Адыгэ мамлюкхэм я етIуанэрей хьэмтетыгъуэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд итщ франджы еджагъэшхуэ Константин Франсуа Вольней и «1783, 1784, 1785 гъэхэм Сириемрэ Мысырымрэ къызэрыткIухьар» тхылъым. УрысыбзэкIэ ар зэрадзэкIри 1791 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Абы гъэщIэгъуэн куэд кърихащ публицист, журналист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
ЗЫ тхыгъэм (еянэ Iыхьэ) уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ ирагъэкIуэкIа зэщIэхъееныгъэм и унафэм щIэту щыта адыгэ пэщэ Алий-бек (1728 - 1772) и гъащIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Илъэс 22-рэ щыхъуам ар Мысырым и зы мухьэфэзэм и унафэщIт. Илъэс 13 дэкIа иужьщ адыгэлIыр аль-Бэлэд щихъ - адрей мухьэфэзэ псоми я унафэщI - щыхъуар. А гъэм абы «ал-Кэбир» (“Телъыджэ”) цIэ лъапIэу щIыхь ин зиIэр къыфIащ. Мазэ зыбжанэ докIри, Каир щыIэ тырку гарнизоныр зэтрекъутэри, къалэр къеубыд, итIанэ Аравиемрэ Сириемрэ мамлюкыдзэм я пашэу макIуэри текIуэныгъэ зыбжанэ къехь. Алий-бек Меккэ и хъалифу хах. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мысырыр Уэсмэн империем къыIэщIокIыжри зыми IэщIэмылъ къэрал аргуэру мэхъуж.
Уэсмэнхэм я зэман хьэлъэхэми Мысырым щыщ бекхэм хуитыныгъэ нэс яIащ мамлюкыдзэр, армие псор гъэбыдэнымкIэ. А хуитыныгъэр абыхэм къагъэсэбэпащ: зауэлI ящIыну щIалэщIэ куэд Кавказым кърашащ, я нэхъыбэр адыгэхэу, абазэхэу е мингрелхэу. Абыхэм ящыщт илъэс 13 зи ныбжь абэзэхэ Исуф, Псыжь Iуфэ lyca Щоджэн Даут и къуэр. ИужькIэ ар мамлюк нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм яхыхьащ. Аращ Алий-бек ал-Кэбир зыфIищыжу лIыхъужьыгъэрэ акъылкIэ и цIэр жыжьэу зыгъэIуар. Ауэ ар гъащIэ кIэщIт. Алий-бек мамлюкитIым, Мурад-бекрэ Ибрэхьим-бекрэ, тепщэныгъэр зэдэзыгуэшахэм, зэрахъуэкI. Наполеон Каир къытеуэху а тIур Мысырым и унафэщIу щытащ. Мамлюкхэмрэ франджыхэмрэ щызэзэуащ 1791 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Нил адэкIэ, Эмбабэ деж, Джэзирэ пэмыжыжьэу. А зэхэуэр зи нэкIэ зылъэгъуа, адыгэхэм къахэкIа тхыдэтх Абдел-Рэхьман аль-Джэбэрти и «Биографие, тхыдэ гъэщIэгъуэнхэр» тхылъым щыжеIэ адыгэхэр шыщхьэмыгъазэу Наполеон и дзэм зэребгъэрыкIуар.
МахуиплI нэхъ дэмыкIыу Наполеон Каир дохьэ икIи езым и тепщэ абы щегъэув. Ал-Джэбэрти щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, къыщIедзэ «зауэшхуэхэм, щхьэфэцыр зыгъэхъей къэхъукъащIэхэм, насыпыншагъэ шынагъуэхэм, хьэзаб шэчыным, къехуэкIыным, зэхэзэрыхьам, залымыгъэм, зэкIэлъымыкIуагъэм, зэхэкъутэныгъэм, кIэщIу жыпIэмэ зэхъуэкIыныгъэ инхэм» я лъэхъэнэм.
...Франджым и консулу Тифлис дэса Гальбэ 1824 гъэм генерал Вельяминовым письмо хуигъэхьащ. Консулым итхырт Бонапарт и «мысыр зекIуэр» зэфIэкIауэ Франджым къыщигъэзэжым, езым щIыгъуу мамлюк Хьэзешэ Алий къызэрыздишар. ИужькIэ илъэс 12-кIэ ар Фонтенебль быдапIэм Iуэхузехьэу щылэжьащ.
ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, а мамлюкыр Псейкупс и Iуфэм щыпсэуа абэзэхэ унагъуэм щыщт. Илъэс 14-м иту ар гъэру яубыдри, Анапэ къашащ икIи тырку гуэрым иращэгъащ. ИужькIи тыркум Алий нэгъуэщI гуэрым ирищэжащ. Сытми, ныбжьыщIэр Мысырым къыщыхутащ икIи мамлюкхэм хагъэхьащ.
И адэжь хэку къэкIуэжыну щIалэм мурад ищIащ икIи къилъыхъуэу хуежьащ и Iыхьлыхэр. ИтIанэ ар щIэупщIэрт мылъку гуэр къылъысыжынкIэ хъунуми. КъызэрыщIэкIамкIэ, жьы дыдэ хъуа и адэри, и адэ къуэшхэри псэут, нэгъуэщI и Iыхьлы гъунэгъухэри щыIэт. Ауэ, дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, абы и хэку къигъэзэжакъым. Сыт щхьэкIи къигъэзэжынт, Кавказым икIыу мыпхуэдэ жэуап Iэрыхьэжамэ: «Мылъку лей лъэпкъ диIэкъым, ди щхьэ зэрыдгъэпсэужын фIэкIа» - жиIэу.
Апхуэдэ щIэщхъу Iейхэри адыгэ мамлюкхэм къащыщIырт.
Адыгэ мамлюк сулътIанхэр, игъащIэ лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ адрей уэркъ псоми хуэдэу гъэпщылIакIуэу щыт пэтми, езы къэралым щыпсэухэм я деж абыхэм пщIэшхуэ щаIэт. ИлъэсиблкIэ Iэтащхьэу щыта Беркъукъуэ ас-Сэлихь Хьэжым тридза иужь, цIыхубэм псэлъафэу жаIэрт: «Беркъукъуэ и щыхьхэм я гъусэу кIуэжащ, Хьэжыр ивхэм я гъусэу къэкIуащ». НэгъуэщI зы щапхъи. Сэлим сулътIаныр Къанщауэ Гъур, итIанэ Тумэн-бей ятекIуа нэужь, етIуанэу зи цIэ къитIуар щхьэпылъэ щищIым, Каир щыпсэухэр къызэрыIэтат тырку зэрыпхъуакIуэхэм я къанлыгъэр ямыдэу. Къалэдэс къызэрыгуэкIхэм ягъэщIагъуэрт Тумэн-бей лIыгъэ хэлъу, и щхьэр зыкIи имыгъэщхъыу лIэныгъэр къызэрищтар.
1801 гъэм франджыхэм Мысырыр ябгынэ, абыхэм я пIэ къиува инджылызхэм, тыркухэм Мысырым щаIа тепщэгъуэр зэфIагъэувэж.
Албанием щыщ Мухьэмэд Алий илъэситхукIэ бэнэныгъэ гуащIэ ядригъэкIуэкIащ адыгэ мамлюкхэмрэ тыркухэмрэ, текIуэныгъи къихьащ. Мамлюк бекхэр дикъузэ щыхъум инджылызыдзэм КаиркIэ иунэтIащ. ЛIыхъужьыгъэрэ цIыхугъэрэ зыдалъагъу адыгэхэм инджылызхэр яхуэарэзыт, иджыкIи ахэр хущIэкъурт Кавказым къикIа лIыпхъэхэм я щIэблэм бжьыпэр ирагъэубыдыжыну. АрщхьэкIэ, гъэпцIагъэ кIэлъызэрахьэри, инджылызхэр зэхакъутащ. Гъэр къащIахэр пщылIу ящэрт, Британием и зауэлI 450-м я щхьэхэр бжэгъухэм фIаIури Каир уэрамыщхьэхэм къытрагъэуват.
Мамлюк бекхэм Мухьэмэд Алий иджыри ягъэлъэщатэкъым. Абыхэм я къарум, пщIэшхуэ зэраIэм абы пыIэгъуэ къритыртэкъым. Арати, Мухьэмэд Алий мурад ещI адыгэхэр хьилагъэкIэ зэтриукIэну. ФIыуэ илъагъу и къуэ Турсун-пэщэр Хъиджаз зэрыкIуэм и щIыхькIэ гуфIэгъуэ ефэ-ешхэ ищIу игъэIури, 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-м адыгэ бек 500 къригъэблэгъащ. Абы щыгъуэми зыпхигъэIукIат дахэкIэ ягурыIуэн мурад иIэу.
Мамлюкхэр арэзы хъури, Шэхъин-бек я пашэу, къеблэгъахэщ. Пэщэм дзэхэм я еплъыныгъэр иригъэкIуэкIа нэужь, адыгэ бекхэр, дэкIыпIэ зэвым дэтхэу, чэщанэм къыдэкIыжхэрт. ЗанщIэу гъущI куэбжэ хьэлъэхэр абыхэм я гупэмкIэ щызэхуащIыж икIи блын лъагитIым я зэхуаку бэнзэвым ахэр къыдонэ. ЦIыхуу 500-м щыщу псэууэ къэнар зы закъуэщ, адрейхэр къызэтраукIащ лъагэу къытес Iэрнэутхэм, Мухьэмэд Алий и цIыхухэм.
А IуэхущIафэ шынагъуэм и хъыбарыр дуней псом щызэлъащIысат. Ягу къагъэкIыжырт урыс пащтыхь Петр Езанэр, абы шабзауэхэр зэрызэтриукIар. Бонапарт Наполеон зауэшхуэ иригъэкIуэкIахэр игъэлъапIэу зи сурэтхэм къыщызыгъэлъэгъуа франджы сурэтыщI-баталист цIэрыIуэ Верне Орас а къэхъугъэр зэрекIуэкIар къызыфIигъэщIыжри, «Мамлюкхэр зэрызэтраукIар» сурэтыр ищIауэ щытащ. Тхыдэм теухуа романхэр иджырей хьэрып литературэм япэу къыхэзыхьа Зейдан Джорджи (1861 - 1914) адыгэ мамлюкхэм ятритхыхьащ роман зыбжанэ - «Уэсмэнхэм тахътэр яубыд», «ГъэрыпIэм ихуа Мэхьди», «Мамлюкхэм я IуэхущIафэр», «Мамлюк щIэпхъуэжар» жыхуиIэхэр. Ардыдэм теухуащ Абу Хъадид Мухьэмэд 1926 гъэм къыдигъэкIа «Мамлюкым и пхъур», Дэлил Ибрэхьим «Амир Хъайдар» (1945) зыфIаща романхэр, Рамзи Ибрэхьим и «Мансурэм и лIыхъужьхэр» пьесэр (1915), нэгъуэщI тхыгъэ куэдхэри.
Инджылыз еджагъэшхуэ Дж. Камерон къызэрибжамкIэ, Наполеон къытеуэн и пэкIэ Мысырым адыгэ мамлюк мин 40 исащ. Инджылызхэр щиIэпхъукIыжа 1803 гъэм къэралым мамлюкыу щыпсэужар мин 20 къудейщ. Бекхэр зэтраукIэу унагъуэ Iэджи Iисраф ящIа нэужь, мамлюк минитIым нэст къэнэжар.
Мухьэмэд Алий и къуэрылъху Исмэхьил и тетыгъуэм ирихьэлIэу Урыс-Кавказ зауэр иухат. Псыжь Iусауэ хэкум иIэпхъукIахэм ящыщу адыгэ минищым Мысырыр екIуэлIапIэ ящI. Абыхэми псэууэ къэна мамлюкхэм къатехъукIыжа щIэблэми я цIэр фIыкIэ ягъэIуащ. Куэдым зратат дзэ къулыкъум, адрейхэм къахэкIащ «уей-уей» жезыгъэIэ еджагъэшхуэхэр, сурэтыщIхэр, архитекторхэр, тхакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, артистхэр.
«Мамлюкхэм я етIуанэ къэралыгъуэр къызэрыхъуар» лэжьыгъэм хьэрып тхыдэтх Хьэким Амин Абдел-Сайед мыпхуэдэу щетх: «Курыт лIэщIыгъуэхэм Мысырым иIа тхыдэм адыгэхэм увыпIэшхуэ щаубыд, ахэр я псэ емыблэжу Iуэхум зэрыхуэпэжым зэщIигъэстащ икIи зэщIиIэтащ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ XX лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIымрэ екIуэкIа хьэрып революцэхэр».
А лъэхъэнэхэм Мысырым щыпсэуа адыгэхэм фIыуэ ялъагъу я хэкум апхуэдизкIэ пэмыIэщIэми, я лъэпкъ напэр ягъэпудакъым - щэнхабзэ, щIэныгъэрэ литературэкIэ, зауэ хуэIухуэщIэрэ къэрал зехьэнкIэ зэфIэкIышхуэ яIэу зыкъыщагъэлъэгъуа къэралым, хэку етIуанэ яхуэхъуам, и пщIэр лъагэу яIэту, хуэпэжу къулыкъу хуащIащ.