Уи анэ къилъхуам утетхыхьыну гугъущ: абы хужыпIэфынур фIыщи, узыщытхъужу уакъыщыхъункIэ хъунущ, арщхьэкIэ а къалэныр сэ сщегъэпсынщIэ си шынэхъыжь ХьэтIутIэ цIыху нэIурыту, и IуэхущIафэхэмрэ дуней тетыкIэмрэ куэд щыгъуазэу зэрыщытам. Абы кIэрымылъаи пхукIэрылъхьэнукъым, бгъэдэлъаи пхубгъэдэхынукъым.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэ фIыуэ сыщыгъуазэт ХьэтIутIэ и жылагъуэ, политикэ IуэхущIафэхэм. «Европэм ихъуреягъкIэ» зыплъыхьакIуэм щежьэм, абы къысхуигъэнат университетыр къызэрызэригъэпэщам, абы и зэфIэувэныгъэм, и зыужьыныгъэм теухуа тхыгъэхэр зэрыт тхылъ Iувышхуэ. Абы и мурадт «ГъащIэм и нэхугъэ» фIэщыгъэр иIэу тхылъ щхьэхуэ къыдигъэкIыну. А тхыгъэхэр тхылъ телъхьэпIэм къыщытрихым, ХьэтIутIэ къызжиIат: «Ди гъуэгуанэр тенджызымкIэ кIуэцIрокI, къэхъунур зыми ищIэркъым… Сэ зыгуэр къысщыщIмэ, мы тхыгъэхэр дунейм къытегъэхьэн хуейщ».
Университетыр къызэрызэIуахар Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур зэрагъэлъэ-пIам къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэшхуэм тетхыхьахэм ящыщт ХьэтIутIи. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр Москваи Налшыки къыщыдэкIащ. Абы щыгъуэ Бэрбэчым хузэфIэкIащ урыс-адыгэ зэхущытыкIэхэм я тхыдэр къэхутэным, езыхэм яфIэфIу Урысей къэралыгъуэм хыхьа нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIухэми я гъащIэм игъуэта зыужьыныгъэр къыщыгъэлъэгъуэным щIэныгъэлIхэм гулъытэ хуегъэщIыныр.
Махуэшхуэр щагъэлъэпIауэ щытащ Москваи Къэбэрдей-Балъкъэрми. Кремлым щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ партым, правительствэм я унафэщIхэр, нэгъуэщI къулыкъущIэшхуэхэр. А пшыхьым ХьэтIутIэ къызэрыщыпсэлъар Совет Союзым и щIыналъэ псоми къыщагъэлъэгъуэжат.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, абы и цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэм фIыуэ щыгъуазэ ХьэтIутIэ Къэбэрдейр езыр фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъу махуэшхуэм зыщыхуагъэхьэзырым, университетым и къызэгъэпэщынри къыхилъхьауэ щытащ. Партым и обкомым къыбгъэдэкIыу абы КПСС-м и Комитет Нэхъыщхьэм и Президиумым зэрызыхуигъэза тхыгъэм итт Къэбэрдейр Урысейм щыхыхьа, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а махуэшхуэм и щIыхькIэ зэгухьэныгъэм хуэгъэпса фэеплъ егъэщIын, Налшык къалэ Музыкэ театр, КъБАССР-м и район псоми ЩэнхабзэмкIэ унэхэр щыухуэн, Ленинымрэ Къалмыкъ БетIалрэ фэеплъхэр яхуэгъэувын, къэрал пединститутым и пIэкIэ къэрал университет, апхуэдэу мэкъумэш техникум, колхоз унафэщIхэр щагъэхьэзыр Къэбэрдей мэкъумэш курыт еджапIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр, нэгъуэщIхэри.
Партым и Комитет Нэхъыщхьэр университетыр къызэгъэпэщыным фIэкIа къэмынэу, адрей Iуэхугъуэхэм арэзы техъуат. Ауэ ХьэтIутIэ къикIуэтакъым, атIэ ди республикэм еджапIэ нэхъыщхьэ къыщызэгъэпэщыным теухуауэ къиIэта Iуэхур зэрыпхигъэкIыным емызэшу яужь итащ. Абы теухуауэ партым и бюром зэхиша зи мычэзу зэIущIэм абы щыжиIащ: «Ди республикэм и щIалэгъуалэр зэпеуэм хэмыту къэралым и адрей вузхэм зэрыщIагъэтIысхьэнур пIалъэ гуэркIэщ. Республикэм щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щытыкIэ тэмэм щызыIэрыдгъэхьэнумэ, дэ лъабжьэ быдэ дыхуейщ - дызыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр щыдгъэхьэзырын къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIэу университет. Фигу къэзгъэкIыжынщи, 1956 гъэм ирихьэлIэу ди республикэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэу адыгэ инженеру 20, дохутыру 21-рэ, агроному, зоотехникыу, Iэщ дохутыру 28-рэ диIауэ аращ. Нэхъыбэу республикэм щылажьэр нэгъуэщI щIыпIэхэм къитша IэщIагъэлIхэрщ, уеблэмэ зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм дахущощIэ».
