Мэкъумэш хъыбархэр

Иджырей техникэм и фIыгъэкIэ

2026 гъэм зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым псы зыщIагъэлъадэ и мэкъумэш хьэсэхэм гектари 7-м нэблагъэ къыхагъэхъуащ. Ар яхузэфIэкIащ псы щIэгъэлъэдэным хуэщIа иджырей технологиехэр я лэжьыгъэм жыджэру къызэрыщагъэсэбэпым и фIыгъэкIэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

Абыхэм ящыщщ уэшх къыщешхым деж хуэдэу хьэсэхэр псыкIэ зыгъэнщI, щIыпIэшхуэхэр зэуэ къызэщIэзыубыдэ машинэхэр. НобэкIэ апхуэдэхэм я бжыгъэр 500-м щыщIегъу республикэм.

Псыр ихъуреягъкIэ зэрызэбграутхыкI спринклерхэр, ткIуэпс-ткIуэпсурэ псыр зэрыщIагъэхьэ Iэмэпсымэхэри мымащIэу къыхашэ лэжьыгъэм икIи ар нэхъыбэу къагъэсэбэп хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ къэзыгъэкIхэм.

Республикэм и мэкъумэш къэкIыгъэхэм псы зэрыщIагъэлъадэ иджырей техникэхэр губгъуэхэм щагъэув ноби.

Бэдрэжаныр нэхъыбэу

2026 гъэм зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм хадэхэкIыу тонн мин 17,5-рэ хуабэщхэм къыщагъэкIащ. Абы щыщу тонн мин 17,1-м щIигъур бэдрэжанщ, нащэр тонн 400-м нэблагъэ хъуащ.

КъищынэмыщIауэ, республикэм и губгъуэхэм хадэхэкIыр щызэщIакъуэжыныр и кIэм нэблэгъащ. Мы гъэм жэпуэгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу псори зэхэту тонн мин 251,3-рэ кърахьэлIэжащ. Иджы Iуахыж къэбыстэмрэ балыджэ фIыцIэмрэ, къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

Фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ

2026 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ IэщхэкI продукцэу къыщIагъэкIам и куэдагъым хагъэхъуащ. ЖыпIэнурамэ, лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мин 24-м нэблагъэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 6,5-кIэ нэхъыбэ.

Гъэшу къашар тонн мин 69,6-м нызэрыхьэсащ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ ари проценти 2,1-кIэ нэхъыбэщ. ДжэдыкIэу кърахащ мелуани 5,3-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 5,4-кIэ нэхъыбэ.

КъищынэмыщIауэ, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм псори зэхэту гъэшу къыщашам и процент I6,5-р, джэдыкIэу къыщрахам и проценти 3-м нэблагъэр фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ къалъос.

Iэщ бжыгъэм щыхохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм ящыщу 5-м я мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту яIыгъа Iэщышхуэ бжыгъэм хагъэхъуащ.

Май районым и Iэщыхъуэхэм я Iэщышхуэм процент 12,8-кIэ, Шэджэмым районым – процент 0,8-кIэ, Бахъсэн къалэм – процент 0,4-кIэ, Iуащхьэмахуэмрэ Дзэлыкъуэмрэ районхэм процент 0,3-рэ 0,2-кIэ, ахэр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ, хагъэхъуащ.

КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIа муниципалитети 5-м яIыгъ Iэщ бжыгъэр зэхэплъхьэу щытмэ, республикэм Iэщу нобэ щаIыгъым и процент 42-рэ мэхъу ар.

СЫЖАЖЭ Аскэр.
Поделиться:

Читать также: