Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ

2026 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым турист Iуэхутхьэбзэу щалэжьам сом мелард 20,8-рэ къыпэкIуащ, налог ахъшэу бюджетым сом мелард 1,718-рэ ягъэкIуащ. Турист IэнатIэм цIыху мини 6-м нэблагъэ нобэ щолажьэ.

Гъэм зэрыщIидзэрэ нобэр къыздэсым ди республикэм къэкIуащ туристу зы мелуанрэ мин 58I-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 1,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Абыхэм ящыщу процент 60-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуащ е зыщаплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. А пIалъэм къриубыдэу Налшык къалэр къыхэзыхахэм я бжыгъэми процент 41-кIэ къыхэхъуащ.

НобэкIэ туризм IэнатIэм щылажьэ хьэщIэщхэм я бжыгъэр 650-м щIегъу икIи абыхэм псоми зэхэту гъуэлъыпIэу мин 23-м щIигъу яIэщ. Зы илъэсым къриубыдэу хэхъуэр проценти 7-м нэблэгъащ.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ сом мелуан 432,4-рэ къагъэсэбэпащ. АбыхэмкIэ яухуащ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж, бгъэIэпхъуэ хъу модульнэ хьэщIэщхэм хуэдэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и туризм IэнатIэм и лэжьыгъэр хуэунэтIащ ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм илъэс хъурейкIэ зыщыбгъэпсэху, зыщыпплъыхь хъууэ ахэр зэтеублэным, сыт хуэдэ зэмани фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр щрагъэгъуэту щытыным.

Псалъэм папщIэ, «Iуащхьэмахуэ» курортыр щIымахуэм мэлажьэ. КIапсэ гъуэгухэр илъэс къэс къагъэщIэрэщIэж зэпытщ, езы гъуэгухэр нэхъ кIыхь ящI, туристхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэ лIэужьыгъуэхэми къыхагъахъуэ. Нэгъабэ бгы джабэм лыжкIэ къыщажыхьащ махуэ 247-кIэ, хьэщIэу щыIащ цIыху мин 490-м нэблагъэ. КъищынэмыщIауэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу кIапсэ гъуэгухэм я кIыхьагъыр километр 35-м щIрагъэгъун мурад щыIэщ. Абы щхьэкIэ кIапсэ гъуэгуу 4 иджыри яукъуэдиинущ, хьэщIэщхэм я гъуэлъыпIэхэм мини 4-м нэблагъэ къыхагъэхъуэнущ, лэжьыгъэ IэнатIэщIэу мини 2-м щIигъу къызэрагъэпэщынущ.

Налшык къалэ курортым и хьэщIэщхэм щIэтIысхьэхэм я бжыгъэр процент 80-м щIегъу. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым и мазибгъум къалащхьэм и санаторэхэм зыщагъэпсэхуащ, зыщагъэхъужащ цIыху мин 33-м щIигъум. Абыхэм ирагъэгъуэт медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм къадэкIуэу, ахэр зыплъыхьакIуэ яшэ, щIыпIэ дахэр ирагъэлъагъу.

Гъэмахуэ лъэхъэнэм хьэщIэхэр щынэхъыбэщ, Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыщI, Гуэл щхъуантIэхэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Шэрэдж аузым, Балъкъэр Ищхъэрэм, нэгъуэщIхэми.

«Кавказ лъэпкъ лъагъуэ» проектым ипкъ иткIэ лъэс лъагъуэщIэхэр зэIузэпэщ ящI, зыхуей хуагъазэ. Абы хохьэ Iуащхьэмахуэ ихъуреягъкIэ къекIуэкI, «ТекIуэныгъэм и лъагъуэ» экологие зыплъыхьыпIэхэр. ЗэрыжаIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым уздэкIуэ хъу щIыпIэ и мащIэкъым.

ЛъагъуэщIэхэр

Илъэс хъурейкIэ лажьэ «Iуащхьэмахуэ» курортым туристхэм папщIэ IуэхутхьэбзэщIэ къыщызэIуахащ, къитащ иджыблагъэ «Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтым. Иджы хьэщIэхэм Iэмал яIэщ гъущI шэрхъхэр зыщIэлъ, уэс джабэ нэкIухэм щызекIуэ хъу трактор-хьэлъэзешэхэмкIэ метр 5I00-рэ щIыпIэм нэс Iуащхьэмахуэ дэкIыну. Нэхъ лъагэ дыдэу ахэр здэкIуэфынур абы нэсщ.

«Кавказ.РФ»-м зэрыщыжаIамкIэ, лъагъуэщIэхэр пхрашащ курортым куэд щIауэ къыдэлажьэ IуэхущIапIэхэм я гъусэу. Япэ гъуэгур къагъэщIэрэщIэжыну ягъэхьэзыр «Приют 11» хьэщIэщым хуокIуэ икIи метр 4I00-кIэ докIуей. ЕтIуанэ гъуэгур Пастуховым и къырым хуокIуэ. Iуащхьэмахуэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну япэу ежьахэр абдеж жэщгъуэлъ къыщыувыIауэ щытащ илъэси 130-кIэ узэIэбэкIыжмэ. Ещанэ гъуэгур - ар техникэр нэхъ лъагэ дыдэу зыдэкIуеиф лъагапIэрщ – метр 5100-рэ зи гугъу тщIарщ. Абдежым Iуащхьэмахуэ уардэ и теплъэ дахэр псом хуэмыдэу щыIупщIщ.

Апхуэдэуи, «Кавказ.РФ»-м зэрыщыжаIамкIэ, а гъуэгуанэхэм теувэну мурад зыщIхэр абы хуэхьэзыру щытын хуейщ, я узыншагъэкIи, я къарукIи апхуэдиз зи лъагагъ бгым тетыфын хуэдэу, шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэри ягъэзэщIапхъэщ.

БЭЛЭТОКЪУЭ Замир.
Поделиться:

Читать также: