НыбжьыщIэ 500 щIэхуэнущДи республикэм гулъытэшхуэ щыхуащI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным. Абы и щыхьэтщ иужьрей лъэхъэнэм зы илъэси къэмынэу ди щIыналъэм школыщIэхэмрэ сабий гъэсапIэщIэхэмрэ зэрыщаухуэр, къызэрыщызэIуахыр. ЩIэблэм щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ тэмэмрэ егъэгъуэтыным хуэгъэпсащ зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызэгъэпэщауэ зи бжэхэр хуиту къызэIузых апхуэдэ IуэхущIапIэхэр. Мыгувэу иджыри зы ухуэныгъэщIэ щаублэнущ Аруан щIыналъэм. Нарткъалэ щаухуэну школыщIэм епха лэжьыгъэхэм мы гъэм щIадзэнущ. Абы текIуэдэну мылъкур ди республикэм къыIэрыхьащ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым мы махуэхэм Iэ зыщIидза дэфтэрым ипкъ иткIэ. IуэхущIапIэщIэм и проектри ар щаухуэну щIыпIэри наIуэ къащIакIэщ. А ухуэныгъэр хеубыдэ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэу 2021 - 2023 гъэхэм ятещIыхьам. Къыхэдгъэщынщи, къэкIуэну илъэситI-щым къриубыдэу ди республикэм иджыри къыщызэIуахынущ еджапIэщIэу 6. Абыхэм ящыщу 3-р мы гъэм яутIыпщыну я мурадщ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, Шэджэм къалэм щаухуа, школакIуэ 500 зыщIэхуэну курыт школыр, Солдатскэ станицэмрэ (тIысыпIэ 250-рэ) Ново-Ивановскэ къуажэмрэ (тIысыпIэ 440-рэ) дащIыхь курыт еджапIэхэр. КъэкIуэну илъэсым зэфIэкIынущ Прохладнэ къалэм, Куба жылэм щылэжьэну школыщIэхэм я ухуэныгъэр. Абыхэми екIуэлIэнущ псори зэхэту сабий 1285-рэ. Иджыпсту ди республикэм щылажьэ курыт школхэм я нэхъ иныр 2019 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щыта еджапIэ №33-ращ. Абы йокIуалIэ ныбжьыщIэ 1224-рэ. КъэкIуэну зэманым къалащхьэм иджыри щаухуэну я мурадщ еджапIищ, школакIуэ 1500-рэ зыщIэхуэни яхэту.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




