«Таракчы»-р «Емуз»-кIэ ихъуэжащ

УФ-м и НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Захаровэ Марие Тыркум ис адыгэхэм зэрышэрджэсыр жаIэну хуимыту, зэрыадыгэр къызыхэщ дэфтэри зэрамыхьэу лъэхъэнэ гугъу къызэрызэранэкIам и гугъу зэрищIрэ куэд щIакъым.

Дунейм щызэбгрыдза адыгэ къуэпсхэр зэшэлIэжын мурадкIэ Iуэху дахэ куэд къезыхьэжьэу екIууи зэфIэзыха, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку щызэприша лъэмыжхэм къикIуэтрэ ешрэ имыIэу зэрытетымкIэ зи цIэр дэнэкIи щыIуа Емузхэ Баязыт и адыгэ унэцIэр Тыркум щызэрихьэ дэфтэрхэм ирыригъэтхэжащ.
«Адыгэхэм я дежкIэ щэнхабзэ, тхыдэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъыцIэм, унагъуэцIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, - щетх Баязыт и гуфIэгъуэ хъыбарегъащIэм. – Шэрджэсхэр дунейм и дэнэ щIыпIэ щыпсэуми, я унэцIэхэмкIэ, я лъэпкъыцIэхэмкIэ зэрыщIэу, зэрыцIыхуу, зэпыщIауэ къокIуэкI. Зи лъабжьэр илъэсищэ Iэджэ щIауэ ди Хэкужьым къыщежьэ си унагъуэцIэр ноби зесхьэн нэхърэ нэхъ пэж сыт щыIэ? Абы къыхэкIкIэ, хэхэсым унэцIэщ жаIэу къыщытфIаща «Таракчы»-р си унэцIэ пэж «Емуз»-кIэ схъуэжащ. Мы Iуэхум си ныбжьэгъухэр си гуапэу щыгъуазэ фызощI».
 Хъыбарым хъуэхъурэ псалъэ гуапэкIэ пэджэжам я бжыгъэм къегъэлъагъуэ Баязыт къиIэтар хэхэсми хэкурысми я дежкIэ Iуэху цIыкIуу зэрыщымытыр.
 «Щапхъэ махуэрэ жьыщхьэ махуэу куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу! Епхьэжьа лъагъуэм лъэпкъыр дрикIуэн тхузэфIэкIыну Алыхьым жиIэ», - дыкъыщоджэ Баязыт къыхуэгъэза хъуэхъухэм я зым. «Дынохъуэхъу тэрч лъэныкъуэ лъэпкъ къудамэхэм яз Емузхэ ящыщ узэрыхъужамкIэ!» - зыкъыхуегъазэ адрейм. «КъыпщIэхъуа щIэблэм уи адэжьхэм я унэцIэ дыдэр зэрахьынущ иджы уи фIыгъэкIэ», - нэхъ жыжьэ мэIэбэ ещанэр.
 Емуз Баязыт илъэс куэдкIэ «Хуитыныгъэ» радиом щылэжьащ, МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр тыркубзэкIэ зэридзэкIащ. КъеббжэкIыну зэман пхурикъунукъым Емузхэ я къуэм хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпищIэн папщIэ игъэхъея Iуэхухэр, я нэхъ цIыкIур Кахраманмараш и Iэгъуэблагъэм зыщызыубгъуа Тырку джылахъстэней жылагъуэм щыщ сабийхэр адыгэбзэ зэрыригъаджэрауэ.
 Дэри ди лъэпкъэгъу гуащIафIэм дохъуэхъу зи псэ игъэтыншыжа и адэжьхэмрэ зи щхьэр лъагэу зригъэIэта и щIэблэмрэ зэрызэкIэришхэжа и гупыжым ифI псэуху къекIыну, унэцIэр къыщежьа Хэкужьым псэкIэ зэрырипхым хуэдэу, щхьэкIи пищIэжыну.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: