ПсэукIэ дахэм хуэгъэпсауэ

Лъэпкъ пэхуэщIэхэр

Налшык къалэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. Абыхэм къызэщIаубыдащ Головкомрэ Ахъуэхъумрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхуаку дэлъ гъуэгу Iыхьэр, псори зэхэту километр 1,7-рэ и кIыхьагъыу.

НобэкIэ гъуэгущхьэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ, лъэс лъагъуэхэр лъэныкъуитIымкIи зыхуей щыхуагъэзащ, машинэ къэувыIэпIэхэр, уэрам дыхьэпIэхэр зэIузэпэщ щащIащ, автобус павильонхэр, пкъохэр, иджырей светофорхэр щагъэуващ. 
Апхуэдэуи Налшык и Малая уэрамри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Мыбдежми лэжьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ. ЗэрытщIэщи, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ я дежкIэ мы уэрамым социальнэ мыхьэнэ ин иIэщ. Абы ухуешэ сымаджэщ зыбжанэм, уэрамым тетщ иджырей медицинэ технологиехэмкIэ центрыр, Сабий сымаджэщ нэхъыщхьэр, Сабийм и унэр, жьэн узыр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщыр, паталогоанатом бюрор. Мыгувэу абыхэм къахыхьэнущ Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэу лышхыр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэр.
Малая уэрамым асфальтыщIэ зэрытралъхьам нэмыщI, абы къедза инфраструктурэр зэIузэпэщ ящIащ. Лышх зыпкъырытхэм щеIэзэ диспансерым дежи машинэ гъэувыпIэ ин щащIынущ, медицинэ транспортхэм щхьэкIэ екIуэлIапIэхэр хуащIынущ, цIыхухэм я тыншыпIэхэри къызэрагъэпэщынущ. НобэкIэ, гъуэгубгъум ирикIуэу къэухьхэр щагъэув. 
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Дзэлыкъуэ районым и Малкэ – Ингушли автомобиль гъуэгум и Iыхьэр, Сэрмакъ, Малкэ къуажэхэм я зэхуаку дэлъыр, километри 3-м щIигъу зи кIыхьагъыр, къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм. 
ЛэжьакIуэхэм нобэкIэ гъуэгу щхьэфэр тратхъунщIыкIащ, абы и лъабжьэр ягъэбыдащ, зэ ирикIуэгъуэуи асфальт тралъхьэжащ. Иджыпсту гъуэгубгъур зыхуей хуагъазэ, иужькIэ, дамыгъэхэмрэ зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэмрэ къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIа мылъкукIэ икIи дызэрыт илъэсым и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. 
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм и хьэблэщIэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI мы махуэхэм. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, псы къыщIэшыпIэу тIу абы щагъэувынущ, зы сыхьэтым псыуэ кубометр 80 хуэдиз къыдрашейуэ. Псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийуэ яукъуэдиинущ псори зэхэту километри 6 я кIыхьагъыу. Абы щыщу километри 2-м ар щагъэтIылъакIэщ. 
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ икIи зытраухуа 2027 гъэм ахэр и кIэм нагъэсу щытмэ, цIыху 1800-м псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэн щIадзэнущ. 

АРХЭСТ Аслъэнбэч.
Поделиться:

Читать также: