ЦIыху псэ къабзэхэр иджыри мащIэкъымЯгъэджэгу лотерейхэмкIэ ахъшэшхуэ къэзыхьхэм я хъыбар щIэх-щIэхыурэ къоIу - насыпырыхьым зи кIэн къыщикI куэдым яхуэбзыщIыркъым къайуэлIа хэхъуэр. США-м хыхьэ Массачусетс штатым щыпсэу Фиегэ Леа иджыблагъэ къыщыщIам хуэдэ щытыкIэ къихутэхэри мащIэкъым - тыкуэным къыщищэхуу игъэджэгуа билетым зыри къимыхьауэ къыщыхъущ, ар и жагъуэ хъужщ, «кунэфу» къилъыта и билетыр абдеж къыщигъанэри къыщIэкIыжащ. Тыкуэныр зей Шах Абхи тхылъымпIэ кIапэ цIыкIур къищтэри, аргуэру зэхуеплъащ къахьэхуахэр къыщыгъэлъэгъуа таблицэмрэ абырэ. Ар къигъэуIэбжьащ илъэгъуам - билетым сом мелуан къихьат. Абхи зэрыжиIэжамкIэ, ар гуфIэгъуэм къызэщIиIэтэри, уеблэмэ хитIэ-хисэу къэфащ, зэрымыщIэкIэ къыхэхъуа мылъкушхуэр зытригъэкIуэдэнухэм ятригуашэуи хуежьащ. ИужькIэ цIыхухъур зыщIэгупсысыжащ икIи и Iыхьлы нэхъыжьхэм ечэнджэщащ ищIэнумкIэ. Абыхэм зэрыжаIам арэзы техъуащ щIалэри - хьэкът мелуаныр езым зэримейр икIи ар зрихьэлIэну хуиттэкъым.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




