Лъагъуныгъэмрэ нэмысымрэТхьэмахуэ блэкIам ди къэралым щагъэлъэпIащ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. Жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхугъуэшхуэм теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щекIуэкIащ ди республикэми. Абы ехьэлIа махуипщI лэжьыгъэ къыщызэрагъэпэщащ зи къалэнхэр унагъуэм, бзылъхугъэм, сабийм епха къэрал, жылагъуэ IэнатIэхэм. Республикэм и къалащхьэ Налшыки щекIуэкIащ унагъуэм и махуэшхуэр щагъэлъэпIа зэхуэсхэр. Къалэ администрацэм и унэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ пшыхьым ирагъэблэгъащ насыпкIэ Тхьэр зыхуэупса, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, зи жьэгу пащхьэм хуабагъэ дэлъ унагъуэ дахэхэм я нэхъыжьыфIхэр. Илъэс 25-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ хъуауэ зэдэпсэу, быныфIхэри зи Iэужь апхуэдэ зэщхьэгъусэхэр 20 хъурт. Абыхэм гуапэу зыхуагъэзащ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Пащты Аслъэнрэ администрацэм и ЗАГС къудамэм и унафэщI Шэру Валентинэрэ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 16:42 →
Щхьэхуитыныгъэм и зауэлI
11.08.2026 - 13:32 →
Хэкум пызыщIэ лъэмыж
11.08.2026 - 12:30 →
И гуащIи, и щIэныгъи хилъхьащ
10.08.2026 - 16:37 →
Гъуэгухэм я фIагъми елъытащ
10.08.2026 - 16:04 →
ЦIыхум и гущIэлъапсэм нэплъыс тхакIуэ
| ||





