Гъуэгуанэ шынагъуэншэ тоувэ

«Курорт - 2021» фIэщыгъэм щIэту Прохладнэ гъущI гъуэгу станцым Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ.

Гъэмахуэм зыгъэпсэхуакIуэ кIуэну гъуэгу теувэхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпыр гъущI гъуэгу транспортырщ. Куэдым я бынхэр ящIыгъущ, уа­теплъэкъукIынкIэ Iэмал имыIэу. Аращ сабийхэмкIи балигъхэмкIи станцхэр шынагъуэншэу щытыным теухуа лэжьыгъэ щхьэхуэ щыIэн хуейуэ къыщIалъытари.
Мы Iуэхум хэтащ Прохладнэ гъущI гъуэгу станцым и унафIэщIхэр, хабзэ­хъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Ахэр дунеяплъэ ежьахэм епсэлъащ транспортым щызекIуэн хуей хабзэхэмрэ шынагъуэн­шагъэ мардэхэмрэ ятеухуауэ. Епсэлъа къудей мыхъуу, хуагуэшащ гъуэгу техьэхэм ящIапхъэ псори зэрыт тхылъ цIыкIухэр.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: