Мы гъэм япэу къызэрагъэпэща Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» урысейпсо зэпеуэм фрагъэблагъэ.
Зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэным хэтыну гупыж зыщIхэм фи лэжьыгъэ-хэр бадзэуэгъуэм и 31 пщIондэ къыфIахынущ. Абы щытекIуэхэр ягъэлъэпIэнущ щэкIуэгъуэм и 4-м, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм, ирихьэлIэу. Зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ Урысейм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр къагъэнэIуэну, лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэну.
ЦIыху щхьэхуэхэм я мызакъуэу, зэпеуэм гупхэри, теле, киностудиехэри я зэфIэкI щеплъыж хъунущ. Видеонэтынхэр IуэхугъуитIым теухуащ: «Урысейм ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр», «Лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр». Езыр-езыру гупыж зыщIа цIыху щхьэхуэхэм зэхьэзэхуэм хэтынухэм я лэжьыгъэр анимацэ, репортаж е документхэр зи лъабжьэ нэтынхэу ягъэхьэзыру бадзэуэгъуэм и 31 пщIондэ мыконкурс.рф. сайтым ирагъэхьын хуейщ.
ФокIадэм и 15-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 30 пщIондэ гупыж зыщI дэтхэнэри хэт хъунущ зэпэIэщIэу ирагъэкIуэкIыну цIыхубэ IэIэтым. Нэхъыбэ къэзыхьращ зи лэжьыгъэр нэхъыфIу къалъытэнур. Апхуэдэу нэтынхэмрэ фильмхэмрэ я фIагъыр зыхуэдэр къагъэлъэгъуэнущ къэпщытакIуэ гупым хэтхэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIынущ нэтынхэм лъэпкъ щэнхабзэмрэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ къызэрыхэщым, нэтынхэм я фIагъым. Зэпеуэм щытекIуэхэм иратынущ дизайнерхэм ягъэхьэзыра «Мы» статуэткэмрэ ахъшэ саугъэтрэ.
Ягъэхьэзырыну лэжьыгъэхэм я фIагъым хагъэхъуэн папщIэ зэпеуэр зи жэрдэмхэм ягъэхьэзыращ дерсиплIу зэхэт видеокурс. А мастер-классхэр щызэхуэхьэсащ «Мы» зэпеуэм и YouTube-каналымрэ «Ноль Плюс» онлайн-кинотеатрымрэ. КъищынэмыщIауэ, киномрэ анимацэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм зэпеуэм ирагъэхьыну нэтынхэр зэрагъэхьэзырынум теухуа вебинархэр ирагъэкIуэкI.
Зэхьэзэхуэм и зы Iыхьэщ «Фотофлешмоб «МЫ» Iуэхур. Абы хыхьэу зэхуахьэсынущ Урысейм щыпсэу лъэпкъ лIэужьыгъуэхэм я нэхэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр. ИужькIэ абыкIэ видеонэтын гъэщIэгъуэн зэхагъэувэжу ИнтернетымкIэ, щIыналъэ, федеральнэ телеканалхэмкIэ зэбграгъэкIыну я мурадщ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм «и теплъэр» къыщыгъэлъэгъуауэ. Зэхьэзэхуэм хэтхэм цIыху щхьэхуэхэм я нэхэр ину къищу сурэт трахыу къызэгъэпэщакIуэхэм хуагъэхьын хуейщ, а нэр зейр зыщыщ лъэпкъыр къагъэлъагъуэу. Ар wekonkurs@gmail.com пощтымкIэ ирагъэхь хъунущ, «Фотофлешмоб МЫ-2021» жиIэу щхьэхуэу къыхэгъэщауэ.
«Мы» проектыр къыхэзылъхьахэм я къалэн нэхъыщхьэр - Урысейм ис лъэпкъхэр нэхъри зэкъуагъэувэнырщ. «Абы и фIыгъэкIэ гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэм теухуауэ нэхъыбэ зэдгъэщIэфынущ, Урысейм ис лъэпкъхэм я теплъэр дуней псом щыдгъэлъэгъуэфынущ», - жиIащ проектыр зи жэрдэм Данн Николай. - Къыхэгъэщыпхъэщ иджыпсту Урысейм лъэпкъ лIэужьыгъуи 190-м щIигъу зэрыщыпсэур. Мыконкурс.рф сайтымкIэ зыхэбгъэгъуазэ хъунущ 2010 гъэм ирагъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм тету лъэпкъ щхьэхуэр зэрыхъу бжыгъэм теухуауэ къыщыхьахэм. Апхуэдэу лъэпкъхэм ящыщ цIыху щхьэхуэхэм я сурэтхэри зэхуахьэсащ.
Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» зэпеуэр къызэрагъэпэщащ «Иджырей гъуазджэхэмкIэ федерацэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, «Ноль Плюс» онлайн-кинотеатрым, лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм. Зэхьэзэхуэр Урысей Федерацэм и Президентым и грантым къыпэкIуа ахъшэ саугъэтымкIэ ирагъэкIуэкI.
Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» урысейпсо зэхьэзэхуэм теухуа тхыгъэхэм нэхъ зыубгъуауэ зыщывгъэгъуазэ хъунущ мыконкурс.рф сайтым.