«Пшы» - «Псы»«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы ди тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
«Пщыхьэ» - псыцIэщ. Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэринэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ щыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ. «Пшышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» - жыхуиIэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




