Кавказ зауэм и Iэужьу Уэсмэн Пащтыхьыгъуэм къыщыхута адыгэхэм къагурыIуэртэкъым зыхэхуа гъащIэмрэ хабзэхэмрэ. Псори хамэт, мыцIыхут, къыздагъэкIуа щIыпIэм пщIэ щаIэтэкъым. Адыгэхэм хабзэ дахэ къадекIуэкIырт, Анэдолэм а хабзэхэмкIэ, щхьэхуимыту, цIыхур бгъэпудынкIэ бетэмалт.
Адыгэхэм яхэлъ шыIэныгъэм хуэдэ а щIыналъэм щыплъагъунутэкъым. Абы къыдэкIуэуи, «джаур», «хабзэншэ», «дыгъуакIуэ», «хамэ», «нэмысыншэ», «акъылыншэ» псалъэхэмкIэ адыгэхэр ягъэнэхъыкIэну яужь итт зыхэхуахэр. ЛъэпкъитIым я щэнхабзэ зэтемыхуэм тIури гугъу зэрыригъэхьынур наIуэт.
А псом ищIыIужу, Кавказ зауэм и закъуэкъым а лъэхъэнэм адыгэм ишэчар… Анэдолэм, Сирием, Израилым, Иорданием апхуэдэ зауэ куэд къыщекIуэкIырти, хамэщIыр залымыгъэкIэ псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я фэ икIащ абыхэм я гуащIэри.
1863 - 1864 гъэхэм зэи хуэмыдэжу, цIыху куэд ирахуащ Адыгэ хэкум. Ипэхэм зэ теуэгъуэм цIыху мин 40 - 50 ирахуну ягугъамэ, а бжыгъэр цIыху мин 400-м зэрынэхусат. Адыгэ хэкум къуажи жыли зыри къимынэжам хуэдэу щэхут.
1864 гъэм, дыгъэгъазэм, Тыркум и Трабзон къалэм жылагъуэ щызыухуа адыгэхэм я бжыгъэр мини 100-м щIигъурт. Ахэр псори фэншэ хъуат, уз зэрыцIалэм иубыдат.
А зэманым Трабзон къалэм цIыху мини 10 хуэдизт щыпсэур. Къахыхьа адыгэ мини 100-р абдеж зэрыщымыхуэнури зэрыщымыпсэуфынури нэрылъагъут. Мэжджытхэм, унэ нэщIхэм, дэжьейхэм, дэшхуейхэм я жьауэхэм щIэзу щIэст ахэр, кIуапи жапIи ямыIэу. Трабзон икIыу Самсун кIуэнумэ, е яшэнумэ, тенджыз гъуэгукIэ фIэкIа ягъэIэпхъуэфыртэкъым, тенджызми щIымахуэ уаем ущызекIуэ хъуртэкъым.
Трабзон шхын, хущхъуэ щагъэтIылъыфатэкъым ар зи къалэнхэм а илъэсми, зыри яIэтэкъым. Зэрыгугъахэм нэхърэ куэдкIэ цIыху нэхъыбэ къызэрыхьри, гузэвэгъуэшхуэ ихуат псори. Апхуэдэ защIэт Уэсмэн Пащтыхьыгъуэм и хы Iуфэм екIуэкIыу Iус щIыналъэхэр, кхъухь тедзапIэхэр. Адыгэ мухьэжырхэм хухаха кхъухьитIри тэмэму лажьэртэкъым, ахэр зезыгъакIуэхэр сымаджэти.
1864 гъэм уэсмэн кхъухь тедзапIэхэм жылагъуэм я узыншагъэр хъумэным пыщIа Iуэхухэр щрагъэкIуэкIащ. Абы щыгъуэ хы Iуфэм Iут медицинэ IуэхущIапIэхэм унафэ хуащIащ адыгэ Iэпхъуэшапхъуэхэр къыщысыну щIыпIэхэм щызэфIагъэкIын хуей медицинэ Iуэхухэр и кIэм нэсу ягъэзэщIэну, къалэхэр зэлъыIухыным, кхъухьхэр дезинфекцэ щIыным, лIахэр щIэлъхьэным гулъытэ хуащIыну. А псори зэкIэлъыхьауэ егъэкIуэкIыным кIэлъыплъын хуей комиссархэри щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щыхахащ. Италием щыщ дохутыр Бороцци а лъэхъэнэм Трабзонрэ Самсунрэ щыIащ лIыкIуэу. Ар щыхьэт зэрытехъуэжымкIэ, 1864 гъэм бадзэуэгъуэм ирихьэлIэу Трабзон адыгэу мини 180-рэ, Самсун - 150-м нэс щитIысыкIауэ щытащ. А бжыгъэхэм хыхьэртэкъым хабзэм къемызэгъыу нэгъуэщI къалэхэм, къуажэхэм Iэпхъуа мухьэжырхэр.
Уэсмэн правительствэм мухьэжырхэр зэбгрыдзауэ гъэIэпхъуэныр къищтами, адыгэхэр хуит ящIырт куэду кIуэну, ар политикэ, зауэ и лъэныкъуэкIэ игъуэ дыдэу къалъытэжати.
Варнэрэ Констанцэрэ я кхъухь тедзапIэхэми Румелиеми нэса адыгэ мухьэжырхэр къэралым и кууупIэм ягъэIэпхъуащ, транспорт Iэмалхэр тIэкIу зэрынэхъыфIым, политикэ, зауэ щхьэусыгъуэхэр а жылагъуэхэм япэ зэритым къыхэкIыу. Уэсмэн правительствэм, хабзэ зэрыхъуауэ, адыгэ мухьэжырхэр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ щIыпIэхэм игъакIуэрт.
1864 гъэм и бадзэуэгъуэм и кIэм Варнэрэ Констанцэрэ я кхъухьтедзапIэхэм щепсыха мухьэжыр мин 12-р Косовэ, Васвик, Ныш, Софие санджакъхэм ягъэIэпхъуащ.
Уэсмэныдзэм тIасхъэщIэх IуэхухэмкIэ и унафэщI Нусрет-пэщэм зэрыжиIамкIэ, абы иужькIэ Румелием ягъэкIуэнухэм Зиштови, Нигболу, Русчук, Добруджэ, Варнэ щIыпIэхэр псэупIэ ящIын хуейт.
Нусрет-пэщэм и фIыгъэкIэ наIуэ хъуащ Анадолэм щыIэ адрей мухьэжырхэр елъытауэ, мы щIыпIэхэм исхэм я псэукIэр куэдкIэ нэхъ зэрефIэкIуар. А щIыпIэхэм адыгэ нэхъыбэ гъэIэпхъуэн хуейт, сыту жыпIэмэ, зыкъэзыIэта болгархэм япэщIэту уэсмэныдзэм иIэр адыгэхэм я закъуэт!
1864 гъэм къыщыщIэдзауэ 1877 гъэ пщIондэ Румелием Iэпхъуащ адыгэу цIыху мин 400. Карпат Кемал къита хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, 1860 гъэхэм къыщыщIэдзауэ Кавказым ирахуа адыгэхэм я бжыгъэр мелуан 1,2-рэ хъууэ къалъытащ. Уэсмэн правительствэр хущIэкъуащ зауэм нэхъ мащIэ ищIа муслъымэнхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэжынымкIэ, яфIэкIуэда щIыналъэхэр ягъэбыдэнымкIэ, къыхуэнэжа щIыналъэхэм муслъымэн нэхъыбэ игъэтIысхьэнымкIэ адыгэ мухьэжырхэр къигъэсэбэпыну. А политикэм ипкъ иткIэ, адыгэ мухьэжырхэр Уэсмэн географием и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм ягъэIэпхъуащ.
Тыркубзэр ямыщIэми, 1877-1878 гъэхэм екIуэкIа Тырку-Урыс зауэм хэтащ лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуа адыгэхэр. Абыхэм къалэн щащIат къэрал зэхэкъутам и жандарму увыну.
Уэсмэн империем яхуа адыгэхэр Кавказым зэрыкIуэжын гъуэгу а зауэм къахузэIуихынкIэ зэрыхъунум и пропагандэр мухьэжырхэм я деж щызэлъащIысати, сыткIи щIэгъэкъуэн хъуну хьэзырт. Ауэ а Iэмалыр абыхэм къащыхукъуэкIар илъэс 13 дэкIа нэужьщ.
Кавказым щыкIуэда я Iыхьлыхэм ялъ ящIэжыну щIэхъуэпс адыгэхэм езыхэм яфIэфIу дзэм хыхьэн хуейт, псом хуэмыдэу Балканхэмрэ Кавказ фронтымрэ. Адыгэхэм ХэкущIэ яхуэхъуну къыхуагъэлъэгъуа щIыналъэр къэзэуным иубзыхуащ мухьэжырхэмрэ властымрэ я зэхущытыкIэщIэри.
Щхьэхуитыныгъэм и телъхьэ болгархэм япэщIэува адыгэхэмрэ жандармериемрэ къалэнышхуэ я пщэ къыдэхуэрт сепаратист зыкъэIэтыныгъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ.
Уэсмэн империем и политикэм щыгъуазэхэм зэратхыжымкIэ, адыгэхэр ягъэлъэпIащ а лъэхъэнэм, икIи дзэ, политикэ IэнатIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэну IэмалыфI яIащ.
1877-1878 гъэхэм екIуэкIа Тырку-Урыс зауэм уэсмэныдзэр къыщыхагъэщIащ. Урысхэр къуэкIыпIэмкIэ Эрзурум нэс, къухьэпIэмкIэ Истамбыл нэс кIуэцIрыкIат. 1878 гъэм щIышылэм и 31-м Эдирне деж зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ, 1878 гъэм гъатхэпэм и 3-м, Свято-Стефан зэгурыIуэныгъэм Iэ щыщIадзым.
1864 гъэм Урысейм и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIа Берлин конгрессым Унафэ къыщащтащ, Румелием иса адыгэ псори а щIыналъэхэм кърахужыну. ИпэжыпIэкIэ абы къикIырт адыгэхэм етIуанэу хэкур яфIэкIуэдауэ. Зауэм къишэ лъыкIпсыкIым, мэжэщIалIагъэм, узыфэхэм цIыху мин 500-м нэблагъэ хэкIуэдами, къела цIыху мелуаным щIигъум хэкущIэ яхуэхъуам икIын хуей хъуащ аргуэру.
Адыгэхэм уэсмэн жылагъуэм и щэнхабзэ, политикэ, социальнэ ухуэкIэ мыхъуу, езым я хабзэ яIэжми, хьэщIэ щыхъум, хамэ щIыпIэм гъащIэщIэ щаухуэн хуей хъуащ. Ахэр гугъуехьышхуэхэм Iууащ, псом хуэмыдэу тыркубзэр зэрамыщIэм епхауэ. Адыгэр зэса хабзэр хэгъэрейхэм щагъэпуда къэхъуащ, ар уэсмэн щыIэкIэ-псэукIэу къызэрамылъытэм къыхэкIыу. А лъэпкъитIыр зэсэным, я акъыл зэтехуэным зэман куэдыщэ ихьащ, гугъуехьышхуи пылъащ.