«Ищхъэрэ» автовокзалыщIэр къызэIуахащ![]() Ухуэныгъэ Налшык дэлъэдапIэм щаухуа автовокзалыр иджырей мардэм изагъэу, «Туризмым щIыналъэм зыщегъэужьын» федеральнэ программэм хыхьэу ящIащ. Ар шыщхьэуIум и 14-м къызэIуахащ. Лэжьыгъэр и кIэм нэсыху зэрекIуэкIым и нэIэ тригъэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. ЩIыуэ гектариплIым нэблагъэ зиIэ автовокзалым хэтынущ автобусхэм ущежьэ пэшышхуэ, анэхэмрэ сабийхэмрэ къахузэрагъэпэща, медицинэ хуэIухуэщIэм ипэшхэр, полицэм хухэха IуэхущIапIэ. Вокзалым къытехьэну цIыхухэм я Iуэхур нэхъ тынш ящIын папщIэ, къалэм цIыху къыщызешэкI транспортыр автовокзалым кIуэуэ ящIащ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мы автовокзалым и фIыгъэкIэ нэхъ мащIэ хъунущ автомашинэу минищым нэблагъэ щызекIуэ къалэ уэрамхэм щызэтрихьэхэр.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