ХьэтIутIэ жиIэрт ар къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу гъэувын хуейуэ, уеблэмэ къилъытэрт университетыр къызэIуахыныр ямыдэмэ, абы СССР-м щыпсэу лъэпкъхэр зэрызэхуамыгъадэр къигъэлъагъуэу. «Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа щIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыналъэхэм кIуэуэ зэремысар, ахэр еджэну здэкIуэну къалэшхуэхэм зэрыщыпсэунум текIуэдэну мылъку куэдым зэрамыIэ- ри Iуэхум къыхыумылъытэу хъунукъым», - жиIэрт абы. Апхуэдэ зэдауэ гуащIэм иужькIэ IэIэткIэ унафэ къащтэну зэгурыIуащ, икIи бюром хэтхэм я нэхъыбапIэм ХьэтIутIэ и Iуэху еплъыкIэр даIыгъащ.
АдэкIэ Бэрбэчым зэригъэпэщащ зыхуеину тхылъхэр икIи Москва кIуащ. Ар яхуэзащ къэрал къулыкъущIэ цIэрыIуэхэм. А зэманым, 1957 гъэм щIышылэм и 9-м, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и указкIэ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-кIэ зэхъуэкIыным теухуауэ» унафэр къащтауэ щытащ. «Абы ипкъ иткIэ, - жиIэрт ХьэтIутIэ, - лъэпкъ IэщIагъэлIхэу республикэм хуэдгъэхьэзырынухэм я бжыгъэм хэхъуэнущ, университет къызэIухынри нэхъри Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэу къоув».
Къэрал къулыкъущIэхэм ядригъэкIуэкIа зэдауэ кIыхьхэм, псалъэмакъ куухэм яужькIэ, а зэманым къэралым и пашэу щыта Хрущёв Никитэ унафэ ищIащ партым и Комитет Нэхъыщхьэм и Президиум замыгъэгувэу зэхашэну. Хрущёв абы щыгъуэ Югославием кIуэн хуейти: «Си къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым епха Iуэхур зэфIэфх, ар къызэIухыныр къикIыу», - жиIэри ежьащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм партым и ЦК-м и Президиумым, Бэрбэчри хэту, щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм япэ университет къызэрыщызэIуахынур щаубзыху зэIущIэ. Абы хэта псоми а IуэхумкIэ арэзыуэ Iэ яIэтащ.
Зэман дэкIауэ, ХьэтIутIэ Москва ираджэри, партым и Комитет Нэхъыщхьэм и секретарым къыжриIащ: «Сынохъуэхъу, Iуэхур узэрыхуейм хуэдэу хъуащ. ТхылъымпIэхэр зэфIыхьащ. Иджы адэкIэ ар гъащIэм хэпщэн хуейщ. Хэт ар къызэзыгъэпэщыфынур? Хьэмэрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къифшыну фи мурад IэщIагъэлIхэм ректор къулыкъур ягъэзэщIэну фыщыгугърэ?» ХьэтIутIэ абы занщIэу жэуап иритащ: «Сэ псори къызэзгъэпэщынущ, а Iуэхум епха жэуаплыныгъэ псори си пщэ дызолъхьэж. Егъэджэныгъэм дызыщыхуэныкъуэну IэщIагъэлI зыбжанэ мыхъумэ, нэгъуэщI зыри къедгъэблэгъэнукъым».
Поспеловым игъэщIагъуэу жиIащ: «Уэ партым и обкомым и секретарь къулыкъу лъагэр апхуэдэ лэжьыгъэ гугъукIэ пхъуэжу, уздыIукI къулыкъущIапIэм и унафэм ущIэту улажьэмэ нэхъ къапщтэу ара?» ХьэтIутIэ жиIащ апхуэдэ Iуэхур игу къызэремыуэр, абы и дежкIэ нэхъыщхьэр къытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ етыныр зэрыарар.
Республикэм и цIыху псоми ягъэлъэпIащ университетыр къыщызэIуаха махуэр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хуича лъэбакъуэ иным и лъэпкъпсо махуэшхуэт. Университетыр къызэIуаха нэужь, ХьэтIутIэ абы и ректору ягъэуващ.
Си шынэхъыжьыр къэувыIэртэкъым зы Iуэху къехъулIа къудей щхьэкIэ. Адрейхэм къазэрыхэщ хьэлу абы хэлът зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэм запыIуимыдзу ахэр зэфIэхыным жыджэру яужь зэрихьэр. Республикэм дохутыр зэрахуримыкъур къыщищIэм, КъБКъУ-м медицинэ факультет къыщызэIуихыну мурад ищIащ. Абы пыщIа Iуэхугъэ псори зэфIигъэкIыу, медицинэ факультет университетым къызэрыщызэIуахам иужькIэ псори щыгуфIыкIащ.
И къару илъыгъуэу, и ныбжьыр илъэс 49-рэ фIэкIа мыхъуауэ, «Европэм и хъуреягъкIэ» зыплъыхьакIуэм къикIыжу, дунейм ехыжащ си къуэшыр - Москва къэсауэ Дзержинскэм и цIэр зезыхьэ утыкум деж щыт сымаджэщым и дзэм иригъэплъыну щIыхьауэ, къыхаIуа мастэр езэгъакъым…
1965 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр хэту ХьэтIутIэ иужьрей гъуэгуанэ тедгъэувэжауэ щытащ. ХэщIыныгъэшхуэт ар псом ди дежкIи. Абы щыгъуэ ди гуауэр къыддэзыIыгъахэми ХьэтIутIэ къыщалъхуа махуэм абы гукъыдэж IэфIхэмкIэ хуэупса дэтхэнэми фIыщIэ ин яхузощI.
Бэрбэчым и щапхъэм ирикIуащ гъунэгъу щIыналъэхэм я щIэныгъэлIхэри. ХьэтIутIэ зэфIигъэкIа лэжьыгъэ иным и фIыгъэкIэ адрей автоном республикэхэми университет къыщызэIухыныр, абы зегъэужьыныр нэхъ тэрэзу зэтеубла хъуащ. Абы и кхъащхьэм фэеплъ сын щыщагъэувым щыгъуэ, ХьэтIутIэ и ныбжьэгъуу, а зэманым КПСС-м и Осетие Ищхъэрэ обкомым и япэ секретару щыта Кабалоев Биляр жиIащ: «Бэрбэч ХьэтIутIэ и пщIэ лъагэр къызэрилэжьар фэ университет къызэрыфхузэIуихам и закъуэкъым. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу псоми я деж фIыщIэ ин щиIэщ а цIыху щэджащэм. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуаха нэужь, ар лъэпкъ, политикэ Iуэху нэхъыщхьэу щагъэуващ Кавказ Ищхъэрэм и автоном республикэхэм икIи абыхэм еджапIэ нэхъыщхьэ къыщызэIухыныр нэхъ тынш хъуащ. Фэеплъ мыкIуэдыжын къытхуигъэнащ абы псоми. Си щхьэр пхузогъэщхъ, фIыуэ слъагъу си ныбжьэгъу лъапIэ. Уэ пасэу дунейм уехыжащ, ауэ уи лъэпкъым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и цIыхубэм папщIэ Iуэхушхуэ куэд зэфIэбгъэкIыну ухунэсащ».
ХьэтIутIэ и фэеплъыр дохъумэ абы къыдалъхуахэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм. Абы фIэфIт и ныбжьэгъухэм, благъэ-Iыхьлыхэм я гъусэу зыгъэпсэхугъуэ зэманыр игъэкIуэну. Аушыджэр дэс ди адэ-анэм я дежи щIэх-щIэхыурэ кIуэжырт ар, ахэр Налшык къишэрти, адыгэ театрым, музейхэм зэгъусэу кIуэрт, къалащхьэм и нэгъуэщI щIыпIэ дахэхэри яригъэлъагъурт.
Унагъуэ хъарзыни иIащ ХьэтIутIэ. Абы и щхьэгъусэ Грудцинэ Антонинэ экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатт. А тIум хъыджэбзищ зэдапIащ, псоми къаухащ Москва дэт къэрал университетыр. Тамарэ политикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, Маринэрэ Иринэрэ экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Хъыджэбзхэм зэрахьэ я адэм и унэцIэр. Абыхэм я щIэблэу ХьэтIутIэ иIэщ пхъурылъхуу 6.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм теухуа щIэинышхуэ къигъэнащ ХьэтIутIэ. Абы дунейм къытригъэхьа щIэныгъэ лэжьыгъэ 40-м щIигъум нэмыщI, КъБР-м и Архив нэхъыщхьэм щIэлъщ нэгъуэщI и IэдакъэщIэкIхэри. КъБКъУ-м и архивми сэ щызэхуэсхьэсыжащ япэ ректорым и лэжьыгъэр 1957 гъэм къыщыщIэдзауэ 1965 гъэ пщIондэ къыщыгъэлъэгъуэжа дэфтэрхэр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, абы «гъащIэм и нэхугъэ» университетыр лъэужь мыкIуэдыжу къытхуигъэнащ.
КъытщIэхъуэ щIэблэм захуэзгъазэу жысIэну сыхуейт: университетыр адэкIэ зыхуэдэнур зэлъытар фэращ. Ар тыншу икIи псынщIэу къызэIуахакъым, абы и къызэгъэпэщыным Бэрбэч ХьэтIутIэ къаруушхуэрэ и гъащIэм и иужьрей илъэсхэмрэ хилъхьащ. Фхъумэ ар! ХьэтIутIэ хузэфIэкIащ КъБР-м университет къыщызэгъэпэщыныр мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр къулыкъущIэ куэдым я фIэщ ищIыфын икIи ар къызэIуихын. Дэ адэкIэ ди къалэнщ абы кърихьэжьа IуэхуфIым нэхъри зедгъэужьыну.
Лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэр.
СэмэгумкIэ щытыр Бэрбэч МутIэщ. 1911 гъэ
Аушыджэр дэт адэжь лъапсэр. 1960 гъэ
Студент илъэсхэр.
Ленинград, 1936 гъэ