Тхьэдотэ къыдоплъри, къызэрыдэплъ ди пIалъэщ

Мэздэгу адыгэхэм я псалъалъэ

Бжор адэ – чыристан хабзэм къызэригъэувымкIэ, къалъхуагъащIэ сабийм щыхьэт адэ хуэхъум зэреджэр аращ.
Бжор анэ – чыристан хабзэм къызэригъэувымкIэ, къалъхуагъащIэ сабийм щыхьэт анэ хуэхъум зэреджэр аращ.
Бжорашхэ – сыт хуэдэ дин ефэ-ешхэми жорпежьэ хуащIу щытащ, урысыбзэкIэ «крестное осенение» жыхуаIэр. Аращ бжорашхэкIэ зэджэр.
Бжоргъэхъей – унагъуэм исми, итми, псэущхьэу яIэми жор щытращIэкIэ, апхуэдэу йоджэ.
Бжордэх – дин махуэщI махуэ гуэрым и цIэкIэ тхьэнапэхэр яIыгъыу цIыхухэм жылэм и хъуреягъкIэ къыщакIухькIэ, бжордэх ящI, жаIэ. УрысыбзэкIэ «крестный ход» жыхуаIэращ.
Бжоркъут – дин хуэIухуэщIэхэм щыщ зы Iуэхугъуэщ, удж лIэужьыгъуэ хэту.
БжорыIуэ – чыристан диным гъуэгущхьэхэм жор трагъэувэу я хабзэщ. Мис а щIыпIэхэращ апхуэдэу зэджэр.
Бжорыкъуэ – динкIэ щыхьэт адэ-анэм къуэ пэлъытэ яхуэхъуа щIалэ цIыкIум зэреджэ, урысыбзэкIэ «крестник» жыхуаIэращ.
Бжорыпс – жорыр зыхагъэуа псы, урысыбзэкIэ «святая вода» жыхуаIэращ.
Бжорыпхъу – динкIэ щыхьэт адэ-анэм пхъу пэлъытэ яхуэхъуа хъыджэбз цIыкIум зэреджэ, урысыбзэкIэ «крестница» жыхуаIэращ.
Къут – фэрэкI узыр зыщIэкIахэм папщIэ шыкIуртIым теплъэ иIэу мэздэгу нанэхэм Созэрэщ и цIэкIэ ягъэхьэзыру щыта дагъэрыжьэ лIэужьыгъуэ. Фошыгъупсым нартыху хьэжыгъэ гъэжьар хакIутэрти, IэшкIэ ягъэджэрэзыжыр къут хъурт.
Къутаджэ – къут ягъажьэу тхьэлъэIу зэрызэхашэнум и хъыбарыр жылэм яхэзыгъаIуэм щхьэкIэ жаIэ.
Къутамэ – къутыр IэщIэлъу ягъэхъуахъуэ нанэм апхуэдэу йоджэ.
Къутбий – фэрэкI узыр зыщIэкIа сабийм къут Iэнэр хуагъэувауэ, ауэ езыр мыхъужыпэу плъыржьэр щыщIэхъукIыж къэхъурт. «Къутбийр зэуакIуэ къежьащ», жаIэрт, къытезыгъазэ узыфэм щхьэкIэ.
Кхъэдэх – IутIыжыр зэфIэкIа нэужь чыристан адыгэхэр кхъэм докI я адэ-анэхэм, я Iыхьлыхэм я кхъащхьэр ягъэкъэбзэну, тхьэ щахуелъэIуну. ДжэдыкIэ лахэр кхъащхьэм телъхьэныр хабзэщ мыпхуэдэм деж.
Лыубыд – Мархъуэм ипэ къихуэ махуэм апхуэдэу йоджэ, лы зыхэлъ шхыныгъуэхэр яшхри, махуэ плIыщIкIэ Iэрэ жьэрэ абы зэрыхуамыхьынумкIэ тхьэлъанэ ящIри, къыкIэлъыкIуэ махуэм чыристанхэм я нэщIым йохьэ.
Мархъуэ – чыристан диным итхэм яубыд нэщIым апхуэдэу йоджэ.
МерэмыIу – Хьисэ бегъымбарым и анэ Мерэм дунейм щехыжа махуэм аращ зэреджэр.
Сырмей – чыристан диным ит адыгэхэм Мархъуэр къэмыс щIыкIэ тхьэмахуэкIэ ирагъэкIуэкI дауэдапщэхэм аращ зэреджэр, урысыбзэкIэ «Масленица» жыхуаIэращ.
СырмэтI – сырмей дауэдапщэхэм я иужьрей махуэр.
Тхьэдотэ – Тхьэшхуэ, Тхьэуэ дунейр зи IэмыщIэ илъ, жыхуиIэщ. Тхьэдотэ къоплъэри, къызэрыдэплъ ди пIалъэщ, жаIэ.
Тхьэнанэ – Хьисэ бегъымбарым и анэ Мерэм зэреджэ цIэщ, урысыбзэкIэ «Богородица» жыхуиIэращ.
Тхьэшхуэхьыж – Хьисэ бегъымбарыр уафэм щыдрахьеижа махуэм аращ зэреджэр, урысыбзэкIэ «Вознесение» жыхуаIэращ.
Уэлбэн – тхьэнапищим адыгэбзэкIэ аращ зэреджэр, урысыбзэкIэ «Троица» жыхуаIэращ.
Хьэдэблыущий – дунейм ехыжар щIалъхьа нэужькIэ махуиблкIэ ягу къагъэкIыжу абы и Iыхьлыхэм къаIэт Iэнэмрэ дауэдапщэ зэхыхьэмрэ апхуэдэу йоджэ.
ЩIызей – жэщтеуэ. Чыристан адыгэхэм мы псалъэр къазэрыгурыIуэр урысыбзэкIэ «домовой» жыхуиIэ мыхьэнэр щIэлъущ.
IутIыж – урысыбзэкIэ «Пасха» жыхуиIэращ. Мэздэгу адыгэхэм ехьэжьауэ ягъэлъапIэ махуэщIщ.
 

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: