УхуэныгъэщIэхэр

Шэджэм къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым и ипщэ лъэныкъуэм хуэзэу иджырей спорт утыкушхуэ щаухуэ. УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа урысейпсо IэIэтым къалэдэсхэм ар къыхахауэ щытащ зэIузэпэщ ящIыну щIыпIэхэм ящыщу япэ игъэщыпхъэу къалъытэу. 
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абдеж щаухуэнущ топджэгу губгъуэшхуэ, тетIысхьэпIэхэр хуэщIауэ, уэздыгъэхэр щыпыдзауэ, къэухьхэмкIэ къегъэувэкIауэ, зэхьэзэхуэхэри зыгъэсэныгъэхэри махуэми жэщми щебгъэкIуэкI хъун хуэдэу зэпэщу. Иджыпсту лэжьакIуэхэм губгъуэм «IэрыщI алэрыбгъур» иралъхьэ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ икIи хуэунэтIащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ физкультурэмрэ спортымрэ ахэр дегъэхьэхынымрэ.
Спорт утыкур хьэзыр хъунущ щэкIуэгъуэ мазэм и кIэхэм ирихьэлIэу. 
Апхуэдэуи Шэджэм къалэм и «Ипщэ» хьэблэщIэм щаухуэ «Къалэм уиутIыпщыркъым» пэхуэщIэр и кIэм нэблэгъащ. ЗэIузэпэщ ящI щIыпIэм ирагъэубыдащ метр зэбгъузэнатIэу гектар мини 3-м щIигъу. Абы хохьэ лъэс лъагъуэхэр, псыутх комплексыр, сабийхэм я джэгупIэхэмрэ спорт утыкухэмрэ, зыгъэпсэхупIэхэр, нэгъуэщIхэри. 
ИджыпстукIэ ухуэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зэфIагъэкIакIэщ. ЛэжьакIуэхэм коммуникацэхэр ирашалIэ, ток кIапсэхэр зэрекIуалIэр, уэздыгъэхэр къызэрыблэр къапщытэ, псыутхым йогугъу. Апхуэдэуи а щIыпIэм и хъуреягъыр ягъэдахэ, удзхэмрэ жыгхэмрэ щыхасэну щIыпIэхэр ягъэхьэзыр, архитектурэ теплъэ дахэ ират. 
Iуэхугъуэ щхьэпэ куэдым хуэщIауэ щытыну а щIыпIэ зэпэщыр нэгузыужьыпIэ, зыгъэпсэхупIэ хьэлэмэт къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ мыгувэу зэрахуэхъунур жаIащ ухуакIуэхэм. Ар къызэIуахынущ мы гъэм икIэхэм. 
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэ цIыкIухэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылэхэмрэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэм ящыщу Шэджэм щIыналъэм мыр и еплIанэ пэхуэщIэщ.
«Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Шэрэдж щIыналъэм и Зэрэгъыж къуажэм иджырей спорт залыщIэ щаухуэ. Ар цIыху 45-м хуэщIауэ щытынущ икIи абы хэтынущ тренажер, медицинэ, зыщагъасэ пэшхэр, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэри щебгъэкIуэкI хъунущ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм унэ лъабжьэр ягъэтIылъащ, блынджабэри яIэтын щIадзащ. Спортзалыр къуажэкум итынущ, еджапIэхэм япэгъунэгъуу.
Шэрэдж щIыналъэм и Джэрпэджэж къуажэм лъэмыжыщIэ щаухуэ метр 20 и кIыхьагъыу икIи абы зэпещIэ жылэм и уэрам нэхъыщхьэ Холамскэм и IыхьитI. 
Лъэмыжыр иджыпсту зэIузэпэщ ящIащ, и лъабжьэри ибгъури ягъэбыдащ, иджыпсту къэухьхэр ягъэув, уэздыгъэхэр щыпадзэ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «КъБР-м и транспорт инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ икIи абы трагъэкIуадэ мылъкур щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIащ. 

 

БЭЛЭТОКЪУЭ Замир.
Поделиться:

Читать также: