Редактор нэхъыщхьэр яхъуэж«Адыгэ псалъэ» республикэ газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр. А хъыбарыр лэжьакIуэхэм жраIэну, илъэс 24-м нэблагъэкIэ газетым и унафэщIу лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд фIыщIэ хуащIыну бадзэуэгъуэм и 1-м редакцэм къеблэгъат КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэдрэ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къеджащ Жыласэ Заурбэч «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къулыкъум зэрагъэувам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэм. Жыласэм и къулыкъум ехъулIэныгъэ иIэу пэрытыну ехъуэхъуа нэужь, адэкIэ абы къыхигъэщащ газетым и зыужьыныгъэм дяпэкIэ гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIынур, псом хуэмыдэу республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газет закъуэм и тиражыр къаIэтынымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрырагъэкIуэкIынур.
Поделиться:
Читать также:
21.07.2026 - 16:15 →
Илъэс 57-рэ ипэкIэ Мазэм зэрыщетIысэхар
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
| ||






