ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Уэздыгъейм и сэбэпынагъыр

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, уэздыгъей мэзым и хьэуар дэбгъуэн щымыIэу къабзащэщ (зы кубометрым зэран хъу бактерие лIэужьыгъуэу 200-300 хуэдиз фIэкIа къыхагъуэтакъым – ар мащIэ дыдэщ).

Уэздыгъей, псей мэзхэм къыщыпкIухьыным псантхуэм къытегуплIа мыхъумыщIагъэхэр щхьэщех, псэм зрегъэгъэпсэху, Iэпкълъэпкъыр и къарущIэхэр къызыкъуихыным хузэтреухуэ. Апхуэдэ «зекIуэхэр» псом хуэмыдэу яхуэщхьэпэнущ тутынафэхэмрэ махуэр зи кIыхьагъым лэжьапIэм щIэсхэмрэ.

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, уэздыгъей жыг лIэужьыгъуэхэр цIыхум дежкIэ апхуэдизу сэбэп зыщIыр абы зэран хъу микроорганизмхэр зыукI фитонцидхэр къызэралэжьырщ. Псалъэм папщIэ, абыхэм яукI жьэн узыр къэзыгъэхъейхэри. Уэздыгъей мэзым щIэт хьэуамрэ махуэ къэс дызэрыбауэмрэ зэбгъапщэмэ, етIуанэр уеблэмэ цIыхур зыукIыу къалъытэ дохутырхэм.

США-м и щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм кърикIуа нэгъуэщI IуэхуфIхэри хэIущIыIу ящIащ – а жыг лIэужьыгъуэхэм къапыкIэ уэздыгъей шыкIуртIымым щхьэ куцI узыфэ зиIэхэри егъэхъуж, инсульт хъуахэр нэгъунэ.

Уэздыгъейм хэлъ витаминхэри куэдкIэ йофIэкI аптекэхэм щIэлъхэм - В, С, А, Е, К, Р жыхуэтIэхэмкIэ къулейщ ар. Мэзым щIэт жыгхэм я мызакъуэу, къраупщIыкIа нэужьи уэздыгъейр икъукIэ сэбэпщ – абы и пхъэм хэлъщ цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыгъэкъабзэ дигидрокверцетин жыхуаIэр.

Нобэ

♦Къаплъэным и дунейпсо махуэщ

♦Молдавием и Конституцэм и махуэщ

♦Румынием и лъэпкъ гимным и махуэщ

♦1696 гъэм урысыдзэхэм яубыдащ Iузэв тырку быдапIэр.

♦1836 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж и Вагъуэм и утыкум (иджы абы зэрехьэ Шарль де Голль и цIэр) къыщызэIуахащ Триумфальная арка зыфIаща ухуэныгъэ телъыджэр.

♦1924 гъэм УI гъэмахуэ Олимп джэгухэр зэрыщымыIэнум теухуа унафэ къащтащ. Ахэр Германием щызэхэтын хуеят, ауэ Япэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеям и зэранкIэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIауэ щытакъым.

♦1936 гъэм СССР-м и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм къыдигъэкIащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэм теухуа положенэм и унафэр.

♦1942 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ къащтащ Суворовым и орденым и нагъыщищри, Кутузовым и орденым и нагъыщитIри, Невский Александр и орденыр.

♦1948 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ ХIУ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 24-м зэхуащIыжащ.

♦1963 гъэм япэу уэгум ихьащ цIыхухэр къызэрырашэкI Ту-234 кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэщIэр.

♦1974 гъэм, СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым и унафэщI Андропов Юрий и унафэкIэ, терроризмэм ебэныным хуэгъэпса «Альфа» гупыр къызэрагъэпэщащ.

♦1990 гъэм Калинин къалэм фIащыжащ нэхъапэм зэрихьа Тверь цIэр.

♦1997 гъэм адыгэ пхъурылъху, Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий Бен-Хъусен «Кабардинка» ансамблым хэтхэм яIущIащ.

♦198й гъэм зэхэтащ инджылыз пащтыхьыкъуэ Чарльзрэ Спенсер Дианэрэ я хьэгъуэлIыгъуэр.

♦1817 гъэм къалъхуащ дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI Айвазовский Иван (и цIэ-унэцIэ дыдэр Ованес Айвазянщ).

♦1925 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым щэнейрэ и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кадочников Павел.

♦1938 гъэм къалъхуащ Абхъазым щыщ еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Абхъазым щIэныгъэхэмкIэ и академием и президент Шамбэ Тарас.

♦1942 гъэм къалъхуащ щIэныгъэлI, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэкъун Барэсбий.

♦1945 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.

♦1947 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ дзэ къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ ФIыщIэ хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан.

♦ 1954 гъэм къалъхуащ совет, урысей композитор, уэрэджыIакIуэ, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Крутой Игорь.

Дунейм и щытыкIэнур

 

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 18 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Шыдыр фызышэм щраджэм, «Пхъэ къэхьын хуей хъунщ», жиIащ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также: