ГъэпцIакIуэхэм защыфхъумэКъБР-м щыIэ МВД-м къет 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м Урысейм МВД-м и Управленэу (УМВД) Налшык къалэм щыIэм зыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэум. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, а махуэм имыцIыху гуэр къэпсалъэри, къыжриIащ банкым и лэжьакIуэу, и ахъшэр гъэпцIакIуэхэм ящихъуэмэн папщIэ и счетым илъ сом 4I 500-р къыхуигъэлъагъуэ абонент номерхэм ирилъхьэну. КъыжраIар ищIэри, лIым и ахъшэр ирагъэкъэбзыкIащ. А махуэ дыдэм апхуэдэ лей къытехьащ Прохладнэ къалэм щыпсэу, илъэс 59-рэ зи ныбжь цIыхубзым. НэпцI-банкирым жиIар и фIэщ хъури «резерв-счетым» ирилъхьащ абы иIэ сом 55 000-р, адэкIэ гъэпцIакIуэм жиIэр игъэзащIэурэ, кредиту кърагъэщта сом 180 000-р терминалымкIэ абонент номерхэм яхуригъэхьащ. Илъэс 80 зи ныбжь прохладнэдэс цIыхубзыр нэхъ губзыгъэу къыщIэкIащ. Къэпсэлъам жиIэхэмкIэ Iуэхур зытетыр къыгурыIуэри, телефоныр трилъхьэжащ, и мылъкури къыхуэнэжащ. Ново-Ивановскэ щыщ илъэс 35-рэ зи ныбжь цIыхубзым гъэпцIакIуэм дзыхь хуищIри къыхуигъэлъэгъуа «резерв счетым» сом 56 127-рэ ирилъхьащ. Псоми ятеухуа уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ. Полицэм фигу къегъэкIыж: Банкым и лэжьакIуэхэм клиентым зэи хуагъэлъагъуэркъым я ахъшэр яхъумэн папщIэ «счет хъумам» ягъэкIуэну. ЦIыхур къэпсэлъам едаIуэу, абы къыжриIар игъэзащIэ хъунукъым. Картэм е счетым ехьэлIа гугъуехь гуэр къэхъумэ, банкым и лэжьакIуэхэм къывжаIэнущ кредит организацэм и къудамэ нэхъ фпэгъунэгъум фыкIуэу абдеж Iуэхур щызыхэвгъкIыну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




