Фэ фщIэрэ?

Кхъуейм сыт хуэдиз и ныбжь?

Мы шхыныгъуэ хьэлэмэтыр куэд дыдэ щIауэ цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. Ауэ зыми ищIэркъым абы сыт хуэдиз ныбжь иIэми. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм алыдж еджагъэшхуэ, философ цIэрыIуэ Аристотель иубзыхуауэ щытащ кхъуей зэрыхах щIыкIэр. Ауэ Урысейм ар къыщысар ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ абы и щэхухэр илъэсищэ зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм зэращIэр.

МелыIычхэм кърагъэлат

Америкэм щыщ еджагъэшхуэ - физик Вуд Роберт лажьэурэ ешати, мурад ищIат мэзым кIуэуэ тIэкIу зигъэпсэхуну. Мэзым щIэту здэкIуэм, и пхъум и макъ зэхихащ: «Папэ, адэкIэ умыкIуэ, къэувыIэ!» Роберт къэувыIащ, зиплъыхьащ, ауэ къеджар къыхуэгъуэтакъым. Ежьэжри, зы лъэбакъуэ фIэкIа ичатэкъым, метр зыщыплIкIэ нэхъ пэмыжыжьэу щыблэ къыщыуам икIи жыг абрагъуэр щызэгуихам. МелыIычхэм кърагъэлауэ аращ жаIар.

И насыпти…

Инджылызым и правительствэм и Iэтащхьэу щыта Черчилль Уинстон куэди къыщыщIырт, куэдми къелащ. Мис абыхэм ящыщ зы. 1941 гъэм и бжьыхьэм зенит батареем и Iуэху зытетыр зригъэлъагъуну кIуат. Псори зэфIэкIауэ машинэм къыщитIысхьэжым, и хъумакIуэм машинэм и пэ бжэр премьерым хуIуихащ. «УимытIысхьэ» къыжриIэу зы макъ гуэр зэхихащ абы. ИтIанэ и щIыбагъ бжэмкIэ итIысхьащ. Машинэр ежьэну хунэсатэкъым ипэмкIэ бомбэ къыщыуам. Шофёрри премьерым и хъумакIуэри иукIащ, езы Черчилль къелащ.

Дунейм и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэр

Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) 1502 гъэм португалхэм ухуэн щIадзащ. Иджыпсту абы цIыху мелуани 10 хуэдиз дэсщ, тенджыз порт, аэропорт инхэр, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я центрхэр, дуней псом щынэхъ ин дыдэ стадион щыIэщ. «Мараканья» стадионым цIыху мин 22-рэ йохуэ. Къалэм щыкуэдщ музейхэр, театрхэр, еджапIэхэр, тхыдэм, архитектурэм я фэеплъхэр, тенджыз Iуфэ зыгъэпскIыпIэхэр. Дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэми езы Бразилиеми къикIыу махуэ къэс мы къалэм цIыху мелуанищым нэс къокIуэ.

Уасэр къыщежьар

Пасэрей алыдж тхыдэтх Геродот (ди эрэм и пэкIэ 490 - 425) зэритхыжамкIэ, пасэрей Иллирим (Балканхэм щыIа къэралыгъуэщ) хабзэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIырт. Зи дэкIуэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр ящэхурт. Абдежым уасэр къыщежьауэ хуагъэфащэ.

Дыгъэмрэ ЩIымрэ

Фэ фщIэрэ Дыгъэм и радиусыр ЩIым ейм нэхърэ хуэди 109-кIэ, и щхьэфэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 1.300.000-кIэ, и хьэлъагъыр - хуэдэ мин 330-кIэ зэрынэхъ иныр? Дыгъэм и хьэлъагъыр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планети 9-м я хьэлъагъым нэхърэ хуэдэ 750-кIэ зэрынэхъыбэр? Ар нэхъ тэмэму къыбгурыIуэн щхьэкIэ, мыпхуэдэ щапхъи къэпхь хъунущ. Зы хъарбызышхуэрэ хугу хьэдзэ цIыкIурэ зэбгъэдэплъхьэмэ, сыт хуэдэу зэхуэхъурэ? Апхуэдэщ Дыгъэмрэ ЩIымрэ.

 

Поделиться:

Читать также: