Бзэ благъэхэм я деж
Япэу щызыхэсщIар Адыгэ лъэпкъхэм ящыщу беслъэнейхэр Псыжь адрыщIкIэ щежэх Инжыдж, Уарп, Лабэ псышхуэхэм я Iуфэхэм Iусыгъащ, нобэми аращ. КъухьэпIэмкIэ гъэза я щIы кIапэм кIахэ адыгэхэр зытеса я щIыгур гъунэгъубзэу къеуалIэу щытами, я псэлъэкIэр къэбэрдейхэм къэдгъэсэбэпым нэхъ пэгъунэгъущ. СыныбжьыщIэт ДыгъафIэ махуэрэ гъэмахуэ бжьыфIэу, школми дыкъаутIыпщауэ, псыхъуэм зыщызыгъэпсэхуну гукъыдэж зыщIа балигъхэм ныбжьыщIэ цIыкIухэр гъусэ дызыхуащIат. ДыздэкIуам нэгъуэщI зы гупми дащыIущIащ. НыбжькIэ зэхуэхъухэр дызэбгъэдашэри, дызэрагъэцIыхуащ. Адрей гупым зы щIалэ цIыкIу яхэтт, щIыпIэ жыжьэ къикIауэ. ЗэрыжаIамкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Беслъэней къуажэм щыщт. Тыншу дызэрызэдэуэршэрым гу лъатати, балигъхэм лъэныкъуэ зрагъэзащ. А махуэм цIыхугъэ схуэхъуа ныбжьыщIэм и адыгэбзэр телъыджэ сщыхъуащ, алъандэрэ зэхэсхари сызэсари къэбэрдей жыIэкIэр арати. Дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм и гугъу щыхуэсщIым, сеупщIащ: «мо къуршхэм хуэдэ фи щIыпIэхэмкIи щыIэ?» - жысIэри. Къэзгъэсэбэпа псалъэр къызэрыгурымыIуам гу щылъыстэм, згъэщIэгъуащ! Зи гугъу сщIыр къыхуэмыщIэу къыщеплъэкIым, аргуэру: «модэ мо къуршхэм хуэдэ?» упщIэм къытезгъэзащ, си IитIым языхэзыр а лъэныкъуэмкIэ сшийри. Асыхьэтуи, хьэщIэм и жэуапыр згъэщIэгъуащ: «мо къущхьэхэм хуэди? Ае! ЩыIи…» Абы щыгъуэщ япэу щызыхэсщIар «къущхьэ» псалъэм «къурш» мыхьэнэ иIэнкIэ зэрыхъунури...
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




