Гулъытэ щхьэхуэ хуащIДи республикэм щэщIауэ щолажьэ УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэр. Абыхэм ящыщу зыужьыныгъэ нэхъ ин зыгъуэтахэм ящыщщ «Егъэджэныгъэр». Абы къызэщIеубыдэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, гъэсэныгъэ етыным зи IэщIагъэр езыпха лэжьакIуэхэм я пщIэр жылагъуэм щыгъэбыдэным, IэнатIэр егъэфIэкIуэным, еджакIуэм бгъэдалъхьэ щIэныгъэм и фIагъыр къэIэтыным, нэгъуэщI куэдми ехьэлIа унэтIыныгъэхэр. А проектым ипкъ иткIэ ягъэзэщIапхъэу иужьрейуэ къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къозыт колледжхэм, техникумхэм щеджэ студент гупхэм я унафэщIхэм (кураторхэм) я улахуэм ахъшэ дэщIыгъун зэрыхуейр. УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Iэ зытридза Указым ипкъ иткIэ, а Iуэхугъуэм хухахынущ сом меларди 2,79-рэ. А мылъкум щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъысынущ мелуани 9,2-рэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




