Хущхъуэ езыхэм къащэхужыну хуит ящI

УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм сымаджэщхэр хуит ищIащ абы щIэлъхэм хущхъуэ кърагъэщэхуми хъуну. Нэхъапэм сымаджэм къищэхуа хущхъуэкIэ ягъэхъужмэ е псапащIэ фонд гуэрым къахуихьмэ, тезыр тралъхьэу щытащ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэм.

«А унафэр узыщыгуфIыкIынщ, - жиIащ Урысейм и педиатрхэм я зэгухьэныгъэм хэт Малых Дмитрий. - Зым и дежкIи щэхукъым къэрал медицинэ страховкэм сымаджэр зыхуей хъу хущхъуэ псори зэрыхэмыхьэр. Абы къыхэкIыу езы сымаджэхэм е къадэIэпыкъу фондхэм къащэху апхуэдэ хущхъуэхэр».

Малых зэрыжиIамкIэ, псоми ящIэ сымаджэм хущхъуэ къызэрыхуагъуэтыр, ауэ ар дохутырым къигъэсэбэпыну хабзэкIэ зэрыхуимытыр. Абы къыхэкIыу дохутырхэм зыгуэрурэ хэкIыпIэ къагъуэтырт, уеблэмэ хабзэр къыщызэпауд къэхъуу, сымаджэр зыхуейр ирахьэлIэрт. Къыщыхъу щыIэт страховкэм хыхьэ хущхъуэр сымаджэщым щимыIи, ауэ щыхъукIи ар икIэщIыпIэкIэ сымаджэм ехьэлIэн хуейуэ.

Иджы хабзэм халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэм дохутырхэми сымаджэхэми Iуэхур нэхъ тынш ящищIынущ, сымаджэщым яIэр зи узыншагъэр зэфIэзыгъэувэжым ирахьэлIэнущ, ямыIэр, езым къищэхужынущ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: