIэмычэу «дэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къызыхураджа бзылъхугъэм, дыкъызэрилъагъуу, и узыр щхьэщыкIауэ къыджиIащ. «Зауэм и бынхэр» зытет медалыр щилъагъуам и нэпсыр къежэхащ. Узым игъэхыщIэми, дызэрыкIуар зэригуапэр зыхыдигъэщIащ абы.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу зауэм и бынхэр. Я насыпщ апхуэдэ нэхъыжьыфI зэрыс унагъуэхэм, зыдэс хьэблэм. Псапэщ икIи гуапэщ абыхэм ди гулъытэ зыхедгъэщIэныр.

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: