|
|
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ
23 июля, 2021 - 10:01
Узыншагъэ
Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти, и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу ирагъэгъэлъэтэхырт. Хуэмышхыу Iумпэм ищIмэ, ягъэвэпхъырт.
* * *
ХьэлIамэ кIупIинэм шэ хуабэ, шху дэпшхреймэ, абы Iэпкълъэпкъым хэлъ шлакхэр къыхегъэкI, напIэ зэлъахэри егъэхъуж.
* * *
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ гуэдзым къыхэщIыкIа кIытэ я жьэм жьэдалъхьэри, ягъэныщкIуурэ жьэдагъэлъ, яхуэшэчыху, итIанэ къыжьэдадзыж. Апхуэдэурэ илъэсым къриубыдэу тхуэ, хэ ящI.
* * *
Дзэр быдэ хъун щхьэкIэ щыгъуэлъыжкIэ бжьыныху къикIыкIа хьэдзэ зы-тIу ягъэныщкIури, яхуэшэчыху жьэдагъэлъ, итIанэ къыжьэдадзыж. Абы и ужькIэ нэху щыху зыгуэр пшхыи, уефи, уи дзэр плъэщIыжи хъунукъым.
* * *
Тэмакъыдзэр адыгэм зэригъэхъужу щытар: адыгэ бжьыныщхьэ гъэвар сымаджэм жьэдрагъалъхьэрти, пщтыру жьэдагъэлът упщIыIуху, Iэмал иIэмэ пэкIэ ягъэбауэурэ. Апхуэдэурэ махуищ-плIыкIэ зрагъэхьэлIэрти, сымаджэр хъужырт. ЩащIыр гъуэлъыжыгъуэм дежт.
* * *
Махъсымэ, мэрэмэжьей ящIу къэна кIэрыхубжьэрыхухэри адыгэм къигъэсэбэпу щытащ: къапщтэмэ, ахэр я напэм щахуэрти кIэрагъэлъырт, дахэ ещI, нэкIу къилъэлъ-сытхэр егъэкIуэд жаIэрт. Абы нэмыщI псы хуабэкIэ зэIыпхыу зрибгъэпскIынуи сэбэпышхуэщ.
* * *
Жьэн уз зыпкърытхэм, зи тхьэмбылым щIыIэ хыхьахэм я дежкIэ сэбэпышхуэщ кIытэ защIэкIэ щIа махъсымэ ефэну, абы нэмыщI, нэкIу зэлъахэм зрегъэукъуэдииж, нэхъ гъур уещI, лъыри егъэкъабзэ.
Къубатий Борис.
|