ЩыIэ пIалъэм тету

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм йоужьэрэкI. Республикэм и щIыналъэ администрацэхэм АПК-мкIэ я управленэхэм зэкIэ къызэратамкIэ, мы гъэм бжьыхьэсэ гъавэр зытращIэну гектар мин 60-м щыщу гектар 44-м ар хасащ.

Абы щыщу гектар мин 33-м щIигъур хьэцэпэцэм, гектар мини 10,8-р рапсым ирагъэубыдащ.

Республикэм губгъуэ лэжьыгъэхэр мэкъумэш-техникэ пIалъэхэм тету щрагъэкIуэкI, мэкъумэшыщIэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмIэ нэсу къызэгъэпэщащ икIи, гугъэ щыIэщ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ мэкъумэш къэкIыгъэхэм фIыуэ заужьыну, щIымахуэр хэщI щымыIэу ирахыну, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

БОРИЙ Ратмир.
Поделиться:

Читать также: