ПэхуэщIэхэр щылажьэм дежЛъэпкъ пэхуэщIэхэр Налшык къалэм Абыдэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ: асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ гъуэгущхьэм тралъхьащ, пкъоущIэхэр уэрамым щагъэуващ, ток кIапсэхэр щашэщIащ, псы жапIэхэр щащIащ, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэжащ, къитащ Налшык къалэ администрацэм. Апхуэдэуи лъэс лъагъуэхэри машинэ гъэувыпIэхэри зыхуей щыхуагъэзащ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, автобус къэувыIэпIэхэм павильонхэр щагъэуващ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм гъуэгум и зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, уэрам дэкIыпIэхэр зэIузэпэщ ящI. Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж уэрамыр мы гъэм и кIэхэм къызэIуахыжынущ. Тэрч къалэм и сымаджэщ нэхъыщхьэр къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм. 1996 гъэ лъандэрэ апхуэдэ лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкIакъым. Ахэр зэхаублащ «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. НобэкIэ сымажэщым пкъыгъуэжьхэр къыпкърахащ, унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ. Мыгувэу бжэ-щхьэгъубжэхэм яужь ихьэнущ, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ. Сымаджэщым метр зэбгъузэнатIэу 3700-рэ еубыд икIи гъуэлъыпIэу 80 щIэтщ, хирургие, терапие, реанимацэ унэтIыныгъэхэмкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрагъэгъуэт. Лэжьыгъэхэр 2028 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэфIагъэкIын мурад щыIащ. Тэрч къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и «КъухьэпIэ» жыг хадэ цIыкIур, зэIузэпэщ ящIар, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ кIуапIэ ящIащ. Абы метр зэбгъузэнатIэу мини 5,6-рэ еубыд икIи ар зыхуей хуагъэзащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. ЦIыхухэм я тыншыпIэр къызэрагъэпэщу, жыг хадэ цIыкIум и лъэс лъагъуэр къагъэщIэрэщIэжащ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэуващ, жыгыщIэхэр щыхасащ. КъищынэмыщIауэ, щхьэ зытемылъ спорт утыкущIэ щаухуащ метр зэбгъузэнатIэу 1000-м нэблагъэ хъууэ. Ар къэхухьащ икIи спортым зэрызыхуэбгъэсэн оборудованэхэмрэ техникэхэмрэ ирагъэуващ. Спорт утыкущIэр яухуащ «Бизнес-спринт (Я выбираю спорт)» къэрал пэхуэщIэмрэ физкультурэмрэ спортымрэ зегъэужьынымкIэ щыIэ программэмрэ япкъ иткIэ. Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэр зезыхьэ и уэрамым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэри и кIэм щынэблэгъащ. ЛэжьакIуэхэм гъуэгум етIуанэ ирикIуэгъуэу фIагъ лъагэ зиIэ икIи илъэс куэдкIэ зыри къыщымыщIу телъыну асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэр, километр 1,7-рэ зи кIыхьагъыр, къалэм и уэрам нэхъыщхьэхэм хохьэ икIи къалэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы зэпещIэ Интернациональнэ уэрамымрэ Прохладнэ – Елъхъуэт автомобиль гъуэгумрэ икIи социальнэ, промышленнэ ухуэныгъэхэм ухуешэ. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, уэрамым ирикIуэу Къэбэрдей, Пушкинымрэ Беслъэнеймрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр къыщыхыхьэ щIыпIэхэм деж иджырей светофорхэм хуэдэ щагъэувынущ, уэздыгъэхэри щыпадзэнущ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, гъуэгум щызекIуэхэми къалэдэсхэми я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща хъунущ, щыжаIащ къалэ администрацэм. Прохладнэ щIыналъэм и Псыншокъуэ къуажэм и курыт еджапIэр, 1996 гъэм яухуауэ щытар, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Школым и унащхьэмрэ IуплъапIэмрэ къагъэщIэрэщIэжащ, бжэ-щхьэгъубжэхэмрэ инженер коммуникацэхэмрэ зэрахъуэкIащ, къагъэплъыни щIадзащ. Апхуэдэуи класс пэшхэр, пырхъуэхэр, пщэфIапIэр къращIыкIащ, лъэгухэм плиткэхэр иралъхьащ, иджырей оборудованэхэр щIагъэуващ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм спорт залымрэ лэжьыгъэ пэшхэмрэ зыхуей хуагъазэ. Школыр хьэзыр хъунущ мы гъэм дыгъэгъазэм и кIэхэм. Дзэлыкъуэ районым и Каменномост къуажэм Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №I-ри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Ар щаухуар 1987 гъэрщ икIи абы лъандэрэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым. ЕджапIэм пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, и лъэгухэр захуэ ящIащ, унащхьэри иджыпсту зэрахъуэкI. Абыхэм къадэкIуэу, инженер коммуникацэхэр къагъэщIэрэщIэж, ток кIапсэхэр, бжьамийхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкI, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Малкэ къуажэм и курыт еджапIэми епхауэ лажьэ сабий садри къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм. Ар щаухуар илъэс 30 ипэкIэщ икIи апхуэдэ лэжьыгъэхэм хуэныкъуэт куэд щIауэ. Iуэхугъуэхэр зэхаублащ «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Мыбдежми сабий садым пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, унащхьэр, псы хуабэ зэрыкIуэ, къызэрагъэплъ бжьамийхэр зэрахъуэкIащ, лъэгур захуэ ящIащ. Иджыпсту ток кIапсэхэр щIашэ, блынджабэхэр захуэ ящI. ИужькIэ, лъэгум плиткэхэр иралъхьэнущ, бжэхэр яхъуэжынущ. Унэ IуплъапIэри зыхуей хуагъазэ, ягъэдахэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




